49 СТАТЬЯР
ГъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфынущ
«Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкІуэдыжын гъащІэщ» (РИМ 6:23).
147-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъегъэгугъэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ гъащІэ мыухыжкІэ дыкъызэригъэгугъэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитрэ?
ИЕГОВЭ цІыху жыІэдаІуэхэр гъащІэ мыухыжкІэ къегъэгугъэ (Рим 6:23). А тыгъэм дыщегупсысым деж, Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин мэхъу. Фегупсысыт: уафэм щыІэ ди Адэм апхуэдизкІэ фІыуэ декъелъагъури, сыт щыгъуи абы дригъусэну хуейщ.
2. Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъызэригъэгугъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
2 Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъызэригъэгугъэр гъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну къыддоІэпыкъу. Ди бийхэм даукІыну жаІэми, Иеговэ дыхуэлэжьэн щыдгъэтынукъым. Апхуэдэ лІыгъэ сыт дэ къытхэзылъхьэр? Дэ дощІэ: ди гъащІэр тфІэкІуэду щытми, Иеговэ хуэпэжу дыкъанэмэ, абы лІахэм дакъыхигъэтэджыкІыжынущ икІи афІэкІа зэи дылІэжынукъым (Ин. 5:28, 29; 1 Кор. 15:55—58; Евр. 2:15). Ауэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал зэрыщыІэр дэнэ дэ щытщІэр? АдэкІэ абы щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
ИЕГОВЭ ИГЪАЩІЭКІЭ МЭПСЭУ
3. Иеговэ гъащІэ мыухыж къыдитыну зэрыхузэфІэкІынур дэнэ дэ щытщІэр? (Псалом 102:12, 24, 27).
3 Иеговэ дэ гъащІэ мыухыж къыдитыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гъащІэр къызыбгъэдэкІыр аращ икІи езыри игъащІэкІэ мэпсэу (Пс. 36:9). Иеговэ сыт щыгъуи зэрыщыІам икІи зэрыщыІэнум щыхьэт техъуэ Библием щыщ едзыгъуэ зыбжанэм гу лъыттэнщ. Псалом 90:2 щыжыІащ Иеговэ «зы лъэхъэнэм щыщІэдзауэ адрей лъэхъэнэм нэсыху» Алыхьу зэрыщытыр. Псалом 102-нэ псалъащхьэми апхуэдэ гупсысэхэр итщ. (Къеджэ Псалом 102:12, 24, 27.) Аввакум бегъымбарми уафэм щыІэ ди Адэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Ижь-ижьыж лъандэрэ уэ ущыІэкъэ, Иеговэ? Уэ, си Алыхь, си ЛъапІэ, уэ зэи улІэнукъым» (Авв. 1:12).
4. Иеговэ сыт щыгъуи зэрыщыІар икІи зэрыщыІэнур къыдгурыІуэну гугъуу щытмэ, дыгузэвэн хуей? КъыдгурывгъаІуэ.
4 Иеговэ сыт щыгъуи зэрыщыІар къыбгурыІуэну уи дежкІэ гугъу? (Ис. 40:28). Гугъуу щытмэ, абы зыри гъэщІэгъуэн хэлъкъым. Елиуй Алыхьым теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Абы и илъэс бжыгъэр къыпхуэбжынукъым» (Иов 36:26). Ауэ, уэ арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ, дэ зыгуэр къызэрыдгурымыІуэм къикІкъым ар апхуэдэу щымыту. Псалъэм папщІэ, дыгъэ бзийхэр зэрылажьэр икІэм нэс къыдгурымыІуэми, абы къикІкъым ар щымыІэу. Абы ещхьу Иеговэ сыт щыгъуи зэрыщыІар икІи сыт щыгъуи зэрыщыІэнур дэ зэи къыдгурыІуэну къыщІэкІынкъым. Ауэ а гупсысэр къыдгурыІуэну ди дежкІэ зэрыгугъум къикІкъым ар апхуэдэу щымыту. Алыхьым теухуа пэжыр дэ къыдгурыІуэм елъытакъым (Рим 11:33—36). Дунеишхуэмрэ, нэхур къызыбгъэдэкІ Дыгъэмрэ, вагъуэхэмрэ щыщымыІам щыгъуэ, ар щыІащ. Иеговэ жеІэ «и къарумкІэ щІылъэр зэриухуар». Аращи, «уафэгур иукъуэдиин» ипэ ар щыІащ (Иер. 51:15; Апост. 17:24). Дэ гъащІэ мыухыж диІэу дызэрыпсэуфынум сыт иджыри щыхьэт техъуэр?
ДЭ ДЫКЪЫЩІАГЪЭЩІАР ГЪАЩІЭ МЫУХЫЖ ДИІЭУ ДЫПСЭУН ЩХЬЭКІЭЩ
5. Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт хуэдэ гугъэ дахэ яІар?
5 Иеговэ къигъэщІа псэущхьэхэм я гъащІэм кІэ иІэщ. Ауэ гъащІэ мыухыж яІэу псэуну цІыхухэращ абы Іэмал зритар. Иеговэ Іэдэм мыпхуэдэу жриІащ: «Ауэ фІымрэ емрэ зэхэзыгъэкІ жыгым къыпыкІэр умышх; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар щыпшх махуэм уи ажалыр абы къыхэкІынущ» (ЩІэдз. 2:17). Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ и жыІэм щІэмыкІауэ щытамэ, ахэр зэи лІэнутэкъым. Абы къыхэкІкІэ, зэман гуэр дэкІа иужь, гъащІэ къэзыт жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр абыхэм яшхыну Иеговэ хуит ищІыну къыщІэкІынт. Апхуэдэу уегупсысыным акъыл хэлъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къигъэлъэгъуэнут гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Иеговэ ахэр хуит зэрищІыр (ЩІэдз. 3:22)b.
6, 7. 1) Алыхьым цІыхухэр лІэжын щхьэкІэ къызэримыгъэщІам сыт иджыри щыхьэт техъуэр? 2) Сыт уэ пщІэну узыщІэхъуэпсыр? (Сурэтым феплъ.)
6 Языныкъуэ щІэныгъэлІхэм къахутащ цІыхум и гъащІэм къриубыдэу къигъэсэбэпыфыну щІэныгъэм нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ и щхьэ куцІым зэрихуэфынур. 2010-нэ гъэм «Сайентифик америкэн майнд» жыхуиІэ журналым итащ информациеу гигабайт мелуан 2,5-рэ ихъумэну цІыхум и щхьэ куцІым зэфІэкІ зэриІэр. Псалъэм папщІэ, дэ зэпымыууэ сыхьэт мелуанищкІэ (илъэс 300-м щІигъукІэ) телевизорым деплъауэ щытамэ, апхуэдиз информацие къытІэрыхьэнут. ЦІыхум и акъылым информацие нэхъыбэж ихуэну языныкъуэхэм къалъытэ. Абы къегъэлъагъуэ цІыхур зэрыпсэу илъэс 70—80-м и акъылым ириубыдэфыным нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ информацие ихъумэну зэфІэкІ иІэу Иеговэ ар къызэригъэщІар (Пс. 90:10).
7 Абы нэмыщІ Иеговэ дыпсэуну дыхуейуэ гукъыдэжышхуэ къыдитащ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «абы цІыхухэм я гум ирилъхьащ игъащІэкІэ псэуну хуейуэ» (Эккл. 3:11). Аращ лІэныгъэр ди бийуэ щІэтлъытэм и зы щхьэусыгъуэр (1 Кор. 15:26). Псалъэм папщІэ, дэ узыфэ хьэлъэ гуэр къыдэуэлІауэ къатщІэу щытмэ, зыри дымыщІэу лІэныгъэм дыпэплъэну? Хьэуэ, дэ дохутырым и деж дыкІуэну икІи хущхъуэхэр зэтхьэлІэну къыщІэкІынщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, дымылІэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэнущ. Абы нэмыщІ фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм щытІэщІихым деж, ар сыт хуэдэ ныбжьым имытами, абы къытхуихь гуауэм зэман куэдкІэ диІыгъщ (Ин. 11:32, 33). ДауикІ, фІыуэ дыкъэзылъагъу икІи дыкъэзыгъэщІа Алыхьыр игъащІэкІэ дыпсэуну хуэмеямэ, апхуэдэ зэфІэкІхэмрэ гукъыдэжрэ къыдитынутэкъым. Ауэ гъащІэ мыухыж диІэу дызэрыпсэуфынур ди фІэщ зыщІ нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри щыІэщ. Иеговэ блэкІа зэманым ищІамрэ нобэ игъэзащІэ Іуэхухэмрэ щыхьэт тохъуэ цІыхухэм теухуауэ абы и мурадым зэрызимыхъуэжар. АдэкІэ абы нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.
Дэ гъащІэ мыухыж къытпэщылъщ икІи ар къыщытлъысыну зэманым тщІэну дызыхуейр ди нэгу къыщІэдгъэхьэну ди фІэфІщ (7-нэ абзацым феплъ.)c
ИЕГОВЭ И МУРАДЫМ ЗИХЪУЭЖАКЪЫМ
8. Иеговэ цІыхухэм яхуиІэ мурадым теухуауэ Исайя 55:11 сыт щыжыІар?
8 Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь ящІэу я щІэблэм лІэныгъэр Іыхьэ зэрыхуащІам щхьэкІэ къэмынэу Иеговэ и мурадыр ихъуэжакъым. (Къеджэ Исайя 55:11.) Ноби, япэм хуэдэу, Иеговэ хуейщ абы хуэпэж цІыхухэм гъащІэ мыухыжыр тыгъэу яритыну. Дэнэ дэ ар щытщІэр? А мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ, Иеговэ ищІамрэ жиІамрэ зэпкърытхыу щытмэ, ар наІуэ хъунущ.
9. Алыхьым сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ? (Даниил 12:2, 13).
9 Иеговэ дыкъигъэгугъащ цІыху лІахэр къигъэтэджыжыну икІи абыхэм гъащІэ мыухыж яритыну (Апост. 24:15; Тит 1:1, 2). ЦІыху пэжу щыта Іэиуб шэч къытрихьэтэкъым лІахэр къигъэтэджыжыну Алыхьым гукъыдэжышхуэ зэриІэм (Иов 14:14, 15). Бегъымбар Данили ищІэт цІыхухэр лІахэм къахэтэджыкІыжыну икІи афІэкІа мылІэжу псэуну Іэмал зэрыщыІэр (Пс. 37:29; къеджэ Даниил 12:2, 13). Хьисэ щыпсэуа зэманым журт лъэпкъым щыщ цІыхухэми ящІэт Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм гъащІэ мыухыж тыгъэу зэраритыфынур (Лк. 10:25; 18:18). А гугъэ дахэм Хьисэ мызэ-мытІэу тепсэлъыхьащ. Уеблэмэ, ар езыр лІахэм къыхагъэтэджыкІыжауэ щытащ (Мт. 19:29; 22:31, 32; Лк. 18:30; Ин. 11:25).
Иляс бегъымбарым цІыху лІар къызэригъэтэджыжам ди фІэщ ищІыр сыт? (10-нэ абзацым феплъ.)
10. ЛІахэм къахэтэджыкІыжауэ Библием зи гугъу ищІ цІыхухэм я щапхъэхэр сытым щыхьэт техъуэрэ? (Сурэтым феплъ.)
10 ГъащІэр къызыбгъэдэкІыр Иеговэщи, лІахэр къигъэтэджыжыну абы къару иІэщ. Псалъэм папщІэ, Сарептэ къалэм щыщ фызабэм и къуэр къигъэтэджыжыну Иеговэ Иляс бегъымбарым къару иритащ (1 Цар. 17:21—23). ИужькІэ бегъымбар Елисей Алыхьым и фІыгъэкІэ Шунем щыщ цІыхубзым и къуэм и гъащІэр иритыжауэ щытащ (2 Цар. 4:18—20, 34—37). Мы Іуэхугъуэхэри нэгъуэщІхэри щыхьэт тохъуэ Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжыну къару зэриІэм. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ къигъэлъэгъуащ цІыхухэр къигъэтэджыжыну Алыхьым зэфІэкІ къызэрыритар (Ин. 11:23—25, 43, 44). Иджыпсту Хьисэ уафэм щыІэщ икІи «уафэми щІылъэми тепщэныгъэ псори... и ІэмыщІэ илъщ». Аращ абы ита мы псалъэхэр щІигъэзэщІэжыфынур: «Кхъэм щІэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщІэкІыжыну махуэр къэсынущ». ИкІи абыхэм Іэмал яІэнущ зэи мылІэжу игъащІэкІэ псэуну (Мт. 28:18; Ин. 5:25—29).
11. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну дапхуэдэу Іэмал къызэрытхузэІуихар?
11 Иеговэ фІыщэу илъагъу и Къуэм апхуэдиз хьэзаб и псэм телъу цІыхухэм яукІыну хуит щІищІар сыт? Абы теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ» (Ин. 3:16). Ди гуэныхьхэр пшыныжа хъун щхьэкІэ, Алыхьым и Къуэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу итащ икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал къытхузэІуихащ (Мт. 20:28). Ар Алыхьым и мурадым мыхьэнэшхуэ зиІэ и Іыхьэщ. Абы теухуауэ апостол Паул мыпхуэдэу итхащ: «ЛІэныгъэр къызыпкърыкІар зы цІыху закъуэщ, апхуэдэуи лІахэм я къэтэджыжыныр къызыпкърыкІынур зы цІыхущ. ЦІыху псори Іэдэм къызэрытехъукІахэм щхьэкІэ, зэрылІэжынум хуэдэу, Мэссихь зи псэм щыщ цІыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ» (1 Кор. 15:21, 22).
12. Дэ ттеухуауэ Иеговэ и мурадыр дапхуэдэу Пащтыхьыгъуэм зэригъэзэщІэнур?
12 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къэкІуэн икІи абы и мурадыр щІылъэми щыгъэзэщІа хъун щхьэкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым елъэІуну игъасэу щытащ (Мт. 6:9, 10). Алыхьым и мурадым хыхьэр цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуныращ. А мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу и Къуэр тригъэуващ. Хьисэ дэІэпыкъун щхьэкІэ, Алыхьым цІыху 144 000 уафэм щызэхуешэс (Апок. 5:9, 10).
13. Ди зэманым Иеговэ сыт хуэдэ Іуэху игъэзащІэр икІи дэ ди лъэныкъуэкІэ тщІэн хуейр сыт?
13 Иджыпсту Иеговэ «цІыху куэдыкІей» зэхуешэс икІи и Пащтыхьыгъуэм щІэту псэуну ахэр егъасэ (Апок. 7:9, 10; Екъуб 2:8). Лъагъумыхъуныгъэмрэ зауэмрэ къыхэкІкІэ нобэ цІыхухэм зэкъуэтыныгъэ яІэкъым. Ауэ, абы емылъытауэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр я зэхуаку лъэпкъ зэхэгъэжымрэ лъагъумыхъуныгъэмрэ дамыгъэлъыну хущІокъу. НэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм иджыпсту я джатэхэм пхъэІэщэ къыхаІущІыкІ (Мих. 4:3). Ахэр, цІыху куэд зыхэкІуадэ зауэхэм хэтын ипІэкІэ, Иеговэрэ абы и мурадымрэ теухуа хъыбарымкІэ цІыхухэм догуашэ икІи «мыкІуэдыжын гъащІэм» хуэзышэ гъуэгум теувэну абыхэм ядоІэпыкъу (1 Тим. 6:19). Иеговэ и лэжьакІуэхэм, Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр зэраІыгъым щхьэкІэ, я Іыхьлыхэм я щІыб абыхэм къыхуагъэзэнкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэм ахъшэм епха гугъуехьхэр яІэфынущ. Ауэ Иеговэ и лъэпкъым зыхуэныкъуэу хъуар ирет (Мт. 6:25, 30—33; Лк. 18:29, 30). А псом ди фІэщ ещІ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зэрыщыІэр икІи Иеговэ и мурадыр абы адэкІи зэригъэзэщІэнур.
ГЪАЩІЭ ДАХЭ КЪЫТПЭЩЫЛЪЩ
14, 15. Иеговэ лІэныгъэр игъэкІуэдыжыну дыкъызэригъэгугъэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъунур?
14 Иджыпсту Хьисэ — уафэм щыІэ Пащтыхьщ икІи Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псор абы игъэзэщІэнущ (2 Кор. 1:20). 1914-нэ гъэм къыщыщІэдзауэ Хьисэ «и бийхэм яхэту» и тепщэныгъэр егъэзащІэ (Пс. 110:1, 2). Куэд мыщІэу Хьисэрэ абы и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэмрэ цІыху бзаджэхэр ягъэкІуэдыжынущ (Апок. 6:2).
15 Хьисэ илъэс минкІэ Пащтыхьу щыщытыну зэманым лІахэр къигъэтэджыжынущ икІи Иеговэ хуэжыІэдаІуэ цІыхухэм ядэІэпыкъунущ ахэр дагъуэншэ хъужыну. Иужьрей гъэунэхуапІэм иужь Иеговэ цІыху пэжу къилъытэхэм «мы щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи игъащІэ псокІи абы щыпсэунущ» (Пс. 37:10, 11, 29). Абы щыгъуэ «иужьрей бийуэ Тхьэм игъэкІуэдынур лІэныгъэр арщ» (1 Кор. 15:26). Ар пщІэну сыту насыпышхуэ!
16. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытын хуейр сыт?
16 Зэрытлъэгъуащи, игъащІэкІэ дыпсэуну диІэ гугъэр Алыхьым и Псалъэм быдэу тегъэщІащ. А гугъэр къыддоІэпыкъу мы иужьрей зэман бзаджэм Иеговэрэ Хьисэрэ дахуэпэжу дыкъэнэну. Ауэ, Иеговэ игу дыдыхьэн щхьэкІэ, абы дызэрыхуэпэжым и япэ щхьэусыгъуэу щытын хуейр дыкъелыну дызэрыхуейракъым, атІэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ зэрытлъагъуращ (2 Кор. 5:14, 15). Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ тетхыну икІи диІэ гугъэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну дыхуэзыгъэушыр лъагъуныгъэращ (Рим 10:13—15). Ди гум хьэрэмыгъэ имылъу икІи хьэлэлу дыщыту зедгъасэмэ, Иеговэ игъащІэкІэ ди ныбжьэгъуу щытынущ (Евр. 13:16).
17. Дэтхэнэ зыми сыт тщІэн хуейр? (Маттэ 7:13, 14).
17 Мыухыж гъащІэ къызылъысыну цІыхухэм дахэтыну пІэрэ дэ? Иеговэ дэтхэнэ зыми апхуэдэ Іэмал къытхузэІуихащ. Мыухыж гъащІэм дыхуэзышэ гъуэгум дытетынрэ дытемытынрэ иджы зэлъытар дэращ. (Къеджэ Маттэ 7:13, 14.) НтІэ, дунеищІэм сыт хуэдэ гъащІэ щыдиІэнур? Мы упщІэм и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
141-НЭ УЭРЭДЫР ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ
a ГъащІэ мыухыж уиІэу ущыпсэуну зэманым къыпхуэмыгъэсу упэплъэрэ? ЛІэныгъэр дигу къыщымыкІыххэну зэманыр къызэрысынумкІэ Иеговэ дыкъегъэгугъэ. Иеговэ и псалъэр Іэмал имыІэу зэригъэзэщІэжынум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ зыбжанэ мы статьям щызэпкърытхынущ.
b «„ИгъащІэкІэ“ жыхуиІэ псалъэр Библием зэритыр» зи цІэ рамкэм феплъ.
c СУРЭТЫР. Зи ныбжь хэкІуэта къуэшым дунеищІэм щищІэну зыхуей Іуэхугъуэхэр и нэгу къыщІегъэхьэ.