ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w23 Февраль н. 8—13
  • Библием фызэреджэм сэбэпынагъ къыхэфх

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Библием фызэреджэм сэбэпынагъ къыхэфх
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ФЫЗЭДЖЭР КЪЫВГУРЫІУЭН ХУЭДЭУ ФЕДЖЭ
  • ТХЫГЪЭМ ИТ НАЛКЪУТХЭР КЪЭВГЪУЭТЫН ХУЭДЭУ ФЕДЖЭ
  • БИБЛИЕМ ФЫЗЭРЕДЖЭМ ФИ ГЪАЩІЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ ХИЛЪХЬЭНУ ХУИТ ФЩІЫ
  • БИБЛИЕМ ДЫЗЭРЕДЖЭМ НАСЫПЫФІЭ ДЕЩІ
  • «Тхьэм и псалъэхэр... вгъэзэщІэн хуейщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Библием удихьэхыу дауэ узэреджэнур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • «Тхьэм и псалъэхэм... лъэкІыныгъэшхуэ яхэлъщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
w23 Февраль н. 8—13

7 СТАТЬЯР

Библием фызэреджэм сэбэпынагъ къыхэфх

«Узэджэм къикІыр къыбгурыІуэрэ?» (АПОСТ. 8:30).

97-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэкІэ допсэу

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Хьисэ Алыхьым и Псалъэм мыхьэнэшхуэ ириту зэрыщытар сытыт къэзыгъэлъагъуэр?

ХЬИСЭ цІыхухэр щригъаджэм щыгъуэ, абыхэм яІа гурыщІэхэр уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Абы щІэх-щІэхыурэ Тхыгъэ ЛъапІэм итыр гукІэ жиІэжу щытащ. ГъэщІэгъуэныращи, Хьисэ псым зыщІигъэуа иужь жиІа псалъэхэри лІэн ипэ жиІари Тхыгъэ ЛъапІэм щыщ пычыгъуэт (Втор. 8:3; Пс. 31:5; Лк. 4:4; 23:46)b. А ІуэхугъуитІым я зэхуаку дэлъа илъэсищрэ ныкъуэм къриубыдэу Хьисэ щІэх-щІэхыурэ Тхыгъэ ЛъапІэм цІыхухэм къахуеджэт, абы нэмыщІ абы итыр гукІэ яжриІэт икІи а псалъэхэм къикІыр къагуригъаІуэт (Мт. 5:17, 18, 21, 22, 27, 28; Лк. 4:16—20).

Коллаж: 1) Хьисэ сабийуэ и адэ-анэм жаІэм йодаІуэ; 2) Хьисэ нэхъ ин хъуауэ и адэ-анэм я гъусэу синэгуэгум щІэсу Тхыгъэ ЛъапІэм къызэреджэм йодаІуэ; 3) балигъ хъуа Хьисэ свитокым йоджэ.

Хьисэ и гъащІэ псом къыхэщт Тхыгъэ ЛъапІэр фІыуэ зэрилъагъур икІи абы тету зэрыпсэур (2-нэ абзацым феплъ.)

2. Хьисэ Тхыгъэ ЛъапІэр фІыуэ зригъэщІэну сыт къыдэІэпыкъуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

2 Хьисэ зэрыцІыкІу лъандэрэ Алыхьым и Псалъэм итыр зэхихт икІи абы еджэт. ДауикІ, Мэриемрэ Исуфрэ щызэпсалъэкІэ Тхыгъэм ит псалъэхэр къызэрагъэсэбэпыр абы унэм щызэхихт (Втор. 6:6, 7)c. Шэч хэмылъу, Хьисэ и адэ-анэм я гъусэу щэбэт къэс синэгуэгум кІуэт (Лк. 4:16). Ар синэгуэгум щыщыІэм деж, Тхыгъэ ЛъапІэм щыщ пычыгъуэхэм зэреджэм фІыуэ едаІуэу къыщІэкІынт. Нэхъ ин хъуа иужь, Хьисэ езыр Алыхьым и Псалъэм еджэу щІидзащ. Хьисэ Тхыгъэр зэрызригъэщІам нэмыщІ ар фІыуэ илъагъуу икІи абы тету псэууэ хъуащ. Псалъэм папщІэ, ар илъэс 12 щыхъум щыгъуэ, Иеговэ и унэшхуэм къыщыхъуа Іуэхугъуэр дигу къэдгъэкІыж хъунущ. Мусэ и Хабзэм фІыуэ хэзыщІыкІ дин егъэджакІуэхэм «абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщІагъуэрт» (Лк. 2:46, 47, 52).

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Дэри, Алыхьым и Псалъэм махуэ къэс деджэу щытмэ, абы итыр къэтщІэнущ икІи фІыуэ тлъагъунущ. Ауэ дапщэщ дэ абы сэбэпынагъ нэхъыбэ къыщытхуихьынур? Абы теухуауэ Хьисэ Алыхьым и Псалъэм итым фІыуэ хэзыщІыкІхэм — торэт егъэджакІуэхэм, фарисейхэм икІи саддукейхэм — яжриІам гу лъыттэнщ. Ахэр Тхыгъэ ЛъапІэм щІэх-щІэхыурэ еджэт, ауэ абы сэбэпынагъ къыхахтэкъым. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуа Іуэхугъуищ Хьисэ къыхигъэщащ. Абы жиІам дедаІуэу щытмэ, дэ ар сэбэп къытхуэхъуфынущ: 1) дызэджэр нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ, 2) тхыгъэм ит налкъутхэр къэдгъуэту зедгъэсэн щхьэкІэ, 3) Алыхьым и Псалъэм ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну хуит тщІын щхьэкІэ.

ФЫЗЭДЖЭР КЪЫВГУРЫІУЭН ХУЭДЭУ ФЕДЖЭ

4. Алыхьым и Псалъэм дызэреджэн хуей щІыкІэм теухуауэ Лука 10:25—29 итым сытым дыхуигъасэрэ?

4 Библием дыщеджэм деж, ар къыдгурыІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, армыхъумэ, дызэджам сэбэп къытхуихьынукъым. Псалъэм папщІэ, Хьисэ «торэт егъэджакІуэ пашэу» щыт цІыхухъу гуэрым жриІар дигу къэдгъэкІыжынщ. (Къеджэ Лука 10:25—29.) ГъащІэ мыухыж къылъысын щхьэкІэ ищІэн хуейм теухуауэ ар щыщІэупщІам щыгъуэ, Хьисэ абы Алыхьым и Псалъэм итым гу лъригъэтащ: «Торэт хабзэм сыт итыр?.. Дауэ абы укъызэреджэр [ар къызэрыбгурыІуэр, ДЩІ]?» Алыхьымрэ уи гъунэгъумрэ фІыуэ зэрыплъагъун хуейм теухуауэ Торэт хабзэм ит пычыгъуэхэр зэрыжиІамкІэ а цІыхухъум пэжу жэуап итащ (Лев. 19:18; Втор. 6:5). Ауэ иужькІэ абы ита упщІэм гу лъыфтэт: «АтІэ, хэт сэ си гъунэгъур?» КъызэрыщІэкІымкІэ, а лІым зэджэм и мыхьэнэр нэгъэсауэ къыгурыІуэтэкъым икІи а едзыгъуэхэр и гъащІэм къызэрыщигъэсэбэпынур ищІэтэкъым.

Дэ дызэджэр къыдгурыІуэу зедгъэсэфынущ

5. ТхьэлъэІумрэ дымыпІащІэу дызэреджэмрэ сыткІэ къызэрыддэІэпыкъуфынур?

5 Дэ къыкІэлъыкІуэ чэнджэщхэм дытету щытмэ, Алыхьым и псалъэр нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ. Библием феджэн ипэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Дэ Иеговэ къыддэмыІэпыкъуу щытмэ, Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къыдгурыІуэнукъым. Дызэджэм ди акъылыр тедухуэн щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къыдитыну делъэІу хъунущ. Абы нэмыщІ, фызэджэр къывгурыІуэн щхьэкІэ, фымыпІащІэу феджэ. Фэ макъкІэ феджэну е аудиозаписым федаІуэурэ фи БиблиемкІэ фыкІэлъыплъыну фигу ирихьынкІэ хъунущ. Апхуэдэу, нэкІэ плъагъур щызэхэпхым деж, Алыхьым и Псалъэр уи гуми уи акъылми нэхъыбэу лъоІэс (Иис. Н. 1:8). Еджэн фыуха иужь, иджыри зэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъази, тыгъэу къыдита Библием щхьэкІэ фІыщІэ хуэфщІ икІи, къэфщІар фи гъащІэм къыщывгъэсэбэпын щхьэкІэ, къывдэІэпыкъуну фелъэІу.

Коллаж: 1) шыпхъум къищІар тхылъымпІэ цІыкІум третхэ, ар Библием дигъэпщІэн щхьэкІэ; 2) къуэшым и планшетымкІэ статьяр едж икІи гупсысэ гуэрхэр щІетхъэ, абы нэмыщІ гъэщІэгъуэн щыхъуар иретхэ; 3) шыпхъум JW Library приложениер къигъэсэбэпу Библием ит псалъэхэр щІетхъэ икІи гъэщІэгъуэн щыхъуар иретхэ.

Узэджар къыбгурыІуэн икІи уигу къинэжын щхьэкІэ, къэпщІар кІэщІу зэрыптхыр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур? (6-нэ абзацым феплъ.)

6. Библием ущеджэм деж, упщІэ зыхуэбгъэувыжхэмрэ узэджам теухуауэ птхымрэ дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур? (Сурэтым феплъ.)

6 Библиер нэхъыфІу къывгурыІуэну къыкІэлъыкІуэ чэнджэщитІри сэбэп къыфхуэхъунущ. Фызэджэм теухуауэ упщІэхэр зыхуэвгъэувыж. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Мы пычыгъуэр зытепсэлъыхьыр хэт? Хэт псалъэр? Хэт ар зэпсалъэр икІи сыт щхьэкІэ? А Іуэхугъуэр дапщэщ икІи дэнэ къыщыхъур?» Гупсысэ нэхъыщхьэхэмрэ ахэр зэрызэпхамрэ къэфлъэгъуну апхуэдэ упщІэхэр къывдэІэпыкъунущ. Абы нэмыщІ фызэджэм теухуауэ кІэщІу фтхы. ЦІыхум и гупсысэхэр зэритхым и фІыгъэкІэ зэджар нэхъыфІу къыгуроІуэ икІи игу иреубыдэ. Фэ фтхы хъунущ упщІэ къэхъеяхэр, щІэуэ къэфщІахэр, гупсысэ нэхъыщхьэхэр, фызэджар гъащІэм къызэрыщывгъэсэбэп хъуну щІыкІэхэр. Иджыри фызэджам къывита гурыщІэхэри фтхы хъунущ. Абы и фІыгъэкІэ дэтхэнэ зыми Библиер Иеговэ дэ къытхуригъэхьа письмом хуэдэу къэтлъытэнущ.

7. Библием дыщеджэм деж, сыт хуэдэ хьэл-щэным дыхуэныкъуэ икІи сыт щхьэкІэ? (Притчи 2:2—5, Гъэс.).

7 Алыхьым и Псалъэм итыр къыдгурыІуэну дыхуейуэ щытмэ, зэхэщІыкІ тхэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ Притчи 2:2—5, Гъэсэпэтхыдэхэр.) ЗэхэщІыкІым и фІыгъэкІэ дэ къыдгуроІуэ зы гупсысэр адрейм зэрепхар икІи къызэрыщхьэщыкІыр. Иджыри зэхэщІыкІыр къыддоІэпыкъу зэ еплъыгъуэкІэ белджылыуэ щымытыр къэтлъэгъуну. Абы нэмыщІ Хьисэ жиІауэ щытащ, Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур къэтлъэгъун щхьэкІэ, зэхэщІыкІым дызэрыхуэныкъуэр (Мт. 24:15). Библием итыр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын щхьэкІи, а хьэл-щэным дыхуэныкъуэщ.

8. Дапхуэдэу дэ зэхэщІыкІ диІэу дызэреджэфынур?

8 Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэхэщІыкІ ярет. Абы къыхэкІкІэ, а хьэл-щэныр зыхэплъхьэн щхьэкІэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ (Прит. 2:6). Алыхьым узэрелъэІуам утетын щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур? Узэджам куууэ егупсыси, ар нэхъапэІуэкІэ къэпщІам зэрепхам гу лъытэ. Библиер куууэ зэрадж Іэмэпсымэхэр къэгъэсэбэп, псалъэм папщІэ, «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэр. Апхуэдэ Іэмэпсымэхэм я фІыгъэкІэ узэджа пычыгъуэхэм я мыхьэнэр къыбгурыІуэнущ икІи ар уи гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъунур къэплъэгъунущ (Евр. 5:14). ЗэхэщІыкІ уиІэу уеджэу щытмэ, Библиер къызэрыбгурыІуэри хэхъуэнущ.

ТХЫГЪЭМ ИТ НАЛКЪУТХЭР КЪЭВГЪУЭТЫН ХУЭДЭУ ФЕДЖЭ

9. Саддукейхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ пэжыр ІэщІыб ящІу щыта?

9 Мусэ бегъымбарым итха япэ тхылъитхум саддукейхэм фІыуэ хащІыкІт, ауэ абыхэм Алыхьым и Псалъэм ит мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжхэр я фІэщ хъуртэкъым. Псалъэм папщІэ, саддукейхэм Хьисэ ягъэунэхун щхьэкІэ, лІахэм теухуауэ упщІэ иратауэ щытат. Хьисэ абыхэм мыпхуэдэ упщІэкІэ захуигъэзэжащ: «Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриІар: „Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр“» (Мк. 12:18, 26). Саддукейхэр а пычыгъуэм мызэ-мытІэу къеджауэ щытми, Хьисэ къиІэта упщІэм къигъэлъэгъуащ абыхэм Тхыгъэм ит мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжыр — лІахэр къызэрытэджыжынум теухуа пэжыр — ІэщІыб зэращІыр (Мк. 12:27; Лк. 20:38)d.

10. Библием дыщеджэм деж, сытым гу лъыттэн хуей?

10 Абы дэ сытым дыхуигъасэрэ? Библием дыщеджэм деж, дызэджэ едзыгъуэм е пычыгъуэм хэт дерсхэм псоми гу лъыттэн хуейщ. НаІуэу щыт пэжхэм нэмыщІ, щІы щІагъым куууэ щІэлъ налкъутхэм хуэдэ принципхэри тлъэгъун хуейщ.

11. Библием ит налкъутхэр къэбгъуэтын щхьэкІэ, 2 Тимофей 3:16, 17 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

11 Библием дыщеджэм деж, абы ит налкъутхэр дапхуэдэу къызэрыдгъуэт хъунур? 2 Тимофей 3:16, 17 ит псалъэхэм гу лъыттэнщ (къеджэ). Зэрытлъагъущи, «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори... щхьэпэщ» цІыхур 1) ебгъэджэн, 2) абы и щыуагъэм гу лъебгъэтэн, 3) зихъуэжыну удэІэпыкъун, 4) уеущиен щхьэкІэ. Мы ІуэхугъуиплІыр Библием ит сыт хуэдэ тхылъми къыщыбгъуэтыфынущ, щІэх-щІэхыурэ узэмыджэ тхылъхэри абыхэм яхэту. Узэджа пычыгъуэм узыхуигъасэм егупсыс. А пычыгъуэм Иеговэрэ абы и мурадымрэ теухуауэ сыт къыуигъащІэр икІи сыт хуэдэ принципхэр абы ит? Дапхуэдэу узэджэм уи щыуагъэхэр узэригъэлъагъур? Сыт хуэдэ хьэл-щэн Іей пхэлъми къэплъэгъуну, абыхэм уебэныну икІи Иеговэ хуэпэжу укъэнэну а едзыгъуэхэр къызэрыбдэІэпыкъум гу лъытэ. ЕплъыкІэ нэпцІ гуэр пхъуэжын щхьэкІэ, Библием щыщ а пычыгъуэр къызэрыбдэІэпыкъур зэпкърых, псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр щыбгъэІум щыгъуэ узрихьэлІа гупсысэ нэпцІыр. Абы нэмыщІ Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ уиІэну къыбдэІэпыкъу ущиехэр а едзыгъуэхэм къыщылъыхъуэ. Мы чэнджэщиплІыр уигу ибгъэлъу щытмэ, Библием ущеджэкІэ абы ит налкъутхэр къэбгъуэтыфынущ.

БИБЛИЕМ ФЫЗЭРЕДЖЭМ ФИ ГЪАЩІЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ ХИЛЪХЬЭНУ ХУИТ ФЩІЫ

12. Хьисэ фарисейхэм «феджакъэ» жиІэу щІеупщІар сытыт?

12 Хьисэ фарисейхэми «феджакъэ?» жиІэри еупщІауэ щытащ, Тхыгъэм итыр пхэнжу къазэрыгурыІуэр абыхэм яригъэлъэгъун щхьэкІэ (Мт. 12:1—7)e. Абы щыгъуэ фарисейхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр щэбэт махуэм теухуа хабзэм ебакъуэу жаІэри, ягъэкъуэншащ. Хьисэ абыхэм жэуап щаритыжым щыгъуэ, Тхыгъэм щыщ щапхъитІ къихьащ икІи Осие бегъымбарым и псалъэхэр жиІащ. Апхуэдэу Хьисэ къигъэлъэгъуащ фарисейхэм щэбэт махуэм теухуа хабзэм и мыхьэнэр къазэрыгурымыІуэр икІи абы къыхэкІкІэ гущІэгъу зэрахэмылъыр. Алыхьым и Псалъэм а цІыхухъухэм я гупсысэкІэм зэхъуэкІыныгъэ щІыхимылъхьэр сытыт? Ахэр цІыху пагэт икІи Тхыгъэм щІеджэу щытар нэгъуэщІхэм дагъуэ къыхуагъуэтын щхьэкІэт. Апхуэдэ щытыкІэр абыхэм зэджэм и мыхьэнэр къагурыІуэну зэран къахуэхъут (Мт. 23:23; Ин. 5:39, 40).

13. Библием дыщеджэкІэ сыт хуэдэ бгъэдыхьэкІэ диІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

13 Библием дыщеджэкІэ гупсысэкІэ тэмэм дызэриІэн хуейр Хьисэ и псалъэхэм къыдгурагъаІуэ. Фарисейхэм ещхь дыхъуну дыхуэмейуэ щытмэ, фэрыщІагъ тхэмылъу икІи зыгуэрым зыхуедгъэсэну хьэзыру дыщытын хуейщ. Абы щхьэкІэ дэ Іэдэбагъ тхэлъу Алыхьым и Псалъэм ит псори къэтщтэн хуейщ (Екъуб 1:21). Апхуэдэу тщІэмэ, абы ди гум лъабжьэ щищІынущ. ГущІэгъумрэ лъагъуныгъэмрэ теухуауэ Библием ит дерсхэр дэ сэбэп къыщытхуэхъунур пагагъэм пэІэщІэ зыхуэтщІу щытмэщ.

Алыхьым и Псалъэм ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну хуит тщІырэ дымыщІрэ дапхуэдэу къызэрытщІэнур? (14-нэ абзацым феплъ.)f

14. Библием дызэреджэм ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну хуит тщІырэ дымыщІрэ дапхуэдэу къызэрытщІэнур? (Сурэтым феплъ.)

14 НэгъуэщІхэм дазэрыхущытым къигъэлъэгъуэнущ Библием дызэреджэм ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну хуит тщІырэ дымыщІрэ. Фарисейхэм я гум Алыхьым и Псалъэм лъабжьэ щищІауэ щытамэ, абыхэм «лажьэ зимыІэхэр ягъэкъуэншэнутэкъым» (Мт. 12:7). Апхуэдэ дыдэу ди гум Алыхьым и Псалъэм лъабжьэ щищІарэ щимыщІарэ нэгъуэщІхэм дазэрыхущытым къегъэлъагъуэ. Псалъэм папщІэ, сыт дэ нэхъыбэу дызытепсэлъыхьыр: цІыхум и хьэл-щэныфІхэра, хьэмэрэ и ныкъусанхэра? Дэ гущІэгъу зыхэлъ икІи зыгъэгъуну хьэзыр цІыхуу дыщыт, хьэмэрэ щІэх-щІэхыурэ зызыгъэгусэ икІи нэгъуэщІхэм ятепсэлъыхь цІыхуу дыщыт? Мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыжу щытмэ, Библием дызэреджэм ди гупсысэхэм, ди гурыщІэхэм, ди ІуэхущІафэхэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну хуит тщІырэ дымыщІрэ къэтлъэгъунущ (1 Тим. 4:12, 15; Евр. 4:12).

БИБЛИЕМ ДЫЗЭРЕДЖЭМ НАСЫПЫФІЭ ДЕЩІ

15. Хьисэ Алыхьым и Псалъэм дапхуэдэу зэрыхущытар?

15 Хьисэ Алыхьым и Псалъэр фІыуэ илъагъуу щытащ. Абы иІа гурыщІэхэм теухуауэ Псалом 40:8 мыпхуэдэу итщ: «Уи Іэмырыр зэрызгъэзащІэм, си Алыхь лъапІэ, гурыфІыгъуэ къызет икІи уи хабзэр си гум илъщ». Абы и фІыгъэкІэ Хьисэ насыпыфІэу щытт икІи ехъулІэныгъэ иІэу Иеговэ хуэлажьэт. Дэри Библием ди гум лъабжьэ щедгъэщІу щытмэ, насыпыфІэу дыщытынущ икІи ехъулІэныгъэ диІэнущ (Пс. 1:1—3).

16. Библием узэреджэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къыпхуихьын щхьэкІэ, сыт уэ пщІэну уи мурадыр? («Фызэджэр къывгурыІуэну Хьисэ и псалъэхэр къывдэІэпыкъуфынущ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

16 Аращи, Хьисэ и псалъэхэмрэ и щапхъэмрэ быдэу дытевгъэт. Абы щыгъуэ Библием дызэреджэ щІыкІэм едгъэфІэкІуэнущ. Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, дымыпІащІэу деджэмэ, упщІэхэр зыхуэдгъэувыжмэ икІи дызэджэм теухуауэ кІэщІу ттхыуэ щытмэ, дэ Тхыгъэ ЛъапІэр нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ. Дэ зэхэщІыкІ зиІэ цІыхуу дыщытынущ, дызэджэм дегупсысу щытмэ икІи, ар фІыуэ къыдгурыІуэн щхьэкІэ, Библием тегъэщІа ди публикациехэр къэдгъэсэбэпмэ. Тхыгъэ ЛъапІэм ит налкъутхэр къэдгъуэту щытмэ, ар нэхъыфІу къэдгъэсэбэпыфынущ. Абы нэмыщІ Библием дыщеджэкІэ гупсысэкІэ тэмэм диІэу щытмэ, Алыхьым и Псалъэм ди гум лъабжьэ щедгъэщІынущ. Аращи, мы статьям ит чэнджэщхэм дызэрытетыным дыхущІэвгъэкъу. Апхуэдэу тщІэмэ, Библием дызэреджэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьынущ икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ (Пс. 119:17, 18; Екъуб 4:8).

Фызэджэр къывгурыІуэну Хьисэ и псалъэхэр къывдэІэпыкъуфынущ

  • Фызэджэр къызэрывгурыуэным икІи, ар фи гъащІэм къызэрыщывгъэсэбэпынур фщІэн щхьэкІэ, зэхэщІыкІ зэрызивгъэІэным фыхущІэкъу (Прит. 2:2—5, Гъэс.; Лк. 10:25—37).

  • Библием ит налкъутхэр къэвгъуэтын щхьэкІэ, ар куууэ зэпкърыфх (Мк. 12:18—27).

  • Фи гъащІэмрэ нэгъуэщІхэм фазэрыхущытымрэ Алыхьым и Псалъэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну хуит фщІы (Мт. 12:1—8).

БИБЛИЕМ ДАПХУЭДЭУ ДЫЗЭРЕДЖЭН ХУЕЙР...

  • дызэджэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ?

  • абы ит налкъутхэр къэдгъуэтын щхьэкІэ?

  • абы ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэн щхьэкІэ?

95-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу

a Иеговэ и лэжьакІуэхэр Библием махуэ къэс еджэну хущІокъу. А тхылъым нэгъуэщІ цІыхухэри йоджэ, ауэ абы итыр фІыуэ къагурыІуэу жыпІэ хъунукъым. Хьисэ щыпсэуа зэманми Іуэхур апхуэдэу щытащ. Тхыгъэ ЛъапІэм еджэхэм Хьисэ яжриІауэ щыта псалъэхэр нэхъ куууэ зэпкърытхыу щытмэ, Библием дызэреджэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къыхэтхыну ар къыддэІэпыкъунущ.

b Хьисэ псым зыщыщІигъэуам икІи Иеговэ абы и къару лъапІэр щыщихуам щыгъуэ, щІылъэм къэкІуэн ипэ иІа гъащІэр игу къэкІыжауэ къыщІэкІынущ (Мт. 3:16).

c Мэрием Алыхьым и Псалъэм итыр фІыуэ ищІэт икІи абы щыщ пычыгъуэхэр къигъэсэбэпу щытащ (Лк. 1:46—55). Исуфрэ Мэриемрэ Тхыгъэ ЛъапІэм и копиехэр къызэращэхун ахъшэ яІэу къыщІэкІынутэкъым. Ахэр синэгуэгум щыщыІэм деж, зэхахар ягу къагъэкІыжыфын щхьэкІэ, Тхыгъэ ЛъапІэм зэреджэм фІыуэ едаІуэу щытауэ къыщІэкІынущ.

d 2013-нэ гъэм, мазаем и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Приближайтесь к Богу» рубрикэм щыщ «Он Бог... живых» жыхуиІэ статьям феплъ.

e Абы нэмыщІ Маттэ 19:4—6 итым феплъ. А пычыгъуэми Хьисэ фарисейхэм «феджакъэ?» жиІэу йоупщІ. Иеговэ цІыхухэр къызэригъэщІам теухуауэ ахэр еджами, Алыхьым нэчыхьым хуиІэ еплъыкІэр абыхэм къагурыІуэтэкъым.

f СУРЭТЫР. Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс унэм зэІущІэ щокІуэкІ. Аудио-видео Іэмэпсымэхэм кІэлъыплъ къуэшыр мызэ-мытІэу щоуэ. Ауэ зэІущІэ нэужьым къуэшхэр абы и щыуагъэхэм темыпсэлъыхьу и къалэныр игъэзэщІэну къару зэрырихьэлІам щхьэкІэ щотхъу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын