8 СТАТЬЯР
«ЗыфшыІэ икІи фымыжейуэ фысакъ!»
«ЗыфшыІэ икІи фымыжейуэ фысакъ!» (1 ПЕТ. 5:8).
144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дунейм и кІэухым теухуауэ сыт Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІар икІи сытым ахэр хуигъэуша?
ХЬИСЭ МЭССИХЬ яукІыным махуиплІ иІэу абы и гъэсэнхэр къыбгъэдыхьэри, къеупщІащ: «Мы дунейм и кІэухыр къызэрыкІуэнум и нэщэнэхэр сыт?» (Мт. 24:3). Абыхэм къащІэну хуейт Ерусалим къалэмрэ Алыхьым и Унэшхуэмрэ дапщэщ зэтракъутэнуми. Хьисэ абыхэм я упщІэми жэуап иритащ, дыщыпсэу дунейм кІэ къыщыхуэкІуэну зэманми тепсэлъыхьащ. Дапщэщ-тІэ ар къыщыхъунур? Мис Хьисэ и жэуапыр: «А махуэр е а сыхьэтыр къыщысынур зыми ищІэркъым. Уафэм щыІэ мелыІычхэми ящІэркъым, Тхьэм и Къуэми ищІэркъым. Адэ лъапІэм и закъуэщ ар зыщІэр». Хьисэ мы псалъэхэр жиІа нэужь, и гъэсэнхэр сакъыну хуигъэушащ (Мк. 13:32—37).
2. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр мыбэлэрыгъыу сакъыным мыхьэнэшхуэ щІиІар сытыт?
2 Япэ лІэщІыгъуэм Иудей щІыналъэм щыпсэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр мыбэлэрыгъыу сакъын хуейт, абыхэм я гъащІэр яфІэмыкІуэдын щхьэкІэ. Ахэр щыпсэу дунейм и кІэухыр къызэрыблэгъар къызэращІэн нэщэнэхэр Хьисэ жиІауэ щытащ. Абы жиІащ: «Ерусалим дзэхэм къаувыхьауэ щыфлъагъукІэ, абы и къутэжыгъуэр къызэрыблэгъар къэфщІэнущ». Абы щыгъуэ ахэр, Хьисэ и чэнджэщым едаІуэу, бгыхэм щІэпхъуэжын хуейт (Лк. 21:20, 21). Рим зауэлІхэм Ерусалим къалэр щызэтракъутам щыгъуэ, Хьисэ и унафэр зыгъэзэщІахэр къелащ.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Дыщыпсэу дуней бзаджэм и кІэухыр къоблагъэри, дэри дымысакъыу хъунукъым. Мы статьям щызэпкърытхынущ гупсысэкІэ тэмэмыр зыфІэдмыгъэкІуэдыну икІи дысакъыну сыт къыддэІэпыкъунуми. Абы нэмыщІ, дызыкІэлъыплъыжын икІи ди зэманыр нэхъыфІу къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунуми къэтщІэнущ.
МЫ ДУНЕЙМ КЪЫЩЕКІУЭКІЫМ ФЫКІЭЛЪЫПЛЪ ИКІИ ФЫСАКЪЫН ЗЭРЫХУЕЙР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ
4. Мы дунейм къыщекІуэкІ ІуэхугъуэхэмкІэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур ди дежкІэ гъэщІэгъуэну щІыщытыр сыт?
4 Мы дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм дыкІэлъыплъыну ди дежкІэ гъэщІэгъуэнщ, сыту жыпІэмэ абыхэм къагъэлъагъуэ Библием зи гугъу ищІ къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур. Псалъэм папщІэ, Иблисым и ІэмыщІэ илъ дунейм и кІэухыр къызэрыблагъэр къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэ зыбжанэ Хьисэ кърибжэкІауэ щытащ (Мт. 24:3—14). Апостол Петр дыхуегъэуш къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум набдзэгубдзаплъэу дыкІэлъыплъыну. Абы и фІыгъэкІэ ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэнущ (2 Пет. 1:19—21). Библием и иужьрей тхылъыр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щІедзэ: «Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Іуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщІигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цІыхухэм куэд мыщІэу къэхъуну Іуэхугъуэхэр яригъэщІэн щхьэкІэщ» (Апок. 1:1). Ди дежкІэ хуабжьу гъэщІэгъуэнщ мы дунейм къыщекІуэкІ Іуэхугъуэхэм дыкІэлъыплъыну икІи къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум дытепсэлъыхьыну.
Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм дыщытепсэлъыхьым деж, сыт тщІэн хуейр икІи сыт тщІэн хуэмейр? (5-нэ абзацым феплъ.)b
5. Сыт тщІэн хуейр икІи сыт тщІэн хуэмейр? (Сурэтым феплъ.)
5 Ауэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум дыщытепсэлъыхьым деж, дэ езым ди еплъыкІэ гуэр абы хэтпщэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэм ар зэран хуэхъуфынущ. Псалъэм папщІэ, тепщэныгъэ зиІэхэм зауэ гуэрым кІэ зэрыратын Іэмал къалъыхъуэфынущ. Абы нэмыщІ дунейм мамырыгъэ щыІэу икІи шынагъуэ зыри щымыІэжу зэращІыным тепсэлъыхьыфынущ. Апхуэдэ хъыбарыщІэ зэхэтхмэ, сыт тщІэнур? Зыгуэрым жиІэфынущ: «Мис, 1 Фессалоникэ 5:3 ит псалъэхэр гъэзэщІа хъууэ аращ!» Ауэ унэІут пэжым абы теухуауэ сыт жиІэр? Дэ ди еплъыкІэр Иеговэ и организацэм къыдигъэкІ тхыгъэхэм итым тегъэщІауэ щытын хуейщ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэуэршэркІэ, дэ жытІэр ди тхыгъэхэм итым тегъэщІауэ щытмэ, зэхуэсым илъ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ тхъумэнущ (1 Кор. 1:10; 4:6).
6. 2 Петр 3:11—13 ит псалъэхэм сытым дыхурагъасэрэ?
6 Къеджэ 2 Петр 3:11—13. Апостол Петр зэрыжиІэмкІэ, Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр куууэ дджымэ, Иеговэ и махуэр къызэрыблагъэр тщыгъупщэнукъым. Ди мурад нэхъыщхьэр Армагеддоныр къыщыхъуну махуэмрэ сыхьэтымрэ къэтщІэну аракъым (Мт. 24:36; Лк. 12:40). Дэ дызыхущІэкъур къэнэжа зэманыр нэхъыфІу къызэрыдгъэсэбэпыныращ: ди дуней тетыкІэр къабзэу, ди ІуэхущІафэхэми Алыхьым дызэрыхуэпэжыр къагъэлъагъуэу щытыну дыхуейщ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, дэ ди гуми ди псэми къыбгъэдэкІыу Иеговэ дыхуэлэжьэнущ икІи ди Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм и инагъыр едгъэлъэгъунущ. А мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ, зэпымыууэ дызыкІэлъыплъыжын хуейщ.
УЗЫКІЭЛЪЫПЛЪЫЖЫНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?
7. УзыкІэлъыплъыжыным сыт къикІыр? (Лк. 21:34).
7 Хьисэ зэрыжиІамкІэ, абы и гъэсэнхэр мы дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм зэрыкІэлъыплъым нэмыщІ иджыри зыгуэр ящІэн хуейщ. (Къеджэ Лука 21:34.) Абы жиІащ: «Фыхуэсакъ». Сыт абы къикІыр? Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъуфыну псом дэ зыщытхъумэн хуейщ. Абы щыгъуэ дэ Алыхьым и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэнущ (Прит. 22:3; Иудэ 20, 21).
8. Апостол Паул сытым дыхуигъэушрэ?
8 Апостол Паули дызыкІэлъыплъыжыну дыхуегъэуш. Абы и псалъэхэр Ефес тхылъым итщ: «Фи псэукІэмкІэ лъэщу фызыхуэсакъыж, акъылыфІагъэ зимыІэхэм фахуэмыдэу, акъылыфІагъэ зиІэхэм фахуэдэу фыпсэу» (Еф. 5:15, 16). Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр зэтрикъутэн щхьэкІэ, Иблисым лъэкІ къигъанэкъым. Аращ Библием мыпхуэдэу дыкъыщІыхуриджэр: «Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаІуэ» (Еф. 5:17). Апхуэдэу тщІэмэ, ШейтІаным дыпэщІэтыфынущ.
9. Иеговэ и Іэмырыр къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?
9 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІым зэран хуэхъуфыну псор къетхыхауэ Библием иткъым. ТщІын хуей унафэхэм теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм зыри щимыт щІэх-щІэхыурэ къохъу. Абы щыгъуэ, Іущагъ зыхэлъ унафэ къэтщтэн щхьэкІэ, Иеговэ и Іэмырыр къыдгурыІуэу щытын хуейщ. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ Алыхьым и Псалъэр зэпымыууэ зэрыдджыр икІи абы итым куууэ дызэрегупсысыр. Иеговэ и еплъыкІэр зэдгъэгъуэтмэ икІи Хьисэ Мэссихь и гупсысэкІэм хуэдэ диІэмэ, «акъылыфІагъэ зиІэхэм хуэдэу» дыпсэунущ, ди Іуэхум теухуауэ Библием унафэ пыухыкІа имытми (1 Кор. 2:14—16). Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъуфыну Іуэхугъуэхэм щыщу языныкъуэхэр къэплъэгъуну тыншщ, ауэ нэгъуэщІхэм занщІэу гу лъомытэнкІэ хъунущ.
10. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ шынагъуэхэм зыщытхъумэн хуей?
10 Мис Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъуфыну Іуэхугъуэхэм щыщу языныкъуэхэр: зыгуэрым зыкъыпегъэхыныр, шхынкІэрэ фадэкІэрэ егъэлеиныр, нэгъуэщІым и пщІэр езыудых псэлъэкІэр, залымыгъэкІэ гъэнщІа нэгу зегъэужьыкІэр, порнографие еплъыныр (Пс. 101:3). Ди бий ШейтІаным Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр зэрызэтрикъутэн Іэмалхэр зэпымыууэ къелъыхъуэ (1 Пет. 5:8). Аращи, дымысакъыу щытмэ, фыгъуэным, пцІым, нэпсеягъэм, лъагъумыхъуныгъэм, пагагъэм икІи гужьгъэжьым и жылэхэр Иблисым ди гумрэ ди акъылымрэ щыхисэнущ (Гал. 5:19—21). Апхуэдэ гурыщІэ мыхъумыщІэхэр къыщыхъей къудейм деж, абыхэм шынагъэ пымылъу къытщыхъункІэ хъунущ. Ауэ а «удзыжьыр» занщІэу къидмычу щытмэ икІи ди гум къыщыкІыну абы гъуэгу еттмэ, Іэмал имыІэу бэлыхь дыхэхуэнущ (Екъуб 1:14, 15).
11. ЗанщІэу гу зылъомытэнкІэ хъуну сыт хуэдэ шынагъэм дэ пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей?
11 ЗанщІэу гу зылъомытэнкІэ хъуну сыт хуэдэ шынагъэ щыІэр? Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуэмылажьэхэр бгъэныбжьэгъуныр. Мыпхуэдэ Іуэху уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Къыбдэлажьэм Алыхьыр ицІыхукъым. Уэ ухуейщ Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ абы еплъыкІэфІ иІэну. Уэ абы гуапэу ухущытщ икІи сыт щыгъуи удэІэпыкъуну ухьэзырщ. Зэзэмызи фэ зэгъусэу шэджагъуашхэ фощІ. Ауэ куэд дэмыкІыу фэ махуэ къэс шэджагъуашхэ зэманыр зэрыщыту зэгъусэу вгъакІуэу щІыводзэ. Иныкъуэхэм деж къыбдэлажьэм темэ къемызэгъхэр къеІэт. ЯпэщІыкІэ апхуэдэ темэхэр зэрыдомыІыгъыным иужь уитщ, ауэ абыхэм фызэрытепсэлъыхьым хуэм-хуэмурэ уосэри, уи напэр къоныкъуэкъужкъым. ИужькІэ уэ абы лэжьапІэ нэужьым зыщІыпІэ фыщышхэну укърегъэблагъэ. Зэман куэд дэмыкІыу къыбдэлажьэр зэрыгупсысэм хуэдэу уэри угупсысэу щІыбодзэ. Иджы егупсысыт: зэман дапщэ дэкІын хуей, абы и ІуэхущІафэхэм щапхъэ тепхыу ухъун щхьэкІэ? ДауикІ, дэ дыхуейщ гуапэу, пщІэ хэлъу псоми дахущытыну. Ауэ ныбжьэгъу тщІы цІыхум ещхь дызэрыхъур зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым (1 Кор. 15:33). Хьисэ и псалъэхэр дигу идгъэлъыным икІи дызыкІэлъыплъыжыным сыту мыхьэнэшхуэ иІэ! Ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и хабзэхэм тету мыпсэухэр ныбжьэгъу дымыщІыну (2 Кор. 6:15). Дэ шынагъэр занщІэу къэтлъэгъунущ икІи абы зыщытхъумэнущ.
ЗЭМАНЫР ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ КЪЭВГЪЭСЭБЭП
12. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт хуэдэ лэжьыгъэм хэтын хуейт, дунейм и кІэухым пэплъэхукІэ?
12 Хьисэ и гъэсэнхэр дунейм кІэ къыщыхуэкІуэну зэманым ежьэу я Іэр зэтедзауэ щыс хъунутэкъым. Хьисэ абыхэм къалэн яхуищІащ «Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкІэ дунейм и кІэм нэсыху» хъыбарыфІыр щагъэІуну (Апост. 1:6—8). Сыту лэжьыгъэшхуэт ар! Я гъащІэр зэрыщыту а лэжьыгъэм зэрытрагъэкІуадэмкІэ абыхэм къагъэлъагъуэт я зэманыр Іущагъ хэлъу къызэрагъэсэбэпыр.
13. Ди зэманыр Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Колоссэ 4:5)
13 Къеджэ Колоссэ 4:5. ДызыкІэлъыплъыжыным иджыри хохьэ ди зэманыр зытедгъэкІуадэм Іущагъ хэлъу дызэрыбгъэдыхьэр. Дэ имызэману дэмылъыта Іуэхугъуэхэм дыпэщІэхуэфынущ (Эккл. 9:11). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди гъащІэри зэшэзэпІэу тфІэкІуэдыфынущ.
Дапхуэдэу Іущагъ хэлъу ди зэманыр къызэрыдгъэсэбэп хъунур? (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)
14, 15. Дауэ Іущагъ хэлъу ди зэманыр къызэрыдгъэсэбэп хъунур? (Еврейхэм 6:11, 12). (Сурэтым феплъ.)
14 Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІымэ икІи абы къытхуигъэувыр дгъэзащІэмэ, Іущагъ хэлъу ди зэманыр къэдгъэсэбэпу жыпІэ хъунущ (Ин. 14:21). Апостол Паул дыкъыхуреджэ: «Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкІыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Іуэхум зэпымыууэ и ужь фит» (1 Кор. 15:58). Мы псалъэхэр дгъэзащІэмэ, ди гъащІэм е мы дунейм и кІэр къыщысым, дэ зыми дыхущІегъуэжынукъым (Мт. 24:13; Рим 14:8).
15 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуну дэ Хьисэ къыддоІэпыкъу. А лэжьыгъэр нэхъыфІу дгъэзэщІэн щхьэкІэ, абы Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу дегъасэ, дызыхуэныкъуэ Іэмэпсымэхэри къыдет (Мт. 28:18—20). Дэри ди лъэныкъуэкІэ къару куэд идохьэлІэ, хъыбарыфІыр дгъэІун икІи Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырын щхьэкІэ. Абы нэмыщІ, Иеговэ мы дуней бзаджэм кІэ щритыну зэманым дыпэплъэху, дэ дысакъыну дыхуейщ. Еврейхэм 6:11, 12 ит чэнджэщым дытету, ди гугъапІэр и кІэм нэс быдэу тхъумэнщ (къеджэ).
16. Сыт хуэдэ мурад дэ диІэр?
16 Иблисым и дунейм кІэ щритыну махуэри сыхьэтри Иеговэ игъэуващ. Абы щыгъуэ дунеищІэм теухуауэ Библием ит псори Иеговэ Іэмал имыІэу игъэзэщІэжынущ. Зэми дэ къытщохъу мы дунейм и кІэухым зиІэжьэ хуэдэу, ауэ Иеговэ и махуэр «къыкІэрыхунукъым»! (Авв. 2:3). Абы къыхэкІкІэ бегъымбар Михей хуэдэу дэри жытІэнщ: «Сэ Иеговэ сыпэплъэнущ, сыкъезыгъэлыну Алыхьым шыІэныгъэ схэлъу сежьэнущ» (Мих. 7:7).
139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ
a Мы статьям щызэпкърытхынущ гупсысэкІэ тэмэмыр зыфІэдмыгъэкІуэдыну икІи дысакъыну сыт къыддэІэпыкъунуми. Абы нэмыщІ, дызыкІэлъыплъыжын икІи ди зэманыр нэхъыфІу къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунуми къэтщІэнущ.
b СУРЭТЫР. ИщхьэмкІэ. Зэщхьэгъусэхэр хъыбарыщІэхэм йоплъ. ЗэІущІэ нэужьым абыхэм я еплъыкІэм трагъэчыныхьу хъыбарыщІэхэм къатам къикІым адрейхэм яхутопсэлъыхь. ИщІагъымкІэ. Зэщхьэгъусэхэр УнафэщІ гупым къыбгъэдэкІ псалъэм йодаІуэ, Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур пэжу къагурыІуэн щхьэкІэ. Ахэр «унэІут пэжым» къыдигъэкІ тхыгъэхэмкІэ цІыхухэм догуашэ.