ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp22 № 1 н. 4—5
  • Лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур сыт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур сыт?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Лъагъумыхъуныгъэр зищІысыр сыт?
  • ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ЩХЬЭУСЫГЪУЭ ХУЭХЪУР
  • ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ЗЭРЫЗИУБГЪУР
  • ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ КЪЕЖЬАПІЭ ХУЭХЪУР БИБЛИЕМ КЪЫДГУРЕГЪАІУЭ
  • Лъагъумыхъуныгъэм утекІуэфынущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэр кІуэдыжыпэнущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Пэублэ псалъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэр зытумыгъэкІуэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
wp22 № 1 н. 4—5

Лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур сыт?

Лъагъумыхъуныгъэм и къежьапІэр сыт? Мы упщІэм жэуап ептын щхьэкІэ, япэщІыкІэ зэхэгъэкІын хуейщ лъагъумыхъуныгъэр зищІысыр, абы щхьэусыгъуэ хуэхъур икІи абы зэрызиубгъур.

Лъагъумыхъуныгъэр зищІысыр сыт?

Зы цІыхум е цІыху гупым гущыкІ хуащІмэ икІи бийуэ къалъытэмэ, абы лъагъумыхъуныгъэкІэ йоджэ.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ЩХЬЭУСЫГЪУЭ ХУЭХЪУР

Лъагъумыхъуныгъэм щхьэусыгъуэ куэд иІэфынущ. Инэхъыбэм цІыхур щІалъагъу мыхъур абы Іей гуэр зэрищІаракъым, атІэ цІыху гуп гуэрым зэрыщыщыращ. Ялъагъу мыхъу цІыхум дауэ зэрыхущытыр? Гугъуехьхэр абы и ягъэу, шынагъэ гуэр къыбгъэдэкІыу икІи зэи зызымыхъуэжын цІыху нэхъыкІэу ябж. Лъагъумыхъуныгъэ зыхэзыщІэхэр япэм езыхэр залымыгъэмрэ хабзэншагъэмрэ пэщІэхуауэ е лей къатехьауэ къыщІэкІынущ.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ЗЭРЫЗИУБГЪУР

ЦІыхум имыцІыху нэгъуни илъагъу мыхъуу щытыфынущ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэр емыгупсысу я благъэхэм, я ныбжьэгъухэм, пщІэ зыхуащІхэм яІэ еплъыкІэр къащтэну хьэзырщ. Апхуэдэу, лъагъумыхъуныгъэм цІыху куэд къицІэлэфынущ.

Лъагъумыхъуныгъэм тыншу зэрызиубгъур къыдгуроІуэри, дэ дгъэщІагъуэкъым цІыху куэдыр абы и къапхъэным зэрихуэр. Ауэ а къапхъэным цІыхур къикІыжын щхьэкІэ, лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур къищІэн хуейщ. Абы теухуауэ пэжыр Библиеращ зэрытыр.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ КЪЕЖЬАПІЭ ХУЭХЪУР БИБЛИЕМ КЪЫДГУРЕГЪАІУЭ

Лъагъумыхъуныгъэр къызэрекІуэкІ щІыкІэр къэзыгъэлъагъуэ сурэт. 1) ЦІыхубэм, соцсетьхэм икІи СМИ-м къабгъэдэкІ пцІыр. 2) Адрейм и культурэм, и расэм, и диным теухуауэ цІыхум щІэныгъэ зэрыхуримыкъур. 3) ЗэхъуэкІыныгъэхэм, зыгуэр фІэкІуэдыным, къыпэщылъыр зэримыщІэм цІыхур зэрыщышынэр. 4) ЦІыху зэхэгъэж щІын, нэмыплъ етын, залымыгъэ, лъагъумыхъуныгъэ.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ И КЪЕЖЬАПІЭР. Зэгуэр уафэм зы мелыІыч Алыхьым пэщІэувэри, лъагъумыхъуныгъэм ар щІэдзапІэ хуэхъуащ. Зи гугъу тщІыр ШейтІан Иблисыращ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «япэм къыщыщІэдзауэ ар цІыхуукІыу щытщ» икІи «ар пцІыупсщ, пцІыр къызыбгъэдэкІыр аращи». Абы ноби цІыхухэр хуегъэуш зэрылъагъу мыхъуу икІи зэхуэгубжьу щытыну (Иуан 8:44; 1 Иуан 3:11, 12). Библием къыщІегъэщ ШейтІаныр мелыІыч бзаджэу икІи гущІэгъуншэу зэрыщытыр (Иов 2:7; Апокалипсис 12:9, 12, 17).

ГУЭНЫХЬ ЗЫХЭЛЪ ЦІЫХУМ И ГУМ ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ТЫНШУ ЛЪАБЖЬЭ ЩЕЩІ. Япэ цІыху Іэдэм ШейтІаным и лъэныкъуэр иубыдауэ щытащ. Абы къытехъукІахэри гуэныхьщІакІуэу щытхэщ (Рим 5:12). Псалъэм папщІэ, Іэдэм и къуэ нэхъыжь Къаин и къуэш нэхъыщІэ Хьэбэлыр илъагъу зэрымыхъум къыхэкІкІэ иукІащ (1 Иуан 3:12). ПцІы хэмылъу, цІыхухэм лъагъуныгъи гущІэгъуи ягъэлъэгъуэф, ауэ гуэныхь зэрахэлъым къыхэкІкІэ щхьэзыфІэфІагъым, фыгъуэным икІи пагагъэм дешэх. Апхуэдэ хьэл мыхъумыщІэхэр лъагъумыхъуныгъэм лъабжьэ хуохъу (2 Тимофей 3:1—5).

ЦІЫХУХЭМ ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЭРАХЭМЫЛЪЫМ ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЕГЪЭБАТЭ. Дыщыпсэу дунейм цІыхухэр къызэщІегъэст я гум темыхуэ цІыху псоми зэран яхуэхъуну. Ди зэманым цІыху зэхэгъэж щІыным, шхыдэным, зыгуэр гъэшынэным, гъэпудыным, лей ехыным икІи нэгъуэщІым и хьэпшыпхэр исраф щІыным зиубгъуащ. А псом и щхьэусыгъуэр «дуней псор ШейтІаным и ІэмыщІэ» зэрилъыращ (1 Иуан 5:19).

Библием лъагъумыхъуныгъэм и щхьэусыгъуэр къызэриджиІэм нэмыщІ, абы и хэкІыпІэри дегъэлъагъу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын