23 СТАТЬЯР
Адэ-анэхэ, Иеговэ фІыуэ ялъагъуу фи сабийхэр евгъасэ
«Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (МТ. 22:37).
134-НЭ УЭРЭДЫР Быныр — Иеговэ и тыгъэщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. ГъащІэм зэрызихъуэжым къыхэкІкІэ Библием ит едзыгъуэхэм дазэрыхущытым зэрызихъуэжым и щапхъэ къэфхь.
КЪАХУЭМЫГЪЭСУ зыпэплъа махуэшхуэр къэсащ. Щауэ дахэмрэ нысащІэ тхьэІухудымрэ я гур теухуауэ къуэшым къажриІэ псалъэм йодаІуэ. ДауикІ, абыхэм зэи зэхамыха гупсысэхэр а псалъэм щызэхахынукъым, ауэ нобэ щыщІэдзауэ абыхэм я дежкІэ а гупсысэхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ. Сыт щхьэкІэ? Иджы ахэр зэщхьэгъусэ хъуащ икІи я унагъуэр насыпыфІэ хъунрэ мыхъунрэ зэлъытар псалъэм щызэхах чэнджэщхэр къызэрагъэсэбэпыращ.
2 Иеговэ хуэлажьэ зэщхьэгъусэхэр сабий щыпэплъэм деж, апхуэдэ гуэр я гъащІэм къыщыхъуу жыпІэ хъунущ. Алыхьым хуэлэжьэн зэрыщІадзэрэ а тІум сабийхэр зэрыгъэсэн хуейм теухуауэ чэнджэщ куэд зэхахащ. Ауэ иджы абыхэм а чэнджэщхэм мыхьэнэшхуэ ират, сыту жыпІэмэ куэд мыщІэу езыхэр адэ-анэ хъунущи. Абыхэм я пщэ къалэнышхуэ къыдохуэ иджы! Я гъащІэм зэрызихъуэжым къыхэкІкІэ фІыуэ яцІыху Библием ит едзыгъуэхэм ахэр зэрыхущытми зехъуэж. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я «гъащІэм къриубыдэ дэтхэнэ зы махуэми» Тхыгъэ ЛъапІэм еджэным икІи абы куууэ егупсысыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Втор. 17:19).
3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
3 Адэ-анэхэ, фи сабийхэм Иеговэ къевгъэцІыхуну фи къалэнщ икІи а къалэным пщІэшхуэ пылъщ. Ауэ Алыхьым теухуа щІэныгъэр абыхэм ябгъэдэфлъхьэ къудейкІэ зэфІэкІкъым. ДауикІ, фэ фыхущІокъу фи сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу евгъэсэну. Сыт фэ абыкІэ къывдэІэпыкъунур? Библием ит принципиплІ иджыпсту зэпкърытхынщ. Абыхэм сэбэпынагъ къызэрахьыр адэ-анэ куэдым ягъэунэхуащ (2 Тим. 3:16). Абы теухуауэ языныкъуэхэм жаІэр мы статьям къыщыхьащ.
АДЭ-АНЭХЭМ КЪАДЭІЭПЫКЪУНУ ПРИНЦИПИПЛІ
Иеговэ Іущагъ щхьэкІэ фелъэІумэ икІи фи сабийхэр фи щапхъэфІымкІэ вгъасэмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы къыпэкІуэну? (4, 8-нэ абзацхэм феплъ.)
4. Адэ-анэхэм сыт хуэдэ принцип къадэІэпыкъунур я быным Иеговэ фІыуэ илъагъуу ирагъэсэну? (Екъуб 1:5).
4 1 принципыр. Иеговэ фечэнджэщ. Сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу фи къару къудейкІэ евгъэсэфынукъым. Абы къыхэкІкІэ Іущагъ къывитыну Алыхьым фелъэІу. (Къеджэ Екъуб 1:5.) Абы къывит чэнджэщыфІым хуэдэ къывэзытыфын зыри щыІэкъым. Сыт апхуэдэу щІыжытІэр? Япэрауэ, Иеговэ быну игъэсам хуэдиз зыгъэса мы дунейм зыри теткъым (Пс. 36:9). ЕтІуанэрауэ, Алыхьым и чэнджэщхэм сыт щыгъуи сэбэпынагъ къытхуахь (Ис. 48:17).
5. 1) Дауэ Иеговэ и организацэр адэ-анэхэм зэрадэІэпыкъур? 2) Амори́м унагъуэм я щапхъэм сыт уигу ирихьар? (Сноскэм феплъ.)
5 Иеговэ хуейщ фи сабийхэм ар фІыуэ ялъагъуну. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым духовнэ шхыныгъуэхэр куэду къыдет. Иеговэ Библиер тыгъэу къыдитащ икІи абы и организацэм а тхылъым итыр къыдгурегъаІуэ (Мт. 24:45). Адэ-анэхэм сыт гу зылъатэ хъунур? Псалъэм папщІэ, ди сайтым «Помощь семье» жыхуиІэ рубрикэм. Япэм ар «Фыкъызэщыу!» журналым къытрадзэу щытащ. Абы нэмыщІ ди сайтым къыщывгъуэтынущ сабийхэр щыбгъасэкІэ Иеговэ и чэнджэщхэр къызэрыбдэІэпыкъур къэзыгъэлъагъуэ видеоинтервьюхэмрэ роликхэмрэb (Прит. 2:4—6).
6. Иеговэ и организацэм къарит дэІэпыкъуэгъум теухуауэ Джорэ абы и щхьэгъусэмрэ сыт жаІэр?
6 Адэ-анэ куэдым Иеговэ фІыщІэ хуащІ, и организацэр къигъэсэбэпу ар къазэрыдэІэпыкъум щхьэкІэ. Ди къуэш Джо къыддогуашэ: «Дэ сабиищ диІэщ. ФІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхуу ахэр бгъэсэну тыншкъым. Абы щхьэкІэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ зэпымыууэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхудогъазэ. ГъэщІэгъуэныращи, мыпхуэдэу щІэх-щІэхыурэ къохъу: гугъуехь гуэр къызэрыкъуэкІыу абы хуэкІуэ статья е видео занщІэу къыдокІ. Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ и Іэ лъэщыр къызэрытхуишийр зыхыдощІэ». Джорэ абы и щхьэгъусэмрэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хуащІ, я сабийхэм апхуэдизу и нэІэ зэратригъэтым щхьэкІэ.
7. Адэ-анэхэм я сабийхэм щапхъэфІ ирагъэлъэгъун щІыхуейр сыт? (Рим 2:21).
7 2 принципыр. Фи сабийхэм щапхъэфІ евгъэлъагъу. Сабийхэм я хьэлщ я адэ-анэм дэплъеину. ДауикІ, адэри анэри гуэныхь зыхэлъ цІыхущ (Рим 3:23). Ауэ, абы емылъытауэ, адэ-анэхэм я сабийхэм щапхъэфІ ирагъэлъэгъун хуейщ. (Къеджэ Рим 2:21.) Абы теухуауэ ди зы къуэшым жеІэ: «Сабийхэм занщІэу псори къапхъуэтэну хьэзырщ. ЖысІэмрэ сщІэмрэ зэтемыхуэу къалъагъумэ, ар къызжамыІэу къагъэнэнукъым». Дерсыр: фи бынхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуну фыхуеймэ, абыхэм я дежкІэ наІуэу щытын хуейщ фэ езым Алыхьыр фІыуэ зэрыфлъагъур.
8, 9. Эндрюрэ Эммэрэ къыджаІэжам сыт хуэдэ дерс къыхэфхар?
8 Адэ-анэхэм я щапхъэфІыр сабийхэм сэбэп зэрахуэхъум дытепсэлъыхьынщ. Илъэс 17 хъу Эндрю къыддогуашэ: «Си адэмрэ си анэмрэ зэпымыууэ дигу къагъэкІыжт Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Сэ езыр Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъэзами, си адэм пщыхьэщхьэ къэс си гъусэу иджыри зэ Иеговэ зыхуигъазэт. Ди адэ-анэм си шыпхъумрэ сэрэ щІэх-щІэхыурэ къыджаІэт: „Алыхьым фызэрыхуейм хуэдиз зыхуэвгъазэ хъунущ“. Апхуэдэу, сэ Иеговэ сепсэлъэну хьэлыфІ схуэхъуащ. ФІыуэ сыкъэзылъагъу си Адэм хуэдэу Алыхьым сыхущытщи, абы сепсэлъэну хуабжьу сигу ирохь». Адэ-анэхэ, мы щІалэщІэм и псалъэхэм сытым фыхурагъасэрэ? Фэ Иеговэ фІыуэ зэрыфлъагъур фи сабийхэми ар фІыуэ ялъагъуну къадэІэпыкъунущ. Вгъэлъагъуэ щапхъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр зыщывмыгъэгъупщэ.
9 Ди шыпхъу Эммэ и щапхъэри къэтхьынщ. Ар иджыри сабийт и адэр унагъуэм хэкІыу, и анэр щІыхуэм хэсу къыщигъэнам. Эммэ жеІэж: «Ахъшэ дыщимыІэ куэдрэ къэхъут. Ауэ си анэм зэпымыууэ жиІэт Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэи къызэримыгъэнэнур. Абы фІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэр и гъащІэм къыхэщт. Сэ ар щапхъэфІ схуэхъуащ». Эммэ и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, адэ-анэхэм я гъащІэр щымытынш къэхъуми, абыхэм я бынхэм щапхъэфІ ирагъэлъагъуфынущ (Гал. 6:9).
10. Израилым адэ-анэхэм сыт хуэдэ Іэмалт яІэр я сабийхэм ядэуэршэрыну? (Второзаконие 6:6, 7).
10 3 принципыр. ЩІэх-щІэхыурэ фи сабийхэм фадэуэршэр. Апхуэдэ унафэ Иеговэ журт лъэпкъым хуищІауэ щытащ. (Къеджэ Второзаконие 6:6, 7.) А зэманым гъащІэр нэгъуэщІт: адэ-анэхэм я сабийхэм я гъусэу зэман куэд ягъакІуэт. Псалъэм папщІэ, щІалэ цІыкІухэр я адэхэм я гъусэу губгъуэм щылажьэт. Хъыджэбз цІыкІухэм я анэхэм я гъусэу унагъуэ Іуэхухэр ящІэт. Лэжьыгъэ гуэр зэгъусэу зэращІэм и фІыгъэкІэ зэдэуэршэрыну абыхэм Іэмал ягъуэтт. Адэ-анэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэр зэпкърахт икІи я сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу ирагъасэт. Псалъэм папщІэ, ахэр Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм тепсэлъыхьт икІи Алыхьыр я унагъуэм къызэрыдэІэпыкъур къыхагъэщт.
11. Ди зэманым адэ-анэхэм сыт хуэдэ Іэмал яІэр я сабийхэм ядэуэршэрыну?
11 Ауэ ди зэманым гъащІэр нэгъуэщІщ. Къэрал куэдым адэ-анэхэр мэлажьэ, сабийхэр школым макІуэ. Апхуэдэу щыщыткІэ адэ-анэхэр я сабийхэм махуэ псокІэ ирагъусэфкъым. Абы къыхэкІкІэ абыхэм къару ирахьэлІэу зэман къыдагъэкІын хуейщ, я сабийхэм ядэуэршэрын щхьэкІэ (Еф. 5:15, 16; Флп. 1:10). Зэгъусэу Библиер зэриджым унагъуэм апхуэдэ ІэмалыфІ кърет. НыбжьыщІэ Алекс къыддогуашэ: «Зэгъусэу Библиер дджыну ди унагъуэм иІэ Іэмалыр папэ лъапІэу елъытэ. Іуэху куэд иІэми, зэи блимыгъэкІыу абы тхьэмахуэ къэс ар ирегъэкІуэкІ. Библиер дджа нэужь, дигу ирихь нэгъуэщІ темэхэми дытопсэлъыхь».
12. Фи унагъуэм Библиер зэриджыр гъэщІэгъуэну екІуэкІын щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур?
12 Унагъуэм и нэхъыжьым Библие джыныр дауэ зэрыригъэкІуэкІ хъунур, сабийхэм ар яфІэгъэщІэгъуэну щытын щхьэкІэ? Дэ диІэщ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъ хьэлэмэт. Абы и фІыгъэкІэ Библием теухуа темэхэр зэгъусэу зэпкърыпхыну тыншщ. А тхылъыр фи унагъуэм зэгъусэу вджы хъунущ. Фэ, дауикІ, фыхуейщ фи сабийхэр я гурыщІэхэмкІэ икІи зыгъэгузавэмкІэ къывдэгуэшэну. Апхуэдэу щыщыткІэ, зэгъусэу Библиер щывджкІэ абыхэм фемышхыдэ икІи Библием темыхуэ гуэр щыжаІэм деж фыкъэмыгубжь. Абы ипІэкІэ сабийхэм я гурыщІэхэр зэрамыбзыщІым фыщыгуфІыкІ икІи я гум илъыр хуиту къаІуэтэну ахэр хуэвгъэуш. Сабийм и гум илъыр умыщІэмэ, дауэ абы узэрыдэІэпыкъунур?
Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм сабийхэм гу зэрылъагъатэр дауэ адэ-анэхэм къазэрыдэІэпыкъур я бынхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу ирагъэсэну? (13-нэ абзацым феплъ.)
13. Сабийхэр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ, сыт иджыри адэ-анэхэм ящІэ хъунур?
13 Адэ-анэхэ, фи сабийхэм Иеговэ теухуауэ жефІэну фиІэ сыт хуэдэ Іэмалри къэвгъэсэбэп. Абы щхьэкІэ сабийхэм я гъусэу Библиер тхьэмахуэм зэ е тІэу бджыныр мащІэщ. Къуищрэ зы пхъурэ зиІэ Лизэ къыддогуашэ: «Ди сабийхэм Иеговэ нэхъыфІу къацІыхун щхьэкІэ, си щхьэгъусэмрэ сэрэ Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм нэхъыбэу гу зэрылъедгъэтэным иужь дитт. Псалъэм папщІэ, ди хьэ цІыкІум зэрызищІым ахэр игъэдыхьэшхт. Апхуэдэ Іуэхугъуэр дэ сыт щыгъуи къэдгъэсэбэпт мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ къагурыдгъэІуэн щхьэкІэ: дыкъэзыгъэщІа Алыхьым гушыІэр ифІэфІщ икІи ар хуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьу дыпсэуну».
Адэ-анэхэ, фи сабийхэм я ныбжьэгъухэр фцІыхурэ? (14-нэ абзацым феплъ.)d
14. Сабийхэм ныбжьэгъу къыщыхахкІэ абыхэм я адэ-анэхэр щхьэ ядэІэпыкъун хуей? (Притчи 13:20).
14 4 принципыр. Фи сабийхэм ныбжьэгъуфІхэр къагъуэтыну фадэІэпыкъу. Алыхьым и Псалъэм гурыІуэгъуэу щыжыІащ: ныбжьэгъуфІхэр сэбэп, ныбжьэгъу Іейхэр зэран къытхуохъу. (Къеджэ Притчи 13:20.) Адэ-анэ лъапІэхэ, фи сабийхэм я ныбжьэгъухэр фцІыхурэ? Фахуэза фэ абыхэм? Зэгъусэу зэман вгъэкІуа? Фи сабийхэм Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр ныбжьэгъу ящІын щхьэкІэ, сыт фэ фщІэ хъунур? (1 Кор. 15:33). Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэмрэ фи унагъуэмрэ зэгъусэу зэманыр вгъакІуэ хъунущ (Пс. 119:63).
15. НыбжьэгъуфІхэр къагъуэтыну адэ-анэхэр дауэ я сабийхэм зэрадэІэпыкъуфынур?
15 Э́нтонирэ абы и щхьэгъусэмрэ пхъуищрэ къуитІрэ яІэщ. Я сабийхэм ныбжьэгъуфІхэр къагъуэтыну ахэр ядэІэпыкъуфащ. Энтони къыддогуашэ: «Ныбжь зэхуэмыдэм ит ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ фІыуэ ялъагъу икІи гуфІэгъуэ я гум илъу абы хуолажьэ. Ди сабийхэр къыдэкІуэтеихукІэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр ди унэм къедгъэблагъэт. Дэ зэгъусэу дышхэт икІи Библиер дджыт. Зэныбжьэгъу ухъуну ар ІэмалыфІ дыдэщ! Абы нэмыщІ районым и нэхъыжьхэр, миссионерхэр икІи нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэр ди унэм щІэх-щІэхыурэ къыщыувыІэт. Ди сабийхэм, дауикІ, сэбэпынагъышхуэ къахуихьащ апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм зэрадэуэршэрам. Ди хьэщІэхэр я гур къигуфІыкІыу тепсэлъыхьыжт псэемыблэжу Иеговэ зэрыхуэлажьэм. Апхуэдэ щапхъэфІхэм я фІыгъэкІэ ди сабийхэми Иеговэ фІыуэ ялъагъуащ». Адэ-анэхэ, фэ фадэмыІэпыкъумэ, фи сабийхэм ныбжьэгъуфІхэр къыхахыфынукъым. Аращи, зэрыфхузэфІэкІкІэ абыхэм фадэІыпыкъу.
ГУГЪЭР ХЭВМЫХЫЖ!
16. Иеговэ хуэмылэжьэну фи быным мурад ищІамэ, сыт зыщывгъэгъупщэн хуэмейр?
16 Сабий гъэсэнымкІэ фхузэфІэкІ къэвмыгъэнами, фи бынхэм щыщ гуэрым Иеговэ хуэмылэжьэну мурад ищІынкІэ хъунущ. Ауэ абы къикІкъым фэ адэ-анэфІу фыщымыту. Иеговэ псоми, фи сабийри абы хэту, хэдэну хуитыныгъэ иритащ. Апхуэдэу щыщыткІэ, щхьэж езым унафэ ещІ Алыхьым хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ. Фи сабийм Иеговэ къигъэнамэ, къызэригъэзэжынумкІэ гугъэр хэвмыхыж. Къуэ кІуэдам теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарыр зыщывмыгъэгъупщэ (Лк. 15:11—19, 22—24). А щІалэр Іейуэ дэхуэхами, иужькІэ абы зыкъищІэжащ. Зыгуэрым жиІэфынущ: «Ар таурыхъ дахэщ, ауэ гъащІэр нэгъуэщІущ зэрызэхэлъыр». Апхуэдэу жызыІэр щоуэ. Ди къуэш Эли́ и щапхъэр абы щыхьэт тохъуэ.
17. Ди къуэш Эли и щапхъэм сыт къыбгуригъэІуар?
17 Эли жеІэж: «Иеговэ хуэлажьэ си адэ-анэм яхузэфІэкІ къагъанэтэкъым Алыхьымрэ абы и Псалъэмрэ фІыуэ слъагъуу срагъэсэн щхьэкІэ. Ауэ сыщыныбжьыщІэм сэ къуейщІей сыхъуащ». И адэ-анэр къыдэІэпыкъуну иужь зэритам емылъытауэ, Эли унэр къигъэнащ икІи гуэныхь хьэлъэхэр ищІэу уэрамым дэувэжащ. Апхуэдэу щыт пэтми, Эли и ныбжьэгъухэм ящыщ зым Алыхьым теухуауэ жриІэт. Эли пещэ: «Иеговэ теухуауэ си ныбжьэгъум нэхъыбэ жесІэху, сэ езыр нэхъыбэу Абы сегупсыст. Си адэ-анэм хаса пэжым и жылэр си гум къыщыкІыу щІидзащ». Зэман дэкІри Эли зэхуэсым къигъэзэжащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абы и адэ-анэм яІа дуней гуфІэгъуэр! Абыхэм я къуэр зэрыцІыкІу лъандэрэ ирагъасэт Иеговэ фІыуэ илъагъуну (2 Тим. 3:14, 15). Абыхэм ирахьэлІа къарур хэкІуэдакъымc.
18. Иеговэ фІыуэ ялъагъуну зи быныр зыгъасэ адэ-анэм сытыт яжефІэну фызыхуейр?
18 Адэ-анэхэ, Алыхьым фэ пщІэшхуэ къыфхуищІащ: «къэкІуэну щІэблэм» Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну фыдэІэпыкъуну! (Пс. 78:4—6). Пэжщ, ар лэжьыгъэ тыншкъым икІи фэ щытхъу фхуэфащэщ, псэемыблэжу а къалэныр зэрывгъэзащІэм щхьэкІэ. Фи бынхэр адэкІи «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету фпІы икІи вгъасэ» (Еф. 6:4). Апхуэдэу фщІэмэ, уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм и гур вгъэгуфІэнущ!
135-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»
a Иеговэ хуэлажьэ адэ-анэхэм я сабийхэр фІыщэу ялъагъу. Абыхэм я сабийхэм я нэІэ трагъэтщ, ахэр зыхуей хуагъазэ икІи, я сабиигъуэр насыпыфІэ ящІын щхьэкІэ, къару куэд ирахьэлІэ. Псом нэхърэ нэхъапэращи, адэ-анэхэм яхузэфІэкІ къагъанэкъым я сабийхэр Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъуну ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Абыхэм я мурадыр къехъулІэну къадэІэпыкъуну принципиплІ мы статьям щызэпкърытхынущ.
b «Абилью и Ула Аморим. Иегова научил нас воспитывать детей» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым фыщеплъ.
c 2012-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Библия меняет жизнь» жыхуиІэ статьям феджэ.
d СУРЭТЫР. И къуэм и ныбжьэгъур нэхъыфІу зригъэцІыхун щхьэкІэ, ди къуэшыр абыхэм я гъусэу баскетбол мэджэгу.