ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Октябрь н. 24—28
  • Уи гугъапІэр быдэу щрет!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи гугъапІэр быдэу щрет!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДИ ГУГЪАПІЭР ХЪУРЗЭМ ХУЭДЭЩ
  • ДИ ГУГЪАПІЭР ТАЖЫМ ХУЭДЭЩ
  • УИ ГУГЪАПІЭР БЫДЭУ ЩРЕТ!
  • «ФЫЗЫЩЫГУГЪЫУ ФЫЗЫПЭПЛЪЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ФАЩЫГУФІЫКІ»
  • Дызыщыгугъыр Іэмал имыІэу къэхъунущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Октябрь н. 24—28

44 СТАТЬЯР

Уи гугъапІэр быдэу щрет!

«Иеговэ щыгугъ» (ПС. 27:14).

144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Сыт хуэдэ гугъапІэ Иеговэ къыдитар?

ИЕГОВЭ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну гугъапІэ дахэ къыдитащ. Языныкъуэхэм уафэм щыпсэуну гугъэ яІэщ (1 Кор. 15:50, 53). Ауэ инэхъыбэр зыщыгугъыр щІылъэм щыІэну гъащІэ мыухыжыращ. Абы щыгъуэ псоми насыпрэ узыншагъэ быдэрэ яІэнущ (Апок. 21:3, 4). Ди гугъапІэр зэпхар уафэрами щІылъэрами, дэ ар лъапІэу долъытэ.

2. Ди гугъапІэм сыт хуэдэ лъабжьэ иІэр икІи сыт апхуэдэу щІыжытІэр?

2 Библием ит «гугъапІэ» псалъэм къегъэлъагъуэ цІыхур фІы гуэрым зэрыпэплъэр. Дызыщыгугъыр къызэрыхъунум дэ шэч къытетхьэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гугъапІэр къызыбгъэдэкІыр езы Иеговэщ (Рим 15:13). Дэ дощІэ Алыхьым и псалъэр сыт щыгъуи зэриІыгъыжыр (Чис. 23:19). Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псор игъэзэщІэжыну гукъыдэжи зэфІэкІи зэриІэр. Аращи, ди гугъапІэм лъабжьэ быдэ иІэу жыпІэ хъунущ.

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур? (Псалом 27:14).

3 Уафэм щыІэ ди Адэм дэ фІыуэ делъагъу икІи ар хуейщ абы дзыхь хуэтщІыну. (Къеджэ Псалом 27:14.) Иеговэ быдэу дызэрыщыгугъыр къыддэІэпыкъунущ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну икІи гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэду фІым дыпэплъэну. Мы статьям гугъапІэ диІэм дыкъызэрихъумэм дыщытепсэлъыхьынщ. ЯпэщІыкІэ гугъэр хъурзэмрэ тажымрэ щІебгъэщхь хъунум деплъынщ. ИужькІэ ди гугъапІэр дауэ нэхъ быдэ тщІы хъунуми зэпкърытхынщ.

ДИ ГУГЪАПІЭР ХЪУРЗЭМ ХУЭДЭЩ

4. Ди гугъапІэр хъурзэм щІебгъэщхь хъунур сыт? (Еврейхэм 6:19).

4 Апостол Паул ди гугъапІэр хъурзэм иригъэщхьащ. (Къеджэ Еврейхэм 6:19.) Паул щІэх-щІэхыурэ хым тету къикІухьти, фІы дыдэу ищІэт, жьапщэм кхъухьыр зыщІыпІи имыхьын щхьэкІэ, хъурзэм ар быдэу зэриІыгъыфыр. Зэгуэр абы илъэгъуащ цІыхухэм «борэнышхуэм кхъухьыр мывэшхуэхэм яфІигъэнэнкІэ» шынэу, «кхъухьыпхэмкІэ хъурзиплІ» зэрыщрадзыхар (Апост. 27:29, 39—41). Дэри ди гъащІэм «борэнышхуэхэм» дыщыпэщІэхуэм деж, гугъапІэр, хъурзэм хуэдэу, къыддоІэпыкъу Иеговэ и лъэныкъуэр адэкІи быдэу тІыгъыну. Гугъэ быдэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ хьэлъэри тхуэшэчынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ гъащІэ дахэ къызэрытпэщылъыр. Хьисэ жиІауэ щытат дэ гугъуехь зэрыдагъэшэчынур (Ин. 15:20). Абы къыхэкІкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ тыгъэм куууэ дегупсысыным. Ар къыддэІэпыкъунущ Алыхьым и гъуэгум дытемыкІыну.

5. Хьисэ куэд мыщІэу зэраукІынур зэрищІэм емылъытауэ, дапхуэдэу абы гугъэм къару къриту зэрыщытар?

5 Хьисэ гущІэгъуншэу зэраукІынур ищІэ пэтми, ар Иеговэ хуэпэжу къэнащ. Дауэ гугъэр абы къызэрыдэІэпыкъуар? 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм апостол Пётр Мэссихьым теухуауэ Псалом тхылъым ит псалъэхэр къихьауэ щытащ. А псаломыр Хьисэ иІа фІэщхъуныгъэм бзэ дахэкІэ тепсэлъыхьт: «Си псэр хьэдрыхэ [кхъэлэгъунэм, ДЩІ] къыщыбнэнукъым. Уэ уи ІурыщІэ цІыху лъапІэм и хьэдэр бгъэфынукъым. [...] Сэ уи дежи сыщыбгъэгуфІэнущ» (Апост. 2:25—28; Пс. 16:8—11). Хьисэ и гъащІэр зэрыфІэкІуэдынур ищІэми, Алыхьым ар къызэригъэтэджыжынум икІи уафэм щыІэ и Адэм и гъусэу гуфІэгъуэ къыхуэзыхь гъащІэ аргуэру зэриІэнум теухуауэ абы гугъэ быдэ иІэт (Евр. 12:2, 3).

6. ГугъапІэм теухуауэ сыт ди зы къуэшым жиІауэ щытар?

6 Библием тегъэщІа гугъэр ди къуэш, ди шыпхъу куэдым къадоІэпыкъу, гъэунэхуапІэхэм щыпэщІэхуэм деж, Алыхьым пэжу къыхуэнэну. Англием щыщ ди къуэш Ленард Чинн и щапхъэр къэтхьынщ. Япэ Дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ, армэм кІуэн зэримыдам щхьэкІэ, ар тутнакъым ирадзат. МазитІкІэ и закъуэу камерэм иса нэужь, ар лэжьыгъэ хьэлъэ здэщыІэм ягъэкІуащ. ИужькІэ Ленард мыпхуэдэу итхауэ щытащ: «Сэ къысщыщІам къызгуригъэІуар зыщ: Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ, гугъапІэм дыхуэныкъуэщ. Дэ Хьисэрэ апостолхэмрэ я щапхъэфІыр, абы нэмыщІ Библием дыкъызэригъэгугъэ псалъэ дахэхэр диІэщ. А псом гугъапІэ дахэрэ къарурэ къыдет». Ленард и дежкІэ гугъапІэр хъурзэм хуэдэт. Ди дежкІи ар апхуэдэу щытыфынущ.

7. ГъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэ зэманым деж, дауэ ди гугъапІэр нэхъ быдэ зэрыхъур? (Рим 5:3—5; Екъуб 1:12).

7 ГъэунэхуапІэхэм теубыдагъэ зэрыдгъэлъагъуэм икІи Иеговэ и дэІэпыкъуэгъумрэ ар къызэрытхуэарэзымрэ зэрызыхэтщІэм ди гугъэр нэхъ быдэ ещІ. (Къеджэ Рим 5:3—5; Екъуб 1:12.) Абы щыгъуэ ди гугъапІэр куэдкІэ нэхъ быдэ мэхъу, хъыбарыфІыр щызэхэтха дыдэм нэхърэ. Иблисыр хуейщ Алыхьым депцІыжыну, ауэ Иеговэ и фІыгъэкІэ дэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпхыкІыфынущ.

ДИ ГУГЪАПІЭР ТАЖЫМ ХУЭДЭЩ

8. Ди гугъапІэр тажым щІебгъэщхь хъунур сыт? (1 Фессалоникэ 5:8).

8 Библием гугъэр иджыри тажым ирегъэщхь. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:8.) Тажым зауэлІым и щхьэр ехъумэ. Дэри духовнэ зауэм дыхэтщи, ди акъылыр ШейтІаным щытхъумэн хуейщ. Иблисым ди гупсысэкІэр зэрызэІигъэхьэн Іэмал куэд ещІэ. Аращи, тажым зауэлІым и щхьэр къызэрихъумэу щытам хуэдэу, ди гугъапІэм ди гупсысэкІэр къехъумэ, Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ.

9. ГъащІэ мыухыжымкІэ гугъэ зимыІэ цІыхухэр дапхуэдэу зэрыпсэур?

9 ГъащІэ мыухыжымкІэ гугъэ диІэр къыддоІэпыкъу Іущагъ зыхэлъ унафэхэр тщІыну. Ауэ мы дунейм и гупсысэкІэр зытедгъакІуэмэ, ди гугъэр тфІэкІуэду, гъащІэ мыухыжым дыхэкІыжынкІэ хъунущ. Коринф къалэм дэсахэм къащыщІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжынумкІэ яІа фІэщхъуныгъэр абыхэм зыфІагъэкІуэдат (1 Кор. 15:12). Паул зэритхамкІэ, къытпэщылъ гъащІэм теухуауэ гугъэ зимыІэхэр пщэдей къэхъунум емыгупсысу, я щхьэ закъуэм хуэпсэужу аращ (1 Кор. 15:32). Нобэ куэдым я фІэщ хъукъым Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр зэригъэзэщІэжынур. Абы къыхэкІкІэ ахэр зыхущІэкъур загъэтхъэжу зэрыпсэун закъуэращ. Ауэ дэ Алыхьым дзыхь худощІ икІи ди гугъапІэм, тажым хуэдэу, дыкъехъумэ. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъуфыну гупсысэкІэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну ар къыддоІэпыкъу (1 Кор. 15:33, 34).

10. Ди гугъапІэм гупсысэкІэ пхэнжым дапхуэдэу дызэрыщихъумэр?

10 Тажым хуэдэ гугъапІэм мыпхуэдэ гупсысэкІэм дыщехъумэ: «Сэ зэи Иеговэ арэзы схуэщІынукъым». Зыгуэрым жиІэфынущ: «ГъащІэ мыухыжыр къызэрыслъымысынур хьэкъщ. Сэ ар схуэфащэкъым. Алыхьым къысхуигъэув псори нэгъэсауэ сэ зэи схуэгъэзэщІэнукъым». Апхуэдэ гуэрт Элифаз Іэиуб жриІэу щытар: «ЛІэжыну цІыхур дауэ къабзэу зэрыщытыфынур?» Абы нэмыщІ Элифаз Алыхьым теухуауэ мыпхуэдэу жиІэт: «Абы и мелыІыч лъапІэхэми дзыхь яхуищІкъым икІи уафэ нэгъуни абы и дежкІэ къабзэкъым» (Иов 15:14, 15). Сыту пцІышхуэт ар! Апхуэдэ гупсысэкІэ пхэнжыр Иблисым къызэрыбгъэдэкІыр зыщомыгъэгъупщэ. Абы ещІэ апхуэдэ гупсысэхэр зытебгъакІуэмэ, уи гугъапІэр зэрыужьыхыжынур. Абы къыхэкІкІэ, ШейтІаным къыбгъэдэкІ пцІым упэщІэтын икІи Иеговэ дыкъызэригъэгугъэм уегупсысын щхьэкІэ, къарууэ уиІэр ехьэлІэ. Зэи шэч къытомыхьэ: уафэм щыІэ уи Адэр хуейщ уэ гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуну икІи, а тыгъэр къыплъысын щхьэкІэ, ар къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ (1 Тим. 2:3, 4).

УИ ГУГЪАПІЭР БЫДЭУ ЩРЕТ!

11. Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр щигъэзэщІэжыну зэманым шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэн щІыхуейр сыт?

11 Ди гугъапІэр тхъумэну щымытынш къохъу. Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр щигъэзэщІэжыну зэманым дыпэплъэну шыІэныгъэ тхуримыкъужу дыхъункІэ хъунущ. Иеговэ сыт щыгъуи щыІащ икІи щыІэнущ. Аращи, абы и дежкІэ зэманыр зэрыкІуэр нэгъуэщІущ (2 Пет. 3:8, 9). Абы дэтхэнэ и мурадри Іэмал имыІэу игъэзэщІэжынущ. Ауэ ар щигъэзэщІэжынур дэ дыщыпэплъа зэманырауэ щымытынкІэ хъунущ. НтІэ, ди гугъапІэр быдэу тхъумэну икІи Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр щигъэзэщІэжыну зэманым дыпэплъэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Екъуб 5:7, 8).

12. Еврейхэм 11:1, 6 зэритымкІэ, дауэ гугъапІэмрэ фІэщхъуныгъэмрэ зэрызэпхар?

12 Ди гугъапІэр быдэу тхъумэн щхьэкІэ, Иеговэ и ныбжьэгъуу дыкъэнэн хуейщ. Дызыщыгугъыр гъэзэщІа зэрыхъунумкІэ езы Алыхьыращ псалъэ къыдэзытыр. Библием зэрыжиІэмкІэ, гугъапІэмрэ фІэщхъуныгъэмрэ зэпхащ икІи «Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ІыхьэфІыр» ялъигъэсынущ. (Къеджэ Еврейхэм 11:1, 6.) Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуху, абы дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр зэригъэзэщІэжынумкІэ диІэ фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ хъунущ. АдэкІэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну къыддэІэпыкъун чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Апхуэдэ ныбжьэгъугъэм и фІыгъэкІэ ди гугъапІэр быдэу тхъумэфынущ.

ТхьэлъэІумрэ Алыхьым и Псалъэм куууэ узэрегупсысымрэ уи гугъапІэр мыужьыхыжыну къыбдэІэпыкъунущ (13—15-нэ абзацхэм феплъ.)b

13. Алыхьым худиІэ ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэрыхэдгъэхъуэфынур?

13 Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи абы и Псалъэм еджэ. Дэ Иеговэ дымылъагъуми, абы и ныбжьэгъуу дыщытыфынущ. ТхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж, дэ абы допсалъэ икІи къызэрыдэдаІуэр быдэу ди фІэщ мэхъу (Иер. 29:11, 12). Ауэ езы Алыхьыр дапщэщ щызэхэтхыр? Абы и Псалъэм дыщеджэм икІи дызэджам куууэ дыщегупсысым деж. Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм и нэІэ зэратригъэту щытам теухуауэ нэхъыбэ къыщытщІэм деж, ди гугъапІэр нэхъ быдэ мэхъу. Алыхьым и Псалъэм итыр «щІатхар щыпкъагъэр дагъэщІэн щхьэкІэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыІэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диІэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ІыхьэфІыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ» (Рим 15:4).

14. Иеговэ адрейхэм яхуищІам куууэ уегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

14 Иеговэ и псалъэр зэригъэзэщІэжым куууэ егупсыс. Алыхьым Ибрэхьимрэ Сарэрэ яхуищІауэ щытар дигу къэдгъэкІыжынщ. А тІум я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ сабий ямыІэфынуми, Иеговэ абыхэм бын яритыну къигъэгугъат (ЩІэдз. 18:10). Дапхуэдэу Ибрэхьим Алыхьым и псалъэм зэрыхущытар? «Ибрэхьим лъэпкъ куэдым адэ» зэрыхуэхъунур и фІэщ хъут (Рим 4:18). ЦІыху еплъыкІэкІэ зэщхьэгъусэхэм я Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къыпщыхъуми, Ибрэхьим быдэу и фІэщ хъут Алыхьым и псалъэр зэриІыгъыжынур. ИкІи Иеговэ пэж дыдэу и псалъэр игъэзэщІэжащ (Рим 4:19—21). Мыпхуэдэ хъыбархэм ди фІэщ ящІ Иеговэ ита дэтхэнэ зы псалъэри зэригъэзэщІэжыр, цІыху еплъыкІэкІэ Іуэхур хэкІыпІэншэу къыпщыхъуми.

15. Алыхьым къытхуищІэм дегупсысын щІыхуейр сыт?

15 Иеговэ къыпхуищІэ псом гу лъытэ. Алыхьым и Псалъэм дыкъызэригъэгугъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум къыпхуихь сэбэпынагъым егупсыс. Псалъэм папщІэ, Хьисэ жиІауэ щытащ Алыхьым дызыхуэныкъуэу хъуар къызэрыдитынур (Мт. 6:32, 33). Иджыри абы жиІат, Иеговэ и къару лъапІэм щхьэкІэ делъэІумэ, Іэмал имыІэу ар къызэрыдитынур (Лк. 11:13). Пэж дыдэу, Иеговэ псалъэ итахэр псори егъэзэщІэж. Алыхьым къыпхуищІауэ уэ иджыри куэд къыпхуебжэкІыну къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ жиІам тетыжу, езым теухуа щІэныгъэр къыует, уи гуэныхьхэр къыпхуегъэгъу икІи уи гум мамырыгъэ кърелъхьэ (Мт. 6:14; 24:45; 2 Кор. 1:3). Алыхьыр япэм къызэрыбдэІэпыкъуам узэрегупсысым дяпэкІи абы укъызэримыгъэнэнумкІэ уи гугъапІэр нэхъ быдэ ещІ.

«ФЫЗЫЩЫГУГЪЫУ ФЫЗЫПЭПЛЪЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ФАЩЫГУФІЫКІ»

16. Ди гугъэр Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэу щІыщытыр сыт?

16 ГъащІэ мыухыжымкІэ диІэ гугъэр — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ. Дэ къытхуэмыгъэсу гъащІэ дахэм дыпоплъэ икІи ар къызэрыкІуэнум шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Хъурзэм хуэдэ гугъапІэр къыддоІэпыкъу Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэну, гъэунэхуапІэхэм дыпхырыкІыну, гугъу дызэрырагъэхьыр тшэчыну, уеблэмэ, лІэныгъэми дыщымышынэну. Тажым хуэдэу, гугъапІэм ди акъылыр къехъумэ, Іейм пэІэщІэ зыхуэтщІу ІуэхуфІхэр длэжьын щхьэкІэ. Библием тегъэщІа ди гугъэм Алыхьым гъунэгъу дыхуещІ икІи къыдгурегъаІуэ абы фІыщэу дызэрилъагъур. Ди гугъапІэр дымыгъэужьыхмэ, абы зэи дыхущІегъуэжынукъым.

17. Ди гугъапІэм гуфІэгъуэ къыщІыдитыр сыт?

17 «Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Іуэхугъуэхэм фащыгуфІыкІ» жиІэу апостол Паул Рим къалэм дэсхэм яхуитхауэ щытащ (Рим 12:12). Паул и гугъапІэм щыгуфІыкІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ищІэт: ар Алыхьым пэжу къыхуэнэмэ, игъащІэкІэ уафэм щыпсэунущ. Дэри гугъапІэм гуфІэгъуэ къытхуехь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ шэч къытетхьэкъым Иеговэ и псалъэр сыт щыгъуи зэригъэзэщІэжым. Псаломыр зытхам сыту пэжу жиІат: «НасыпыфІэщ... Иеговэ зи гугъапІэу щытыр... [...] сыткІи дзыхь зыхуэпщІ хъуну Алыхьым щыгугъыр»! (Пс. 146:5, 6).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ди гугъапІэр гъэзэщІа зэрыхъунум сыт шэч къыщІытедмыхьэр?

  • Гугъэр хъурзэмрэ тажымрэ сыт щІебгъэщхь хъунур?

  • Ди гугъапІэр быдэу щытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

a Иеговэ гугъапІэ дахэ къыдитащ. А гугъапІэм дэ гуфІэгъуэ къыдет икІи, нобэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм емылъытауэ, ди гъащІэр дахэ зэрыхъужынур ди фІэщ ещІ. Ар къыддоІэпыкъу, дызыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэм щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэну. Абы нэмыщІ ди гупсысэкІэм зэран хуэхъуфыну псом а гугъапІэм дыщехъумэ. А псор щхьэусыгъуэ хуохъу ди гугъапІэр быдэу щыдгъэтыну. Мы темэм нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.

b СУРЭТЫР. Тажым зауэлІым и щхьэр зэрихъумэм хуэдэу, хъурзэми кхъухьыр и пІэм имыкІыу зэриІыгъым хуэдэу, гугъэм ди акъылыр къехъумэ икІи гъэунэхуапІэхэм Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэну къыддоІэпыкъу. Шыпхъур Иеговэ йолъэІу, ар къызэредаІуэмкІэ фІэщхъуныгъэ иІэу. Къуэшыр йогупсыс Алыхьым Ибрэхьим иритауэ щыта псалъэр зэригъэзэщІэжам. НэгъуэщІ къуэшым игу къегъэкІыж Иеговэ абы къызэрыдэІэпыкъуауэ щытар.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын