ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Октябрь н. 6—11
  • Уэ нэгъэсауэ насыпыфІэу ущытыфынущ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уэ нэгъэсауэ насыпыфІэу ущытыфынущ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ ТЕУХУА ЩІЭНЫГЪЭР ЗЭВГЪЭГЪУЭТ
  • ИЕГОВЭ И ХАБЗЭХЭМ ФЫТЕТУ ФЫПСЭУ
  • ИЕГОВЭ ФЫЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ ФИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭ УВЫПІЭР ЩЕФТ
  • ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫХЪУА ІУЭХУГЪУЭ
  • Алыхь насыпыфІэм хуэлажьэхэр насыпыфІэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Октябрь н. 6—11

41 СТАТЬЯР

Уэ нэгъэсауэ насыпыфІэу ущытыфынущ

«Иеговэ фІэлІыкІ хуиІэу абы и гъуэгухэм ирикІуэ дэтхэнэри насыпыфІэщ» (ПС. 128:1).

110-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Ди гъащІэм Алыхьыр зэрыхэтымрэ ди насыпымрэ сыткІэ зэпха?

НЭГЪЭСАУЭ насыпыфІэу ущытыныр — ар нобэ уиІэу пщэдей кІуэдыж гуфІэгъуэракъым. Насып пэжыр цІыхум и гъащІэ псокІэ иІэфынущ. Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа псалъэм мыпхуэдэу хэтщ: «НасыпыфІэщ Алыхьыр я гъащІэм хэмыту зэрымыпсэуфынур къызыгурыІуэхэр» (Мт. 5:3). Сыт абы зи гугъу ищІар? Хьисэ ищІэт Иеговэ цІыхухэр къыщигъэщІым щыгъуэ абыхэм ар къацІыхуну икІи хуэлэжьэну хуабжьу хуейуэ къызэригъэщІар. Иеговэ «Алыхь насыпыфІэу» зэрыщытым къыхэкІкІэ абы и лэжьакІуэхэри насыпыфІэу щытыфынущ (1 Тим. 1:11, ДЩІ).

«Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм щхьэкІэ цІыхухэм гугъуехь зрагъэшэчхэр» (Мт. 5:10) (2, 3-нэ абзацхэм феплъ.)d

2, 3. 1) Хьисэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, насыпыфІэу щытыр хэт? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур икІи сыт щхьэкІэ?

2 НтІэ, насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, ди гъащІэр гугъуехьыншэу щытын хуейуэ пІэрэ? Хьэуэ. Хьисэ Іуащхьэм тету жиІам мыпхуэдэ псалъэ гъэщІэгъуэнхэр иджыри хэтащ: «Гъуэгу махуэ теуващ гукъеуэ зиІэхэр». Абы къикІыр цІыхур, и гуэныхьхэм е гугъуехь иІэхэм емылъытауэ, насыпыфІэу зэрыщытыфынуращ. Абы нэмыщІ Хьисэ жиІащ «щыпкъагъэм щхьэкІэ... гугъуехь зрагъэшэчхэр» икІи абы и гъуэгу зэрырикІуэм щхьэкІэ «къахуэмыфащэ Іей псори» зыхужаІэ цІыхухэр зэрынасыпыфІэр (Мт. 5:4, 10, 11). Ауэ апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж дауэ насыпыфІэу узэрыщытыфынур?

3 Хьисэ зэрыжиІамкІэ, насыпыр зэлъытар ди Іуэхур хъуа-щІауэ зэрыщытыракъым, атІэ Алыхьым гъунэгъу зэрызыхуэтщІыращ (Екъуб 4:8). НтІэ, нэгъэсауэ насыпыфІэ дыхъун щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? АбыкІэ къыддэІэпыкъуну лъэбакъуищ мы статьям щызэпкърытхынущ.

АЛЫХЬЫМ ТЕУХУА ЩІЭНЫГЪЭР ЗЭВГЪЭГЪУЭТ

4. Насыпым дыхуэзышэ япэ лъэбакъуэр сыт хуэдэ? (Псалом 1:1—3).

4 ЯПЭ ЛЪЭБАКЪУЭР. НасыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, Алыхьым теухуа щІэныгъэр зэдгъэгъуэтын хуейщ. ЦІыхухэри псэущхьэхэри, мылІэн щхьэкІэ, шхэн хуейщ. Ауэ цІыхухэм я закъуэщ Алыхьым теухуа щІэныгъэм хуэныкъуэр. Аращ Хьисэ мы псалъэхэр щІыжиІар: «ЩІакхъуэ къудейкъым цІыхур зэрыпсэунур, атІэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкІырщ» (Мт. 4:4). Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и Псалъэ Библием демыджэу зы махуи блэкІын хуейкъым. Псаломыр зытхам а гупсысэр мыпхуэдэу къыхигъэщащ: «НасыпыфІэщ... Иеговэ и хабзэхэм иригушхуэр икІи жэщи махуи абы... еджэр». (Къеджэ Псалом 1:1—3.)

5, 6. 1) Библием сыт къыдигъащІэр? 2) Библием дызэреджэр сыткІэ къыддэІэпыкъуфыну?

5 Иеговэ дэ фІыщэу делъагъу. Абы къыхэкІкІэ, ди гъащІэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, тщІэн хуейр Библием ирыригъэтхащ. А тхылъым къыщытщІащ Иеговэ сыткІэ къытщыгугъми. Абы нэмыщІ, Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъун икІи абы ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъун щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейми Библием щыжыІащ. Иджыри дэ къэкІуэным теухуауэ гугъэ дахэ диІэ хъуащ (Иер. 29:11). Алыхьым и Псалъэр зэрыдджым и фІыгъэкІэ дэ а пэжхэр къэтщІащ икІи абыхэм гуфІэгъуэ ди гум къралъхьэ.

6 ЗэрытщІэщи, махуэ къэс къыддэІэпыкъун, Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ куэд Библием итщ. Ахэр къэдгъэсэбэпу щытмэ, дэ насыпыфІэ дыхъунущ. Аращи, гугъуехьхэр къыщыфтегуплІэм деж, Иеговэ и Псалъэм феджэн икІи абы фегупсысын щхьэкІэ, зэман нэхъыбэ къыдэвгъэкІ. Хьисэ жиІащ: «Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащІэхэр... махуэщ [насыпыфІэщ, ДЩІ]» (Лк. 11:28).

7. Библием дызэреджэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

7 Алыхьым и Псалъэм ущеджэкІэ, абы и ІэфІагъыр зыхэпщІэн щхьэкІэ, умыпІащІэ. Зэгуэр мыпхуэдэ Іуэхугъуэ къыпщыщІауэ пІэрэ? Уэ фІыуэ плъагъу шхыныгъуэ гуэр пхуапщэфІащ. Ауэ, узэрыпІащІэм е уи акъылыр гупсысэ гуэрхэм зэретам къыхэкІкІэ, а шхыныгъуэр псынщІэу пшхащ. Уи тепщэчыр нэщІ щыхъуам щыгъуэ, уэ къыбгуроІуэ умыпІащІэу, шхыным и ІэфІагъыр зыхэпщІэу ушхэн зэрыхуеяр. Библиеми апхуэдэу псынщІэу ущеджа къэхъуа: узэджам итыр къыбгурымыІуауэ икІи абы гуфІэгъуэ къыхомыхауэ? А тхылъым умыпІащІэу уеджэн щхьэкІэ, зэман къыдэгъэкІ. Узэджэм егупсыс, цІыхухэм я макъхэмрэ ахэр зэрыт Іуэхугъуэхэмрэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Апхуэдэу пщІэуэ щытмэ, Библием узэреджэм нэхъ насыпыфІэ уищІынущ.

8. «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым» и къалэныр дапхуэдэу зэригъэзащІэр? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.)

8 Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэр игъуэу къытІэрыхьэн щхьэкІэ, «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» Хьисэ тригъэуващ икІи абы и къалэныр фІы дыдэу егъэзащІэ (Мт. 24:45)b. А «унэІутым» къыдит щІэныгъэм лъабжьэ хуэхъур Тхыгъэ ЛъапІэращ (1 Фес. 2:13). А щІэныгъэр къыддоІэпыкъу Библием къытхузэІуих Иеговэ и гупсысэкІэр къыдгурыІуэну. Аращ «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» журналхэмрэ jw.org сайтым ит статьяхэмрэ дыщІеджэр. Абы нэмыщІ зэІущІэхэм псоми зыхудогъэхьэзыр икІи мазэ къэс къыдэкІ JW Broadcasting® программэм доплъ, ар ди бзэкІэ къыдэкІыу щытмэ. Апхуэдиз щІэныгъэр къызэрытІэрыхьэр дэ къыддоІэпыкъу насып нэгъэсам дыхуэзышэ етІуанэ лъэбакъуэр тчыну.

ИЕГОВЭ И ХАБЗЭХЭМ ФЫТЕТУ ФЫПСЭУ

9. Насып нэгъэсам дыхуэзышэ етІуанэ лъэбакъуэр сыт хуэдэ?

9 ЕТІУАНЭ ЛЪЭБАКЪУЭР. НасыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, Иеговэ и хабзэхэм дытету дыпсэун хуейщ. Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Иеговэ фІэлІыкІ хуиІэу абы и гъуэгухэм ирикІуэ дэтхэнэри насыпыфІэщ» (Пс. 128:1). Алыхьым дызэрыфІэлІыкІыр дэ къыддоІэпыкъу абы Іейуэ къилъытэ Іуэхухэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну (Прит. 16:6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Аращи, Библием ит Иеговэ и хабзэхэм дытету дыпсэун щхьэкІэ, дэ къарууэ диІэр идохьэлІэ (2 Кор. 7:1). Иеговэ фІыуэ илъагъур щытщІэм икІи абы илъагъу мыхъум пэІэщІэ щызыхуэтщІым деж, дэ насыпыфІэ дохъу (Пс. 37:27; 97:10; Рим 12:9).

10. Рим 12:2 зэритымкІэ, Иеговэ къызэрытщыгугъыр сыт?

10 Къеджэ Рим 12:2. Іеймрэ фІымрэ теухуауэ унафэ ищІыну Иеговэ хуитыныгъэ зэриІэр цІыхум ищІэкІэ зэфІэкІкъым, ар а унафэхэм тету псэун хуейщ. Щапхъэ къэтхьынщ. МашинэкІэ гъуэгум ущытеткІэ узэрызекІуэн хуейм и псынщІагъэм теухуауэ къэралым унафэ ищІыну хуитыныгъэ зэриІэр цІыхум ищІэми, абы псынщІэІуэу къызэрижыхьымкІэ а унафэм тетыну зэрыхуэмейр къегъэлъагъуэ. Абы ещхьу Иеговэ и хабзэхэр псом нэхърэ нэхъыфІу щыту къэтлъытэрэ къэдмылъытэрэ ди дуней тетыкІэм къегъэлъагъуэ (Прит. 12:28, Гъэс.). Даути а Іуэхум апхуэдэут зэрегупсысу щытар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Иеговэ мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «ГъащІэм и гъуэгур уэ къэзбгъэщІэнущ. Уи пащхьэм ситыху гуфІэгъуэр си куэдщ, уи Іэ ижьымкІэ фІыгъуэр сыт щыгъуи щызогъуэт» (Пс. 16:11).

11, 12. 1) Ди лъэр щыщІэхуам е гукъеуэ гуэр дыщиІэм деж, дысакъын щІыхуейр сыт? 2) Нэгу зегъэужьыкІэ къыщыхэтхым деж, Филиппи 4:8 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

11 Ди лъэр щыщІэхуам е гукъеуэ гуэр дыщиІэм деж, абы демыгупсысын щхьэкІэ, дэ зыгуэркІэ ди щхьэр тедгъэуну дыхуеинкІэ хъунущ. Абы зыри Іей хэлъкъым, ауэ, Иеговэ илъагъу мыхъу гуэр дымыщІэн щхьэкІэ, дэ дысакъын хуейщ (Еф. 5:10—12, 15—17).

12 Апостол Паул Филиппи къалэм щыІа зэхуэсым письмо щыхуитхым щыгъуэ, «сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфІми» сыт щыгъуи егупсысыну къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ. (Къеджэ Филиппи 4:8.) Ди нэгу зэрызедгъэужь Іэмалхэм Паул и гугъу имыщІами, ахэр тэмэму къыхэтхыну абы и псалъэхэр къыддэІэпыкъунущ. Мы едзыгъуэм итыр тІэкІу зэхъуэкІауэ жыпІэмэ, мыпхуэдэу дыкъоджэ: «Сыт щыгъуи къабзагъэ зыхэлъ уэрэдхэм, хабзэфІ зыхэлъ фильмхэм, тхылъхэм, щІыхь зыхуэфащэ видео джэгухэм фегупсыс». Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, нэгу зегъэужьыкІэ къыхэтххэр Алыхьым игу ирихьрэ иримыхьрэ нэхъ тыншу зэхэдгъэкІыфынущ. Ар дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и хабзэ къабзэхэм дытету дыпсэуну (Пс. 119:1—3). Абы щыгъуэ дэ напэ къабзэ диІэнущ икІи насып нэгъэсам дыхуэзышэ ещанэ лъэбакъуэр тчыфынущ (Апост. 23:1).

ИЕГОВЭ ФЫЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ ФИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭ УВЫПІЭР ЩЕФТ

13. Насыпым дыхуэзышэ ещанэ лъэбакъуэр сыт хуэдэ? (Иуан 4:23, 24).

13 ЕЩАНЭ ЛЪЭБАКЪУЭР. Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр фи гъащІэм щефтын щхьэкІэ, фхузэфІэкІыу хъуар фщІэ. Иеговэ — ди КъэгъэщІакІуэщ, абы къыхэкІкІэ дыхуэлэжьэну зыхуэфащэр а зыращ (Апок. 4:11; 14:6, 7). Аращи, Алыхьым дызэрыхуэлажьэр ди гъащІэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхуу щытын хуейщ. Ар къытщогугъ «и къару лъапІэмрэ къыбгъэдэкІ пэжымрэ дытету» дыхуэлэжьэну. (Къеджэ Иуан 4:23, 24.) Алыхьым дыщыхуэлажьэкІэ абы и къару лъапІэм диунэтІыну хуит тщІын хуейщ. Абы щыгъуэ Библием ит пэжым дытемыкІыу Алыхьым дыхуэлэжьэфынущ. Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым дыщыпсэуми, Иеговэ дызэрыхуэлажьэм ди гъащІэм япэ увыпІэ щиІыгъын хуейщ. Иджыпсту дыдэ ди къуэш, ди шыпхъуу 100-м щІигъу, Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытым щхьэкІэ, тутнакъым ягъэтІысауэ исщc. Ауэ абыхэм гуфІэгъуэр зыфІагъэкІуэдкъым икІи яхузэфІэкІыу хъуар ящІэ: адэкІи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэ, Библиер ядж икІи хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм ядогуашэ. ДыкърахуэкІми, ди пщІэр ираудыхми, дэ насыпыфІэу дыщытыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ дызэригъусэр икІи и нэфІ къызэрытщыхуэнур дощІэ (Екъуб 1:12; 1 Пет. 4:14).

ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫХЪУА ІУЭХУГЪУЭ

14. Таджикистаным щыщ ди къуэш щІалэщІэм сыт къыщыщІар икІи сыт щхьэкІэ?

14 ГъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм къагъэлъагъуэ, ди Іуэхур зыІутым емылъытауэ, дызытепсэлъыхьа лъэбакъуищым насып нэгъэсам дызэрыхуашэр. Таджикистаным щыщ ди къуэш Бободжонов Джовидон илъэс 19 щыхъум щыгъуэ къыщыщІам деплъынщ. 2019-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 4-нэм ар, армэм кІуэн зэримыдам щхьэкІэ, и унэм залымыгъэкІэ къыдашри, мазэ зыбжанэкІэ щхьэхуимыту яІыгъащ икІи, щІэпхъаджащІэм хуэдэу, къыхущытащ. Апхуэдэу, захуагъэ хэмылъу, абы къызэрыхущытыр къэрал зыбжанэм хъыбарыщІэхэмкІэ ягъэІуащ. Абыхэм зэрыжаІэжымкІэ, Джовидон удын тралъхьэт, присягэ кърагъэщтэн икІи зауэлІ формэр щрагъэтІэгъэн щхьэкІэ. ИужькІэ абы хьэкум тращІыхьри, тутнакъым ягъэтІысащ. ИкІэм-икІэжым къэралым и президентым Джовидон къаутІыпщыжыну унафэ ищІри, ар щхьэхуит хъужащ. Джовидон а гъэунэхуапІэм пэщІэтыху Алыхьым хуэпэжу икІи насыпыфІэу щытащ. Дауэ ар абы зэрыхузэфІэкІар? Абы зыщигъэгъупщэтэкъым и гъащІэм Алыхьыр хэмыту зэрымыпсэуфынур.

Коллаж «Джовидон Бободжонов»: 1) он смотрит в окно тюремной камеры; 2) он читает текст на день, написанный на пакете из-под продуктов; 3) он молится.

Джовидон тутнакъым щисым щыгъуэ Алыхьым теухуа щІэныгъэр зригъэгъуэтт, Иеговэ и хабзэхэм тету псэут икІи абы зэрыхуэлажьэр и гъащІэм япэ иригъэщт (15—17-нэ абзацхэм феплъ.)

15. Джовидон тутнакъым щисым щыгъуэ, Алыхьым теухуа щІэныгъэр дапхуэдэу зригъэгъуэту зэрыщытар?

15 Джовидон тутнакъым щисым щыгъуэ, Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ зэримыІэм емылъытауэ, Алыхьым теухуа щІэныгъэр зригъэгъуэтт. Дапхуэдэу? А щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм абы гъуэмылэ къыщыхуахькІэ ар зэрылъ пакетым махуэм хухаха едзыгъуэр хутратхэт. Апхуэдэу Джовидон махуэ къэс Библием еджэну икІи абы егупсысыну Іэмал иІэт. Щхьэхуит щыхъужам щыгъуэ абы мыпхуэдэу жиІащ: «ГъэунэхуапІэ хьэлъэхэм иджыри пэщІэмыхуахэм дежкІэ щхьэхуитыныгъэ яІэр нэгъэсауэ къагъэсэбэпыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ еджэу Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуащІыным».

16. Джовидон и акъылыр зытриухуэр сытыт?

16 Джовидон Алыхьым и хабзэхэм тету псэут. Абы гурыщІэ къемызэгъхэм зыдригъэхьэхакъым икІи Іуэху Іейхэм ар хэтакъым. Ди къуэшыр Иеговэрэ Абы лъапІэу илъытэмрэ сыт щыгъуи егупсыст. Абы нэмыщІ Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм я дахагъэм Джовидон дихьэхт. Абы игу къегъэкІыж: «Пщэдджыжьым къуалэбзухэр бзэрабзэу сыкъэушт, жэщым мазэмрэ вагъуэхэмрэ сызэреплъым си гур хигъахъуэт. Иеговэ къыбгъэдэкІ а тыгъэхэм гуфІэгъуэр зыфІэзмыгъэкІуэдыну къыздэІэпыкъут икІи къару къысхалъхьэт». Пэжщ, Иеговэ тыгъэ куэд къыдет. Абы гъунэгъу дыхуэзыщІ щІэныгъэри а тыгъэхэм хохьэ. А псом щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэтщІу щытмэ, ди гум гуфІэгъуэ илъынущ икІи сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэщІэтыну ар къыддэІэпыкъунущ.

17. Джовидон зыпэщІэхуа гугъуехьхэм хуэдэ дыщыпэщІэхуэм деж теубыдагъэ дгъэлъагъуэмэ, сыт абы къыпэкІуэнур? (1 Петр 1:6, 7).

17 Джовидон и гъащІэм Иеговэ зэрыхуэлажьэр япэ иригъэщт. Абы ищІэт Алыхьым хуэпэжу укъэнэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Хьисэ жиІащ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапІэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ» (Лк. 4:8). Офицерхэмрэ солдатхэмрэ хуейт Джовидон и фІэщхъуныгъэм епцІыжыну. Ауэ ди къуэшым жэщи махуи лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуигъазэт, абы хуэпэжу къэнэну къыдэІэпыкъун щхьэкІэ. Джовидон гущІэгъуншэу къызэрыхущытам щхьэкІэ къэмынэу ар зэи къикІуэтакъым. Иджыпсту Джовидон насыпыфІэу щытщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а къыщыщІа псом ипэ имыІа гуэр абы иджы иІэщ — ар гъэунэхуапІэхэм пхырыкІа фІэщхъуныгъэращ. (Къеджэ 1 Петр 1:6, 7.)

18. АдэкІи насыпыфІэу дыщытыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?

18 Дэ нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэр Иеговэ ещІэ. Гугъуехь дызыпэщІэхуэхэм емылъытауэ, насыпыфІэу дыщытыну мы статьям зи гугъу тщІа лъэбакъуищыр къыддэІэпыкъунущ. Абы щыгъуэ дэ мыпхуэдэу жытІэфынущ: «НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр!» (Пс. 144:15).

МЫ ЛЪЭБАКЪУЭХЭМ ДАПХУЭДЭУ НАСЫП НЭГЪЭСАМ ДЫЗЭРЫХУАШЭР?

  • Япэ лъэбакъуэр. Алыхьым теухуа щІэныгъэр зэвгъэгъуэт.

  • ЕтІуанэ лъэбакъуэр. Иеговэ и хабзэхэм фытету фыпсэу.

  • Ещанэ лъэбакъуэр. Иеговэ фызэрыхуэлажьэм япэ увыпІэр фи гъащІэм щефт.

89-НЭ УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ

a ЦІыху куэдым я дежкІэ насыпыр гъуэтыгъуейуэ щытщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ар здэщымыІэм къыщалъыхъуэ. Языныкъуэхэм нэгу зегъэужьыным зрат, адрейхэм мылъку зэхуэхьэсыным я гъащІэм япэ увыпІэр щрат, хэти цІэрыІуэ хъуну е тепщэныгъэ зригъэгъуэтыну хущІокъу. Ауэ Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ, насыпыр къызэрыдгъуэтыфыну щІыкІэр къытхузэІуихащ. Нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, тчын хуей лъэбакъуищыр мы статьям щызэпкърытхынущ.

b 2014-нэ гъэм, шыщхьэІум и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Получаете ли вы „пищу вовремя“?» жыхуиІэ статьям феплъ.

c А Іуэхум теухуауэ jw.org сайтым нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ. («Къэлъыхъуэн» жыхуиІэм «в тюрьме за веру» псалъэхэр ифтхэ.)

d СУРЭТЫР. Мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ къуэш, шыпхъухэм судым яшэ къуэшыр зэрагъэгушхуэр.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын