ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp23 № 1 н. 10—11
  • 3 | Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • 3 | Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2023
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Сыт абы къикІыр?
  • Дауэ ар къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
  • 2 | «Тхьэм и псалъэ тхахэм... гушхуэныгъэ диІэ ягъэхъу»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2023
  • 4 | Библием ит чэнджэщ щхьэпэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2023
  • 1 | ТхьэлъэІур. «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2023
  • Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2023
wp23 № 1 н. 10—11
Зи лъэр щІэхуа Мусэ бегъымбарыр уафэм дэплъейуэ Алыхьым йолъэІу.

3 | Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэр

БИБЛИЕР ТОПСЭЛЪЫХЬЫЖ... Алыхьым хуэпэжу щыта цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ, ахэр «дэ дэщхь цІыхуу щытащ» (ЕКЪУБ 5:17).

Сыт абы къикІыр?

Библием къеІуэтэж япэм псэуа цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ я хъыбархэр икІи абыхэм яІа гурыщІэ зэмыщхьхэм топсэлъыхьыж. ДауикІ, абыхэм яхэтщ уи гурыщІэхэм хуэдэ зиІаи.

Дауэ ар къызэрыбдэІэпыкъуфынур?

Дэтхэнэ зы цІыхури хуейщ и гурыщІэхэр адрейхэм къагурыІуэу щытыну. Псом хуэмыдэу абы мыхьэнэшхуэ иІэщ психическэ узыншагъэмкІэ гугъуехь зиІэхэм я дежкІэ. Алыхьым и лэжьакІуэхэм теухуауэ Библием итым дыщеджэм деж, абыхэми ди гурыщІэхэм хуэдэ яІэу зэрыщытам гу лъыдотэ. Абы и фІыгъэкІэ закъуэныгъэр апхуэдэу къыттехьэлъэжкъым икІи дызыгъэгузавэ гупсысэхэмрэ гурыщІэ Іейхэмрэ нэхъ тыншу дыполъэщ.

  • Зи лъэр щІэхуа икІи дэІэпыкъуэгъуншэу къэнауэ къызыщыхъуу щытахэм я псалъэхэр Библием итщ. «АфІэкІа схуэхьыжкъым» жыпІэу уегупсысмэ, Мусэ, Иляс, Даут сыми апхуэдэ гурыщІэхэр зэраІар зыщумыгъэгъупщэ (Числа 11:14; 1 Царей 19:4; Псалом 55:4).

  • Библием итщ Аннэ зи цІэ цІыхубзым и щапхъэр. Абы сабий зэримыІэр и гум хьэлъэу телът икІи абы щхьэкІэ Аннэ и пщІэр и жагъуэгъум зэпымыууэ ириудыхт (1 Самуила 1:6, 10).

  • Библием итщ Іэиуб зи цІэ цІыхухъум и щапхъэр. Абы фІэщхъуныгъэ быдэ иІэ пэтми, и гум уз зэрытелъым къыхэкІыу зэгуэр мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «ГъащІэм гущыкІ хуэсщІащ, афІэкІа сыпсэуну сыхуеижкъым» (Иов 7:16).

Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр гупсысэ Іейхэм зэрытекІуар дэри къыддоІэпыкъу гурыщІэ Іейхэм дыпэщІэтыну.

Дауэ Библиер къызэрыбдэІэпыкъуфынур? Кевин

«Биполярное расстройство» жыхуаІэр дауэ зэран къызэрысхуэхъур?

Кевин и ныбжьэгъуитІым я гъусэу кофе йофэ.

«Илъэс 50 хуэдиз сыщыхъум биполярное расстройство сиІэу къагъуэтащ. Зэми схузэфІэмыкІын мы дунейм темыту къысщохъу, зэми сыпсэуну сыхуэмеижу сохъу».

Дауэ Библиер къызэрыздэІэпыкъур?

«Сэ псом хуэмыдэу апостол Петр и щапхъэр сигу ирохь. Абы щыуагъэхэр ищІэт икІи абы щхьэкІэ и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжт. Ауэ апхуэдэ гурыщІэ Іейхэр зытримыгъакІуэу, Петр и ныбжьэгъухэм деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуэт. Си узыр нэхъ Іей щыхъум деж, си щыуагъэхэм фІэкІ нэгъуэщІым зыми семыгупсысыжыфу сохъу икІи зыри сримыщІысу къысщохъу. Петр хуэдэу, сэри си ныбжьэгъухэм пэжыжьэ зэрызыхуэзмыщІыным сыхущІокъу. Ахэр къыздоІэпыкъу си Іэр езмыхьэхыну.

Абы нэмыщІ сэ икъукІэ къыздоІэпыкъу Даут и щапхъэр. ЩІэх-щІэхыурэ абы и гур иудауэ щытт икІи япэм ищІа щыуагъэхэм игъэщхьэжагъуэт. Абы и гурыщІэхэр сэ фІы дыдэу къызгуроІуэ, сыту жыпІэмэ иужькІэ сызыхущІегъуэж гуэр сэри сощІэ икІи жызоІэ. Сэ сигу ирохь 51-нэ Псаломыр. 3-нэ едзыгъуэм Даут жеІэ: „Сэ бзаджагъэу злэжьар сощІэж икІи си гуэныхьыр си пащхьэ сыт щыгъуи илъщ“. Сэри аращ зыхэсщІэр фІы лъэпкъ зыхэзмылъэгъуэжу си Іуэхур щыІей дыдэм деж. Ауэ 10-нэ едзыгъуэм Даут жеІэ: „Гу къабзэ къызэт, си Алыхь, икІи къимыкІуэтын гу щІэуэ къысхэлъхьэ“. Сэри си тхьэлъэІухэр мы псалъэхэм ещхьщ икІи Иеговэ солъэІу нэфІкІэ сызэплъыжыну. Псом хуэмыдэу си гум дохьэ 17-нэ едзыгъуэр. Абы итщ: „Си Алыхь, зи гуэныхьым хущІегъуэжа икІи иудауэ щыт гур уэ ІэщІыб пщІынукъым“. Мы псалъэхэм си фІэщ ящІ Алыхьым фІыуэ сыкъызэрилъагъур.

Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэмрэ Алыхьым сэ къысхуищІэмрэ сызэрегупсысым си гугъапІэр нэхъ быдэ ещІ. Библием дыкъызэригъэгугъэр гъэзэщІа зэрыхъунум сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым икІи а гупсысэр къыздоІэпыкъу сыкъимыкІуэтыну».

Нэхъыбэ къащІэ

2004-нэ гъэм, щІышылэм и 8 къыдагъэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Жить, превозмогая эмоциональный недуг» жыхуиІэ статьям jw.org сайтым щеджэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын