ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Февраль н. 31
  • ПщІэуэ пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ПщІэуэ пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Февраль н. 31

ПщІэуэ пІэрэ?

Израил цІыхухэм къурмэныпхъэу губгъуэ тхьэрыкъуэм нэмыщІ, тхьэрыкъуэхэри къахь хъуну Иеговэ хуитІ щІищІар сытыт?

МУСЭ И ХАБЗЭМКІЭ тхьэрыкъуэхэм нэмыщІ губгъуэ тхьэрыкъуэхэри Иеговэ къурмэныпхъэу къыхуэпхь хъунут. Къурмэныпхъэхэм теухуа унафэхэм ущеджэкІэ а бзууитІыр зэкІэлъыкІуэу дэнэ дежи итщ икІи абыхэм щыщу дэтхэнэри къурмэныпхъэу къэпхьыну ухуитт (Лев. 1:14; 12:8; 14:30). Журтхэм я дежкІэ абы мыхьэнэшхуэ иІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ губгъуэ тхьэрыкъуэр щомыгъуэт куэдрэ къэхъут.

Губгъуэ тхьэрыкъуэ

Губгъуэ тхьэрыкъуэхэр бзу лъэтэжхэм ящыщщ. Абы къыхэкІкІэ Израилым абыхэм ущрихьэлІэр щыхуабэм дежт. Жэпуэгъуэм ахэр щІыпІэ хуабэхэм мэлъэтэжри, къыщагъэзэжыр гъатхэращ (Песня 2:11, 12; Иер. 8:7). ГурыІуэгъуэщ пасэрей зэманым щІымахуэм губгъуэ тхьэрыкъуэхэр къэбгъуэтыну гугъуу зэрыщытар.

Тхьэрыкъуэ

Ауэ тхьэрыкъуэхэр зыщІыпІи лъэтэжкъым. А бзухэм Израилым сыт хуэдэ зэманми ущрохьэлІэ икІи ахэр цІыхухэм зэрахуэ. (Евгъапщэ Иуан 2:14, 16.) Палестинэ щІыналъэм тхьэрыкъуэхэр къалэхэми къуажэхэми щыІэт. Зы тхылъ гуэрым мыпхуэдэу итщ: «ТхьэмыщкІэ дыдэ мыхъуу, адрейхэм псоми езыхэм я тхьэрыкъуэ яІэжт. [...] Мылъкушхуэ зыбгъэдэмылъ нэгъуни и пщІантІэм е и унэм тхьэрыкъуэ щызэрихуэт»a. И нэхъыбэм тхьэрыкъуэщыр цІыхур зыщІэс унэм и блыным хэщІыхьауэ арат. (Евгъапщэ Исайя 60:8.)

Тхьэрыкъуэр тхьэрыкъуэщым щІэсщ

Зэрытлъагъущи, израил цІыхухэм мы бзууитІым щыщу къагъуэтыну нэхъ тыншыр къурмэныпхъэу къахь хъунут. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ лъагъуныгъэ зыхэлъ Алыхьу зэрыщытыр икІи тхузэфІэмыкІын зэи къызэрытхуимыгъэувыр.

a Гейки К. Святая земля и Библия: описание Палестины и нравов её обитателей. СПб., 1894. С. 49.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын