49 СТАТЬЯР
НэгъуэщІхэм дазэрыхущытыным теухуауэ Левит тхылъым ит дерсхэр
«Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу нэгъуэщІхэри фІыуэ лъагъу» (ЛЕВ. 19:18).
109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Мыбы ипэ дджа статьям сыт щызэпкърытхар икІи мы статьям сыт дызытепсэлъыхьынур?
МЫБЫ ипэ дджа статьям Левит 19-нэ псалъащхьэм ит унафэхэм щыщ зыбжанэ дэ зэпкърытхащ. Псалъэм папщІэ, ещанэ едзыгъуэм щыжыІащ адэ-анэхэм пщІэ хуащІын хуейуэ Иеговэ израил цІыхухэм унафэ зэрахуищІар. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьащ а унафэм дытету ди адэ-анэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи дазэрыдэІэпыкъун хуейр. А едзыгъуэ дыдэм иджыри щыжыІащ израил цІыхухэм щэбэт махуэр ягъэлъэпІэн зэрыхуейр. Дэ а унафэм дыщІэмытми, абы лъабжьэ хуэхъу принципыр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм сыт щыгъуи зэман къахудэдгъэкІыну. Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ цІыху лъапІэу дыщытыну дызэрыхущІэкъур, Левит 19:2, абы нэмыщІ 1 Петр 1:15 дызэрыхуагъэушым хуэдэу.
2 Мы статьям Левит 19-нэ псалъащхьэм итыр адэкІи щызэпкърытхынущ. Дэ къэтщІэнущ цІыху ныкъуэдыкъуэхэм е фэбжь зиІэхэм гущІэгъу хэлъу дазэрыхущытын хуейр, абы нэмыщІ ахъшэмрэ лэжьыгъэмрэ епха Іуэхухэм теухуауэ пэжагъ дауэ дгъэлъэгъуэнуми икІи нэгъуэщІ цІыхухэм худиІэ лъагъуныгъэр сытым къыхэщынуми. Ди Алыхь лъапІэм хуэдэу, дэри лъапІэу дыщытыну дызэрыхуейм къыхэкІкІэ мы Іуэхугъуэхэм дытевгъэпсэлъыхь.
ЦІЫХУ НЫКЪУЭДЫКЪУЭХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФІЩ
Левит 19:14 зэритымкІэ, зи тхьэкІумэ зэхэзымых икІи зи нэ зымылъагъу цІыхухэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр? (3—5-нэ абзацхэм феплъ.)d
3, 4. Левит 19:14 зэритымкІэ, зи тхьэкІумэ зэхэзмыххэмрэ зи нэ зымылъагъу цІыхухэмрэ дапхуэдэу уазэрыхущытын хуейр?
3 Къеджэ Левит 19:14. Иеговэ и лэжьакІуэхэм ящогугъ ахэр цІыху ныкъуэдыкъуэхэм гущІэгъу хэлъу яхущытыну. Псалъэм папщІэ, израил цІыхухэр зи тхьэкІумэ зэхэзымых цІыхум гыбзэ жраІэ хъунутэкъым, нэгъуэщІу жыпІэмэ, ар ягъэшынэну е и пщІэр езыудых псалъэхэр жраІэну. Зи тхьэкІумэ зэхэзымых цІыхум апхуэдэу ухущытыныр сыту гущыкІыгъуэ! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыхужаІэр зэхихкъым икІи и щхьэм къыщхьэщыжыфынукъым.
4 Абы нэмыщІ Алыхьым и лэжьакІуэхэм зи нэ зымылъагъу цІыхум и пащхьэм ар зыгъэлъэпэрэпэн гуэр щагъэтІылъ хъунутэкъым. ЦІыху ныкъуэдыкъуэхэм теухуауэ зы тхылъ гуэрым мыпхуэдэу щыжыІащ: «Пасэрей зэманым къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыпсэу цІыхухэр гущІэгъу хэмылъу ныкъуэдыкъуэхэм щІэх-щІэхыурэ щахущыт къэхъут»b. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зи нэ зымылъагъу цІыхухэм ящыдыхьэшхын щхьэкІэ ахэр зыгъэджэлэн гуэр я пащхьэм изылъхьэ цІыху гущІэгъуншэхэр щыІащ. Ауэ абы зыри дыхьэшхэн хэлътэкъым. Иеговэ и хабзэр къигъэсэбэпурэ и лъэпкъым дэІэпыкъут зи тхьэкІумэ зэхэзымыххэмрэ зи нэ зымылъагъу цІыхухэмрэ гущІэгъу хэлъу уазэрыхущытын хуейр къагурыІуэну.
5. ЦІыху ныкъуэдыкъуэхэм дапхуэдэу гущІэгъу зэрахуэтщІыфынур?
5 Хьисэ цІыху ныкъуэдыкъуэхэм гущІэгъу яхуищІт. ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан жраІэжын щхьэкІэ Хьисэ жиІа псалъэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ: «Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекІуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лІахэр къотэджыж» (Лк. 7:20—22). Хьисэ илэжь Іуэху телъыджэхэр зылъагъу цІыхухэм Алыхьыр ягъэлъапІэт (Лк. 18:43). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри цІыху ныкъуэдыкъуэхэм гулъытэ хуащІу икІи гущІэгъурэ шыІэныгъэрэ хэлъу яхущытын хуейщ. Пэжщ, Хьисэ илэжьа телъыджэ Іуэхухэм хуэдэ длэжьыну Иеговэ къару къыдитакъым. Ауэ зи нэ зымылъагъу цІыхухэмрэ Библием ит пэжыр зымыщІэхэмрэ къэкІуэну зэманым щІылъэр жэнэт зэрыхъужынум теухуауэ яжетІэну дэ абы Іэмал къыдитащ (Лк. 4:18). А зэманым цІыхухэр псори узыншэ зэрыхъужыным теухуа хъыбарыфІым иджыпсту щыщІэдзауэ Алыхьыр ягъэлъэпІэну цІыху куэдыр хуегъэуш.
АХЪШЭМРЭ ЛЭЖЬЫГЪЭМРЭ ЕПХА ІУЭХУХЭМ ТЕУХУАУЭ ПЭЖАГЪ ГЪЭЛЪАГЪУЭ
6. Левит 19-нэ псалъащхьэм итыр УнафипщІыр нэхъыфІу къыдгурыІуэну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
6 Левит 19-нэ псалъащхьэм ит языныкъуэ едзыгъуэхэм УнафипщІым и мыхьэнэр нэхъыфІу къыдгурагъаІуэ. Псалъэм папщІэ, еянэ унафэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «Умыдыгъуэ» (Исх. 20:15). Зыгуэрым жиІэфынущ: «Мы унафэр сэ согъэзащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэгъуэщІым ейр сэ зэи къэсщтакъым». Ауэ «дыгъуэн» жыхуиІэ псалъэм нэхъыбэ къокІ.
7. Иеговэ израил лъэпкъым ярита еянэ хабзэм сатуущІэр дауэ зэребэкъуэнкІэ хъунур?
7 НэгъуэщІым ейр зэи къэзымыщта сатуущІэм игу къэмыкІыххэнкІэ хъунут ар дыгъуакІуэу щытыфыну. Ауэ Левит 19:35, 36 итым а Іуэхум иджыри и зы лъэныкъуэм гу лъыдегъатэ: «Зыгуэрым и кІыхьагъыр, и хьэлъагъыр е и инагъыр къыщыфпщкІэ пцІы фымыупс. Фи тэрэзэр пэжу щрет, гырэ, ефа, гин къэвгъэсэбэпхэри пэжу щытын хуейщ». Иеговэ апхуэдэ унафэ щІищІар сыт? Абы и щхьэусыгъуэр мыращ: щэхуакІуэр къэзыгъапцІэ сатуущІэр абы едыгъуэу жыпІэ хъунут. А гупсысэр Левит 19-нэ псалъащхьэм и нэгъуэщІ едзыгъуэхэми къыхощ.
Левит 19:11—13 итым тепщІыхьмэ, цІыху зыгъэлажьэ Иеговэ и Щыхьэтым сыт хуэдэ упщІэхэр зритыжын хуей? (8—10-нэ абзацхэм феплъ.)e
8. Левит 19:11—13 ит псалъэхэр журт цІыхухэм дапхуэдэут къазэрыдэІэпыкъур Иеговэ абыхэм къарита еянэ хабзэм тетыну икІи ди дежкІэ абы сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
8 Къеджэ Левит 19:11—13. 11-нэ едзыгъуэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щІедзэ: «Фымыдыгъуэ». Абы нэмыщІ 13-нэ едзыгъуэм мыпхуэдэу итщ: «Фи гъунэгъур къэвмыгъапцІэ». Зэрытлъагъущи, дыгъуэнымрэ пцІы упсынымрэ сыт щыгъуи зэгъусэщ. Абы къыхэкІкІэ лэжьыгъэм пыщІа ІуэхухэмкІэ пэжагъ умыгъэлъэгъуэнри цІыхум и мылъкур къытепхынри тІури зыщ. Журт лъэпкъым сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи пэжагъ ягъэлъэгъуэну ядэІэпыкъун щхьэкІэ Левит тхылъым а хабзэр нэхъ куууэ зэпкърех. Иеговэ пцІы упсынымрэ дыгъуэнымрэ зэрыхущытым куууэ дегупсысыным ди дежкІи сэбэпынагъ пылъщ. Дэ дызэупщІыж хъунущ: «Левит 19:11—13 зэритымкІэ, лэжьыгъэм пыщІа Іуэхухэм теухуауэ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэзмылъхьэн хуейуэ пІэрэ?»
9. Левит 19:13 ит унафэм израил цІыхухэр дапхуэдэут къызэрихъумэр?
9 ЦІыху зыгъэлажьэ Иеговэ и Щыхьэтым Левит 19:13 ит псалъэхэм гу лъитэн хуейщ. Абы щыжыІащ: «ЛІыщІэм и лэжьапщІэр нэху мыщ щІыкІэ ефтыж». Израил цІыхухэм я нэхъыбэр мэкъумэшыщІэу щытащ. ПщІэкІэ ягъэлажьэ цІыхум и лэжьапщІэр махуэм и кІэм иратын хуейт, армыхъумэ абы и унагъуэм а махуэм ишхын иІэнутэкъым. Иеговэ апхуэдэ цІыхухэм я Іуэхур зыІутыр фІы дыдэу къыгурыІуэти, абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэ унафэ ищІащ: «Абы и лэжьапщІэр а махуэ дыдэм дыгъэр къуэмыхьэ щІыкІэ ефтыж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар тхьэмыщкІэщи абы и гъащІэр и лэжьапщІэм елъытащ» (Втор. 24:14, 15; Мт. 20:8).
10. Левит 19:13 сыт хуэдэ дерс итыр?
10 Нобэ куэдым я лэжьапщІэр махуэ къэс ираткъым, атІэ мазэм зэ е тІэу ират. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Левит 19:13 ит принципым ноби мыхьэнэшхуэ иІэщ. Языныкъуэхэм ягъэлажьэ цІыхухэм къалэжьам нэхърэ нэхъ мащІэщ иратыр. А цІыхум хэкІыпІэ зэримыІэм къыхэкІкІэ ар нэхъ пуду зэрылэжьэнур абыхэм къагуроІуэ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм а цІыхум и лэжьапщІэр яубыду жыпІэ хъунущ. Аращи, дэ зыгуэр дгъэлажьэмэ, а цІыхум и лэжьапщІэр пэжагъ хэлъу еттын хуейщ. АдэкІэ Левит 19-нэ псалъащхьэм ит нэгъуэщІ дерсхэми гу лъыттэнщ.
«УИ ЩХЬЭР ФІЫУЭ ЗЭРЫПЛЪАГЪУМ ХУЭДЭУ НЭГЪУЭЩІХЭРИ ФІЫУЭ ЛЪАГЪУ»
11, 12. Левит 19:17, 18 ит псалъэхэр Хьисэ къыщІихьар сыт?
11 Дэ нэгъуэщІ цІыхухэм дазэрыхущытыр Алыхьым къыфІэмыІуэхуу щыткъым икІи адрейхэм Іей едмыщІэн къудейкІэ ар зэфІэкІкъым. Абы щыхьэт тохъуэ Левит 19:17, 18 (къеджэ). Иеговэ гурыІуэгъуэу жеІэ: «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу нэгъуэщІхэри фІыуэ лъагъу». Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыми Алыхьыр игъэгуфІэн щхьэкІэ а унафэм тетын хуейщ.
12 А унафэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр Хьиси жиІауэ щытащ. Зы фарисей гуэр Хьисэ мыпхуэдэу еупщІат: «Тхьэм и унафэхэм щыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр?» Хьисэ абы жэуап иритащ: «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу». Абы иужь Левит 19:18 ит мыхьэнэшхуэ зиІэ етІуанэ унафэр Хьисэ абы къыхуихьащ: «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Мт. 22:35—40). А унафэм узэрытетыр къызэрыбгъэлъэгъуэфыну Іэмал куэд щыІэщ. Абы теухуауэ Левит 19-нэ псалъащхьэм итым гу лъыттэнщ.
13. Левит 19:18 ит псалъэхэр нэхъыфІу къыдгурыІуэну Исуф и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
13 НэгъуэщІ цІыхухэр фІыуэ зылъагъум Левит 19:18 ит мы псалъэхэм мыхьэнэшхуэ ирет: «Уилъ умыщІэж икІи... уи гум гужьгъэжь йомыгъэлъ». Къыдэлажьэм, къыдеджэм е и Іыхьлы гуэрым теухуауэ илъэс куэдкІэ зи гум гужьгъэжь изыгъэлъа цІыху гуэр фэ фцІыхуу къыщІэкІынщ. Библиери апхуэдэ цІыхухэм топсэлъыхь. Исуф и къуэшхэр щапхъэу къэтхьынщ. Абыхэм илъэс куэдкІэ я гум гужьгъэжь зэрырагъэлъам къыхэкІкІэ Исуф гъэру ящащ (ЩІэдз. 37:2—8, 25—28). Ауэ Исуф и щытыкІэр абыхэм я щытыкІэм хуабжьу къыщхьэщыкІт! Исуф тепщэныгъэшхуэ къыщыІэрыхьам щыгъуэ и къуэшхэм къращІам хуэдэ тыншу ярищІэжыфынут. Ауэ абы и гум гужьгъэжь иригъэлъакъым. Зэрытлъагъущи, Исуф и щытыкІэр иужькІэ Левит 19:18 иратха псалъэхэм техуэт (ЩІэдз. 50:19—21).
14. Левит 19:18 ит принципхэр ди зэманым хуэкІуэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
14 Исуф и къуэшхэм къращІам хуэдэ яримыщІэжу и гум къыбгъэдэкІыу абыхэм яхуигъэгъуащ. Апхуэдэу абы ди зэманым псэу Алыхьым и лэжьакІуэхэм щапхъэфІ къахуигъэнащ. Дэри апхуэдэ гупсысэкІэ диІэну Хьисэ дыхуегъэуш. Псалъэм папщІэ, Алыхьым дызэрелъэІун хуейм теухуауэ щыжиІам щыгъуэ абы къыхигъэщащ ди жагъуэ къэзыщІахэм хуэдгъэгъун зэрыхуейр (Мт. 6:9, 12). Апостол Паули мыпхуэдэ псалъэхэр итхащ: «ФІыуэ слъагъухэ, зыгуэрым бзаджагъэ къывищІэмэ, бзаджагъэ евмыщІэж» (Рим 12:19). Абы нэмыщІ Колоссэ 3:13 мыпхуэдэ псалъэхэри итщ: «Зым зыр ирешыІэ икІи зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу». Зэрытлъагъущи, Иеговэ и принципхэм захъуэжкъым. Аращи, Левит 19:18 итым лъабжьэ хуэхъу принципхэр ноби къэдгъэсэбэпыфынущ.
ЩІыфэм телъ уІэгъэм хуэдэу, гум телъ уІэгъэри къомытІэщІмэ нэхъыфІщ. Уи жагъуэ къэзыщІам зэрыхуэбгъэгъуным хущІэкъу (15-нэ абзацым феплъ.)f
15. Уи жагъуэ къыщащІым деж ар бгъэгъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Щапхъэ къэфхь.
15 Зыгуэрым уи жагъуэ къыщищІым деж ар уІэгъэм ебгъэщхь хъунущ. УІэгъэр цІыкІуу е ину щытыфынущ. Псалъэм папщІэ, ущыпщафІэм деж умыщІэххэу уи Іэр боуІэж. ДауикІ, абы гуфІэгъуэ къыпхуихькъым, ауэ зы махуэ-махуитІ дэкІмэ, ар уигу къэмыкІыжыххэнкІэ хъунущ. Ди жагъуэ къызэращІыр а уІэгъэм ебгъэщхь хъунущ. Иныкъуэхэм деж ди ныбжьэгъум емыгупсысауэ зыгуэр ищІэфынущ е жиІэфынущ икІи дэ абы мыхьэнэ едмытынкІэ хъунущ. Ауэ нэгъуэщІ уІэгъи щыІэщ, ар упхэн, уеблэмэ, бдыжын хуейуэ. Апхуэдэ уІэгъэм сыт щыгъуи уеІусэмэ икІи къэптІэщІмэ, ар зэи кІыжынукъым. ЦІыху куэдым я жагъуэ къыщащІым деж ар дыдэращ ящІэр. Абыхэм я жагъуэ къызэращІам щІэх-щІэхыурэ зэрегупсысымкІэ я щхьэм зэран хуэхъуу аращ. Апхуэдэм деж Левит 19:18 ит унафэм утетмэ, ІэджэкІэ нэхъыфІщ.
16. Левит 19:33, 34 зэритымкІэ, израил цІыхухэр хэхэсхэм дапхуэдэу зэрахущытын хуеяр икІи дэ абы сытым дыхуигъасэрэ?
16 Израил цІыхухэм я дежкІэ «гъунэгъуу» щытар я лъэпкъэгъухэм я закъуэтэкъым. Иеговэ абыхэм ящыгугът я гъусэу псэу хэхэсхэри фІыуэ ялъагъуну. Абы теухуауэ Иеговэ унафэ гурыІуэгъуэ итащ. А унафэр итщ Левит 19:33, 34 (къеджэ). Израил цІыхухэм я щхьэр фІыуэ зэралъагъум хуэдэу, я гъусэу псэу хэхэсхэри фІыуэ ялъэгъун хуейт. Псалъэм папщІэ, губгъуэр Іуахыжа иужь къэна щхьэмыжхэр израил цІыхухэм нэмыщІ хэхэсхэми къащыпыну хуитт (Лев. 19:9, 10). Ди зэманми Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр а хабзэм лъабжьэ хуэхъу принципым тету мэпсэу икІи я лъэпкъэгъухэм нэмыщІ нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэри фІыуэ ялъагъу (Лк. 10:30—37). Фэри фыщыпсэу щІыпІэм нэгъуэщІ къэралхэм къикІауэ цІыху куэд щыпсэууэ къыщІэкІынщ. Апхуэдэ цІыхухэм — балигъхэми сабийхэми — пщІэ яхуэтщІыну хуэфащэщ.
ЛЕВИТ 19-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭМ ЗИ ГУГЪУ ИМЫЩІ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ЛЭЖЬЫГЪЭР
17, 18. 1) Левит 19:2, абы нэмыщІ 1 Петр 1:15 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ? 2) Апостол Петр и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ лэжьыгъэм дыхэтын хуей?
17 Левит 19:2, абы нэмыщІ 1 Петр 1:15 итым Алыхьым и лэжьакІуэхэр лъапІэу щытыну хуегъэуш. Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми Левит 19-нэ псалъащхьэм и нэгъуэщІ едзыгъуэхэми къыдгурагъаІуэ. Псалъэм папщІэ, мы статьяитІым дэ щызэпкърытхащ ІуэхугъуэфІхэм дыхуэзыгъэуш едзыгъуэхэмрэ Іуэхугъуэ Іейхэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну къыддэІэпыкъуну едзыгъуэхэмрэc. Ауэ абыкІэ псори зэфІэкІкъым. АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэми дыхуагъэуш а принципхэм дытету дыпсэуну. Абы теухуауэ апостол Петр иджыри зыгуэр къытхузэІуех.
18 Алыхьым и лэжьакІуэхэр зыхэт ІуэхуфІхэм ящыщ зы апостол Петр къыхигъэщащ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр я гъащІэм и лъэныкъуэ псомкІи лъапІэу щытыну хуигъэушын ипэ абы мыпхуэдэ псалъэхэр итхащ: «Аращи, фи цей къуакІэ дэупщІауэ, фигукІэ хьэзыру фыщыт» (1 Пет. 1:13, 15). Мы едзыгъуэм Петр зи гугъу ищІыр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм «Тхьэм и Іуэху телъыджэхэр» дэни щаІуэтэн зэрыхуейрат (1 Пет. 2:9). Нобэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ псори а Іуэхум хэтщ икІи абы нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ щыІэкъым. Дэ, Алыхьым лъапІэу илъытэ лъэпкъым, хъыбарыфІыр дгъэІуну икІи Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну къызэрытхуигъэфэщамкІэ щІыхьышхуэ къытхуищІащ (Мк. 13:10). Абы къыхэкІкІэ а лэжьыгъэм псэемыблэжу дыхэтщ. Левит 19-нэ псалъащхьэм ит принципхэм дытету щытмэ, дэ абыкІэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьымрэ цІыхухэмрэ фІыуэ зэрытлъагъур, абы нэмыщІ ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэмкІи лъапІэу дыщытыну дызэрыхуейр.
111-НЭ УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
a Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Мусэ и хабзэм щІэтын хуейкъым, ауэ а хабзэм ит унафэхэм дэ куэдым дыхуагъэсэфынущ. Ахэр къыддоІэпыкъу нэгъуэщІ цІыхухэр фІыуэ тлъагъуну икІи Алыхьыр дгъэгуфІэну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Левит 19-нэ псалъащхьэм ит дерс зыбжанэ.
b Харрисон Р. Левит: вступление и комментарии. Даунерс-Гроув, 1980. Т. 3. С. 198. Англ. яз.
c Мы статьяхэм зи гугъу дымыщІа едзыгъуэхэр иджыри топсэлъыхь цІыху зэхэгъэж щІыным, нэгъуэщІым пцІы теплъхьэным, лъыр шхыным хуэдэу зыІулъхьэным, Іэзэгъуазэ Іуэхухэм икІи зинэ щІэным (Лев. 19:15, 16, 26—29, 31). (Мы журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.)
d СУРЭТЫР. Ди къуэшыр зи тхьэкІумэ зэхэзымых къуэшым доІэпыкъу дохутырым епсэлъэну.
e СУРЭТЫР. Ди къуэшым игъэлажьэ цІыхум лэжьапщІэр ирет. (А щІыпІэм лэжьапщІэр конвертым дэлъу птыныр къэрал унафэм тохуэ).
f СУРЭТЫР. Ди шыпхъум и Іэпэр зэриуІэжам игъэгузавэкъым. Ауэ нэхъ уІэгъэшхуэм апхуэдэ дыдэу хущытыну абы хузэфІэкІыну пІэрэ?