Сыт дэ зауэхэм дыщІыхэмытыр, пасэрей журтхэм зауэхэр ирагъэкІуэкІыу щытами?
«ФЭ ФЩЫЩУ зы цІыху закъуэм Францием е Англием пэщІэту зэуэн имыдэмэ, фэ псори фызэтедукІэнущ!» Мы псалъэхэр нацистхэм я офицерым макъ губжьакІэ Иеговэ и Щыхьэт яубыдахэм жриІащ. Ауэ а псалъэхэм ди къуэшхэм щыщу зыри игъэшынакъым, ІэщэкІэ зэщІэузэда зауэлІхэр абдеж зэрыщытым емылъытауэ. А къуэшхэм лІыгъэшхуэ ягъэлъэгъуащ! Мы щапхъэм наІуэу къегъэлъагъуэ Иеговэ и Щыхьэтхэр цІыхухэм ирагъэкІуэкІ зауэхэм зэрыхущытыр: дэ абыхэм дыхэткъым. ДаукІыну дагъэшынэми, зэпэщІэувахэм зыми и лъэныкъуэр дэ дыубыдкъым.
Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэу зызыбжыжхэм щыщу апхуэдэ еплъыкІэм арэзы темыхъуэхэри щыІэщ. Куэдым зэрабжымкІэ, Алыхьыр зи фІэщ хъу цІыхур хуитщ зауэхэм хэтыну, уеблэмэ, ар абы и къалэнщ. Ахэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Пасэрей зэманым псэуа журтхэм зауэхэр ирагъэкІуэкІт, Алыхьым и лъэпкъыу зэрыщытым емылъытауэ. Сыт-тІэ нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр зауэ щІэмыхъунур?» Сыт хуэдэ жэуапт мы упщІэхэм ептынур? Апхуэдэу жызыІэм къыгурыбгъаІуэ хъунущ пасэрей зэманым псэуа журт лъэпкъымрэ нобэ Алыхьым хуэлажьэхэмрэ я Іуэхур зыІутыр хуабжьу зэрызэщхьэщыкІыр. Абы теухуауэ гупсыситху зэпкърытхынщ.
1. АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР ПСОРИ ЗЫ ЛЪЭПКЪЫМ ЩЫЩТ
Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр псори зы лъэпкъ ищІат — ар Израил лъэпкъырат. Журтхэм теухуауэ Алыхьым мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «ЦІыху лъэпкъ псоми къыхэсхауэ лъэпкъ лъапІэ фыхъунущ» (Исх. 19:5). Абы нэмыщІ Алыхьым абыхэм щІыналъэ яритат. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и унафэкІэ израил цІыхухэр адрей лъэпкъхэм езэуэну щыкІуэм деж, зыри и динэгъум езауэтэкъым икІи иукІтэкъымa.
Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр «лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми» къыхэкІауэ щытщ (Апок. 7:9). Иеговэ хуэлажьэ цІыхур зауэм кІуэуэ щытмэ, ар и динэгъум езэуэн хуей хъунущ, уеблэмэ, и къуэшыр иукІын хуей хъунущ. Сыту шынагъуэ апхуэдэ гуэр уи нэгу къыщІэбгъэхьэну!
2. ИЗРАИЛ ЛЪЭПКЪЫР ЗЭРЫЗАУЭР ЕЗЫ ИЕГОВЭ И УНАФЭТ
Пасэрей зэманым езы Иеговэт унафэ зыщІыр дапщэщ икІи сыт хуэдэ мурад иІэу израил лъэпкъыр зауэм кІуэн хуейми. Псалъэм папщІэ, Алыхьым журтхэм унафэ яхуищІат Ханаан щІыналъэм щыпсэу лъэпкъхэр ягъэкІуэдыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр жин бзаджэхэм хуэлажьэт, хабзэншагъэ зэрахьэт икІи я сабийхэр къурмэныпхъэу тхьэ нэпцІхэм къыхуахьт. Иеговэ и лъэпкъым ирит щІыналъэм апхуэдэ мыхъумыщІагъэм кІэ щетын хуейт (Лев. 18:24, 25). Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм журтхэр итІысхьа нэужь, иныкъуэхэм деж Иеговэ и лъэпкъым унафэ хуищІт бийхэм езэуэну (2 Сам. 5:17—25). Ауэ зауэ ирагъэкІуэкІынрэ ирамыгъэкІуэкІынрэ езыхэм унафэ ящІыну Иеговэ журтхэр зэи хуит ищІакъым. Алыхьым и жыІэм ебакъуэу, езыхэм Іэщэ къыщащтэм деж, инэхъыбэм абы Іей куэд къыпэкІуэт (Чис. 14:41—45; 2 Лет. 35:20—24).
Нобэ Иеговэ цІыхухэм яжриІэкъым зауэхэр ирагъэкІуэкІыну. Лъэпкъхэр щызэзауэкІэ щхьэж и фейдэ къилъыхъуэу аращ, армыхъумэ Алыхьым и мурадыр ягъэзащІэу аракъым. Зауэхэр езыгъэкІуэкІхэм инэхъыбэм я мурадыр щІылъэщІэхэр къазэуныращ е я экономикэмрэ я политикэмрэ нэхъыфІ зэращІыныращ. Алыхьым и цІэкІэ зауэу жызыІэхэри щыІэщ. Абыхэм зэрыжаІэмкІэ, Алыхьымрэ динымрэ я бийхэр яукІыу аращ. Ауэ Иеговэ и бийхэр езым игъэкІуэдыжынущ икІи и лэжьакІуэ пэжхэм къащхьэщыжынущ. А псор къэкІуэну зауэм къыщыхъунущ — Армагеддон зауэм (Апок. 16:14, 16). А зауэм Алыхьым и дзэм хыхьэнур уафэм щыпсэу и лэжьакІуэхэращ, атІэ цІыхухэракъым (Апок. 19:11—15).
3. ИЗРАИЛ ЦІЫХУХЭМ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ ЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭХЭР ПСЭУУЭ КЪАГЪАНЭТ
Нобэ зауэ езыгъэкІуэкІхэм Алыхьым хуэпэж цІыхухэм гущІэгъу хуащІу пІэрэ, пасэрей зэманым журтхэм Рааврэ абы и унагъуэмрэ гущІэгъу зэрыхуащІам хуэдэу?
Пасэрей зэманым Израилым и дзэм иукІыр Иеговэ тезыр зытрилъхьахэрат. Ауэ зыгуэрым АлыхьымкІэ фІэщхъуныгъэ игъэлъагъуэмэ, псэууэ къагъанэт. ЩапхъитІ дигу къэдгъэкІыжынщ. Ерихон къалэр зэрыщыту зытракъутэну Иеговэ журтхэм унафэ яхуищІами, Рааврэ абы и унагъуэм щыщхэмрэ къелащ, абыхэм фІэщхъуныгъэ быдэ зэрагъэлъэгъуам и фІыгъэкІэ (Иис. Н. 2:9—16; 6:16, 17). Зэман гуэр дэкІа нэужьи, Гаваон къалэр зэрыщыту къелащ, абы дэс цІыхухэм Алыхь фІэлІыкІ зэрахэлъам щхьэкІэ (Иис. Н. 9:3—9, 17—19).
Нобэ зэзауэхэм зыми гущІэгъу хуащІкъым: Алыхьыр зи фІэщ хъухэми, ар зи фІэщ мыхъухэми. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зауэхэм лажьэ зимыІэ цІыху цІыкІур хокІуадэ.
4. ЗАУЭХЭР ЗЭРЕГЪЭКІУЭКІЫН ХУЕЙМ ТЕУХУАУЭ АЛЫХЬЫМ ИГЪЭУВА ХАБЗЭХЭМ ИЗРАИЛЫР ТЕТЫН ХУЕЙТ
Пасэрей зэманым зауэхэр зэрегъэкІуэкІын хуейм теухуауэ Иеговэ и лъэпкъым унафэ хуищІт. Псалъэм папщІэ, иныкъуэхэм деж, къалэм теуэн ипэ, израил цІыхухэм а къалэм дэсхэм я гъащІэр кърагъэлын щхьэкІэ сыт ящІэн хуейми жраІат (Втор. 20:10). Абы нэмыщІ къабзагъэм кІэлъыплъыну икІи хабзэншагъэ зэрамыхьэну Иеговэ израил зауэлІхэм яхуигъэувт (Втор. 23:9—14). Адрей лъэпкъхэм я хабзэт яубыда къалэхэм дэс цІыхубзхэм лей ирахыну, ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуидэтэкъым апхуэдэ гуэр ящІэну. А псом нэмыщІ израил цІыхухъум гъэру иубыда цІыхубзыр къишэну хуеймэ, ар щищІэ хъунур мазэ дэкІа нэужьт (Втор. 21:10—13).
Нобэ къэралхэм и нэхъыбэр зауэхэр зэрегъэкІуэкІын хуей хабзэхэм арэзы тохъуэ. Ауэ, абы емылъытауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лажьэ зимыІэ цІыху цІыкІур зауэхэм хокІуадэ.
5. АЛЫХЬЫР И ЛЪЭПКЪЫМ ЩХЬЭКІЭ ЕЗЫР ЗАУЭТ
Израил лъэпкъым Ерихон къалэр къыщизэум щыгъуэ зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу, нобэ Алыхьыр лъэпкъ гуэрым къыщхьэщыжу зауэу пІэрэ?
Пасэрей зэманым Иеговэ израил цІыхухэм къадэщІу зауэт икІи, ахэр текІуэн щхьэкІэ, телъыджэхэр щилэжь щІэх-щІэхыурэ къэхъут. Псалъэм папщІэ, Ерихон къалэр къазэуну дауэ Иеговэ журтхэм зэрыдэІэпыкъуар? Иеговэ и унафэкІэ зауэлІхэр макъышхуэкІэ гуоури, къалэм и блынхэр къэуащ. Абы и фІыгъэкІэ израил лъэпкъым къалэр тыншу иубыдащ (Иис. Н. 6:20). Аморей цІыхухэр-щэ? Дапхуэдэут Израилым и дзэр абыхэм зэрытекІуар? «Иеговэ... уафэм къридзыхыурэ уэшхуэкІэ абыхэм яхэуэт, икІи ахэр хэкІуадэт. Уэм иукІар нэхъыбэт, израил цІыхухэм я джатэм иукІам нэхърэ» (Иис. Н. 10:6—11).
Нобэ Иеговэ лъэпкъ гуэрым къыдэщІу зауэкъым. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр Хьисэ Мэссихь и ІэмыщІэм илъщ икІи ар «мы дунейм щыщкъым» (Ин. 18:36). ЦІыху правительствэхэр зэрыщыту Иблисым и ІэмыщІэм илъщ. Мы дунейм зауэхэр езыгъэкІуэкІхэм ШейтІаным и хьэл гущыкІыгъуэхэм щапхъэ трахыу аращ (Лк. 4:5, 6; 1 Ин. 5:19).
ХЬИСЭ И ГЪЭСЭН ПЭЖХЭМ МАМЫРЫГЪЭР ЯУХУЭ
Къызэрытлъэгъуащи, пасэрей зэманым псэуа журт лъэпкъымрэ нобэ Алыхьым хуэлажьэхэмрэ я Іуэхур зыІутыр хуабжьу зэщхьэщокІ. Ауэ зауэхэм дыщІыхэмытым а зыракъым щхьэусыгъуэ хуэхъур. НэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри щыІэщ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым зэрыжиІамкІэ, и гъуэгухэм ирикІуэхэм «афІэкІа зэуэ́кІэ зрагъэсэжынукъым», зауэхэм хэтын дэнэ къэна (Ис. 2:2—4). Абы нэмыщІ Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІауэ щытащ: «Мы дунейм фыщыщкъым» (Ин. 15:19). Аращ абыхэм нобэ екІуэкІ зауэхэм зыми и лъэныкъуэр щІамыубыдыр.
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт гужьгъэжь, губжь е зэбииныгъэм ухуэзышэ гупсысэхэм пэІэщІэ зыхуащІыну (Мт. 5:21, 22). А псом нэмыщІ абы и гъэсэнхэм мамырыгъэр яухуэн икІи я жагъуэгъухэр фІыуэ ялъагъун хуейщ (Мт. 5:9, 44).
Хьисэ и унафэр дауэ зэрыдгъэзащІэ хъунур? ДауикІ, дэ зауэм дыкІуэнукъым. Ауэ зэхуэсым щыщ гуэрым гужьгъэжь хуэдмыщІу пІэрэ? Апхуэдэ гурыщІэхэм дытекІуэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІ къэдгъэнэнкъым! (Екъуб 4:1, 11).
ЗэпэщІэт лъэпкъхэм зыгуэрым и лъэныкъуэр дыубыдыным ипІэкІэ, ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэрэ лъагъуныгъэрэ зэрыдэлъыным дыхущІокъу (Ин. 13:34, 35). Иеговэ зауэхэм кІэ щритыну зэманыр къэсыху, къарууэ диІэр етхьэлІэнщ, нейтралитетым дытетын щхьэкІэ (Пс. 46:9).
a Израилым щыщ лъэпкъхэр зыр зым щезэуэж къэхъуми, зыгуэрым и къуэшым илъ зэригъажэр Иеговэ илъагъу хъутэкъым (1 Цар. 12:24). Ауэ иныкъуэхэм деж апхуэдэ зауэр Иеговэ идэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ языныкъуэ унагъуэ лъэпкъхэр е Алыхьым епцІыжт е нэгъуэщІ гуэныхь хьэлъэхэр ящІэт (Суд. 20:3—35; 2 Лет. 13:3—18; 25:14—22; 28:1—8).