48 СТАТЬЯР
«Фэри лъапІэ фыхъун хуейщ»
«Фи гур лъапІэу икІи къабзэу влэжь псори вгъэзащІэ» (1 ПЕТ. 1:15).
34-НЭ УЭРЭДЫР Къабзагъэм тет
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Апостол Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт къызыхуриджэу щытар икІи абы и псалъэхэр дгъэзэщІэну тхузэфІэмыкІыну къыщІытщыхъункІэ хъунур сыт?
ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ Иеговэ щапхъэ трахын хуейми апостол Петр и япэ письмом щитхащ. Абы мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Ауэ Тхьэуэ езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджар лъапІэу зэрыщытым хуэдэу, фэри фи гур лъапІэу икІи къабзэу влэжь псори вгъэзащІэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Тхьэм къызэрыжиІэр и псалъэу тхахэм хэтщ: „Сэ сызэрылъапІэм хуэдэу фэри лъапІэ фыхъун хуейщ“» (1 Пет. 1:15, 16). Мы псалъэхэр Петр зыхуигъэзар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэрауэ щытми, щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм дежкІи ахэр щхьэпэщ. Абыхэм къыдгурагъаІуэ къабзагъэмрэ лъапІагъымрэ нэхъыфІ дыдэу зыгъэлъагъуэ Иеговэ дэ щапхъэ зэрытетхыфынур. Ауэ Иеговэ щапхъэ зэрытетхыфынум нэмыщІ ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи апхуэдэу дыщытыну ди къалэнщ. Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ зыгуэрым ар хузэфІэмыкІын хуэдэу къыщыхъуфынущ. Езы Петри щыщыуаи къэхъуащ, ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ ар лъапІэу илъытэт. Аращи, дэри «лъапІэу» дыщытыфынущ.
2. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
2 Мы статьям къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр щызэпкърытхынущ: 1) «ЛъапІэу икІи къабзэу» ущытыным къикІыр сыт? 2) Иеговэ и лъапІагъым теухуауэ Библием сыт щыжыІар? 3) ЦІыхур сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи «лъапІэу икІи къабзэу» дапхуэдэу зэрыщытыфынур? 4) Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ «лъапІэу икІи къабзэу» дыщІыщытын хуейр сыт?
«ЛЪАПІЭУ ИКІИ КЪАБЗЭУ» УЩЫТЫНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?
3. «ЛъапІэу икІи къабзэу» щыт цІыхур куэдым дапхуэдэу я нэгу къызэрыщІагъэхьэр, ауэ дэ абы теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ диІэн хуейр?
3 «ЛъапІэу икІи къабзэу» ущытыным теухуауэ цІыхухэр щегупсысым деж куэдым сыт я нэгу къыщІагъэхьэр? Абыхэм я нэгу къыщІагъэхьэ гуфІэгъуэ зи нэгу имылъ икІи диным и лэжьакІуэу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ щыгъын зезыхьэ цІыху. Ауэ апхуэдэ еплъыкІэр пэжу пІэрэ? Иеговэ лъапІэщ икІи Библиер абы «Алыхь насыпыфІэкІэ» йоджэ (1 Тим. 1:11, ДЩІ). Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр!» (Пс. 144:15). Абы нэмыщІ цІыхухэм пщІэ лей зыхурагъэщІын щхьэкІэ «фащэ кІыхь» зезыхьэу щыта дин лэжьакІуэхэр Хьисэ Мэссихь игъэкъуаншэу щытащ (Мт. 6:1; Мк. 12:38). Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм «лъапІэу икІи къабзэу» ущытыным теухуауэ яІэ еплъыкІэр зытехуэр цІыхухэм я еплъыкІэхэракъым, атІэ Библием итыращ. Дэ Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи тхузэфІэмыкІын къызэрытхуимыгъэувым шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Иеговэ «лъапІэу фыщыт» жиІэу зыкъыщытхуигъазэкІэ, дэ ар тхузэфІэкІынущ. Ауэ ди ІуэхущІафэхэр «лъапІэу икІи къабзэу» щытын щхьэкІэ ар зищІысыр сытми япэщІыкІэ зэхэдгъэкІын хуейщ.
4. «ЛъапІэ» икІи «къабзэ» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр сыт?
4 «ЛъапІэ» икІи «къабзэ» жыхуиІэ псалъэхэр Библием къыщигъэсэбэпым деж абы зи гугъу ищІыр Алыхьым дызэрыхуэлажьэмрэ ди гупсысэкІэмрэ къабзэу щытын зэрыхуейращ. Абы нэмыщІ а псалъэхэм иджыри къокІ цІыху е нэгъуэщІ гуэр Алыхьым и лэжьыгъэм хухэхауэ зэрыщытыр. НэгъуэщІу жыпІэмэ, дэ «лъапІэу икІи къабзэу» дыщыту жыпІэфынущ дуней тетыкІэ къабзэ диІэмэ, Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлажьэмэ икІи абырэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъу щытмэ. Фегупсысыт: «лъапІэу икІи къабзэу» щыт Алыхьым и ныбжьэгъуу дыщытыну дэ Іэмал диІэщ! Ар псом хуэмыдэу гъэщІэгъуэнщ Иеговэ и лъапІагъым теухуауэ Библием итым дыкъыщеджэм деж.
«ЛЪАПІЭЩ, ЛЪАПІЭЩ, ЛЪАПІЭЩ... ИЕГОВЭ»
5. Иеговэ теухуауэ мелыІычхэм сыт къыдагъащІэр?
5 Иеговэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи «лъапІэу икІи къабзэу» щытщ. Серафимхэм я псалъэхэр абы щыхьэт тохъуэ: «ЛъапІэщ, лъапІэщ, лъапІэщ дзэхэм я Алыхь Иеговэ!» (Ис. 6:3). А мелыІычхэр Иеговэ и тахътэм пэгъунэгъуу щытщ. ДауикІ, лъапІэу щыт Алыхьым апхуэдэу пэгъунэгъуу щытын щхьэкІэ ахэри лъапІэу щытын хуейщ. Абы нэмыщІ Иеговэ и мелыІычхэм щыщ гуэр щІылъэм къыщыкІуэм деж, ар къыздэкІуа щІыпІэр лъапІэ мэхъу. Псалъэм папщІэ, Мусэ мафІэ къызыщхьэщих пыжь банэ щилъэгъуам щыгъуэ аращ къэхъуар (Исх. 3:2—5; Иис. Н. 5:15).
Дин пашэшхуэм и пыІэм тет дыщэ бзыгъэм мыпхуэдэ псалъэхэр тетхат: «Иеговэ закъуэщ лъапІэр» (6, 7-нэ абзацхэм феплъ.)
6, 7. 1) Иеговэ лъапІэу зэрыщытым Мусэ израил цІыхухэм сыт хуэдэ псалъэхэмкІэ гу лъаригъэта? (Исход 15:1, 11). 2) Иеговэ лъапІэу зэрыщытыр израил цІыхухэм сыт ягу къэзыгъэкІыжу щытар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
6 Хы плъыжьым израил лъэпкъыр щызэпрыкІам щыгъуэ Мусэ къыхигъэщащ Иеговэ Алыхь «лъапІэу икІи къабзэу» зэрыщытыр. (Къеджэ Исход 15:1, 11.) Мысырым и тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ цІыхухэр жыжьэрэ-гъунэгъуу къабзэу щыту жыпІэфынутэкъым. Ханаан щІыналъэм я тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ цІыхухэри абыхэм зыкІи къакІэрыхутэкъым. Абыхэм я дин хабзэхэм хыхьэт я сабийхэр къурмэну къахьыну икІи егъэлеяуэ зинэ щІэным зыдрагъэхьэхыну (Лев. 18:3, 4, 21—24; Втор. 18:9, 10). А лъэпкъхэм я цІапІагъэр Иеговэ апхуэдизкІэ гущыкІыгъуэу къилъытэти, и лъэпкъым щыщхэм апхуэдэ гуэр ялэжьыну абы и дежкІэ къезэгътэкъым. Иеговэ — лъапІагъэрэ къабзагъэрэ къызыбгъэдэкІ Алыхьщ. Израил цІыхухэм ар ящымыгъупщэн щхьэкІэ дин пашэшхуэм и пыІэм тет дыщэ бзыгъэм мыпхуэдэ псалъэхэр тетхат: «Иеговэ закъуэщ лъапІэр» (Исх. 28:36—38).
7 Дин пашэшхуэм и пыІэм тетха псалъэхэр зылъагъу псоми ягу къигъэкІыжт Иеговэ лъапІэу зэрыщытыр. Ауэ израил цІыхухэм псоми дин пашэшхуэр ялъэгъуну Іэмал яІэтэкъым. Абы къикІыу пІэрэт Алыхьым теухуа пэжыр абыхэм ямыщІэу щытауэ? Хьэуэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Торэт хабзэм къащыхуеджэм деж цІыхухъухэми, цІыхубзхэми, сабийхэми абы теухуауэ зэхахт (Втор. 31:9—12). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт а цІыхухэм фахэту мыпхуэдэ псалъэхэр зэхэфхыу: «Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фи Алыхь Иеговэр сэращ. [...] Сэ лъапІэу сызэрыщытым щхьэкІэ, фэри лъапІэу фыщыт». «Сэр щхьэкІэ лъапІэу фыщыт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сы-Иеговэщ, лъапІэу сыщытщ» (Лев. 11:44, 45; 20:7, 26).
8. Левит 19:2 икІи 1 Петр 1:14—16 ит псалъэхэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІаІэр сыт?
8 Израил псом я пащхьэм иту къызэджэу щыта унафэм гу лъыттэнщ. Ар Левит 19:2 итщ: «ЛъапІэу фыщыт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ, фи Алыхь Иеговэ, сылъапІэщ». Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм захуигъазэу ахэр лъапІэу щытыну къащыхуриджам щыгъуэ а едзыгъуэрауэ къыщІэкІынущ къигъэсэбэпар. (Къеджэ 1 Петр 1:14—16.) ДауикІ, дэ Торэт хабзэм дыщІэткъым, ауэ, Петр а псалъэхэр къыщыхигъэщакІэ, ахэр дэри къытлъоІэс. Пэжщ, Иеговэ лъапІэщ икІи ар фІыуэ зылъагъухэри лъапІэу зэрыщытыным хущІэкъун хуейщ. А унафэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм псоми ялъоІэс: уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэми, жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэми (1 Пет. 1:4; 2 Пет. 3:13).
«ФИ ГУР ЛЪАПІЭУ ИКІИ КЪАБЗЭУ ВЛЭЖЬ ПСОРИ ВГЪЭЗАЩІЭ»
9. Левит тхылъым и 19-нэ псалъащхьэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
9 Ди Алыхь лъапІэр арэзы тщІыну дызэрыхуейм къыхэкІкІэ дэри лъапІэ дызэрыхъуфыным теухуауэ къэтщІэну дыхуейщ. Дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур? Езы Иеговэ ар къыдгурегъаІуэ. Абы теухуауэ Левит тхылъым и 19-нэ псалъащхьэм чэнджэщ зыбжанэ итщ. А псалъащхьэм тепсэлъыхьу журт щІэныгъэлІ Ма́ркус Ка́лиш мыпхуэдэу итхащ: «А псалъащхьэ гъэщІэгъуэныр гъащІэм и лъэныкъуэ зэмылІэужьыгъуэхэм нэхъ убгъуауэ топсэлъыхь. Абы нэмыщІ Левит тхылъым, уеблэмэ, Торэт Хабзэ псом ар нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ псалъащхьэу щыту жыпІэ хъунущ». Абы ит языныкъуэ едзыгъуэхэм гу лъыттэнщ икІи абыхэм ит дерсхэр ди гъащІэм сэбэп къызэрытхуэхъуфынум дытепсэлъыхьынщ. А хабзэхэр щызэпкърытхкІэ ахэр «лъапІэу фыщыт» жыхуиІэ псалъэхэмкІэ зэрыщІидзэр зыщыдгъэгъупщэнкъым.
Адэ-анэхэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ Левит 19:3 ит псалъэхэм Алыхьым и лэжьакІуэр зригъэгупсысын хуейр сыт? (10—12-нэ абзацхэм феплъ.)c
10, 11. Левит 19:3 зэритымкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр икІи абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
10 «ЛъапІэу фыщыт» жиІэу лъэпкъ псом захуигъэза иужь Иеговэ адэкІэ пищащ: «Фи адэ-анэм пщІэ яхуэфщІ... Фи Алыхь Иеговэр сэращ» (Лев. 19:2, 3).
11 Ди адэ-анэм пщІэ хуэтщІын хуейуэ Алыхьым унафэ къытхуищІам дэ мыхьэнэшхуэ еттын хуейщ. Зэгуэр зы щІалэщІэр Хьисэ мыпхуэдэу еупщІащ: «МыкІуэдыжын гъащІэ згъуэтын щхьэкІэ, сыт фІыуэ сщІэн хуейр?» Хьисэ абы жриІащ и адэ-анэм пщІэ хуищІын зэрыхуейр (Мт. 19:16—19). Абы нэмыщІ Хьисэ фарисейхэмрэ дин егъэджакІуэхэмрэ игъэкъуэншащ ахэр я адэ-анэхэм зэрыкІэлъымыплъыжын щхьэусыгъуэ зэмылІэужьыгъуэхэр къызэрагупсысым щхьэкІэ. Хьисэ абыхэм яжриІащ апхуэдэу зэращІэмкІэ «Тхьэм и псалъэхэр» лъэныкъуэ зэрырагъэзыр (Мт. 15:3—6). ИкІи абыхэм хохьэ Левит 19:3 итымрэ УнафипщІым и етхуанэ унафэмрэ (Исх. 20:12). Аращи, «адэ-анэм пщІэ яхуэфщІ» жиІэн ипэ Иеговэ мыпхуэдэ псалъэхэр зэрыжиІэр зыщыдгъэгъупщэнкъым: «ЛъапІэу фыщыт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ, фи Алыхь Иеговэ, сылъапІэщ».
12. Левит 19:3 итым теухуауэ сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну?
12 «Си адэ-анэм пщІэ яхуэсщІу пІэрэ?» жытІэу дызэупщІыж хъунущ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ дигу къэкІыжынкІэ хъунущ зэман-зэманкІэрэ абыхэм яхуэфащэ пщІэр зэредмытар. БлэкІам зыри тхуещІэжынукъым, ауэ нобэ щыщІэдзауэ ди щыуагъэхэм делэжь хъунущ. Мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысынщ: си адэ-анэм саригъусэн щхьэкІэ зэман нэхъыбэ къысхудэгъэкІыну пІэрэ? Унагъуэ ІуэхухэмкІэ ахэр дэІэпыкъуэгъу хуэмыныкъуэу пІэрэ? Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуну абыхэм садэІэпыкъуфыну пІэрэ, е я гур къыщІэзыубыдэн псалъэ гуапэхэм ахэр хуэмыныкъуэу пІэрэ? А упщІэхэр дэ къыддэІэпыкъуфынущ Левит 19:3 ит унафэм нэхъыфІу дытетыну.
13. 1) Левит 19:3 иджыри сыт хуэдэ унафэ итыр? 2) Лука 4:16—18 зэритымкІэ, сыт Хьисэ ищІар икІи абы и щапхъэм дауэ дытетыфыну?
13 Израил цІыхухэр лъапІэу щытын щхьэкІэ иджыри сыт ящІэн хуейми Левит 19:3 мыпхуэдэ псалъэхэр щыжыІат: «Си щэбэт махуэхэр вгъэлъапІэ». Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Торэт хабзэм и лъабжьэм зэрыщІэмытым къыхэкІкІэ щэбэт махуэр ягъэлъэпІэн хуейкъым. Ауэ а хабзэм нэхъ куууэ дыхэплъэу щытмэ, абы израил цІыхухэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къахуихьу щытами дэ къыдгурыІуэнущ икІи куэдым зедгъэсэфынущ. Щэбэт махуэм израил цІыхухэм загъэпсэхут икІи Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэзыщІ Іуэхухэм нэхъыбэу хэттb. Аращи, Хьисэ щэбэт махуэм синэгуэгум кІуэуэ абы щІэсхэм Алыхьым и Псалъэм ит пычыгъуэ къазэрыхуеджар гъэщІэгъуэнкъым (Исх. 31:12—15; къеджэ Лука 4:16—18). Щэбэт махуэм теухуа хабзэм дыщегупсысым деж сытым абы дыхуигъэушрэ? Дапхуэдизу дыхущІэмыхьэми, махуэ къэс Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуэтщІын щхьэкІэ зэман къыдэдгъэкІын хуейщ. Апхуэдэу фщІэну фхузэфІэкІрэ, хьэмэрэ зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр а Іуэхум теухуауэ фи гъащІэм иджыри хэфлъхьэн хуейуэ пІэрэ? Махуэ къэс Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм зэман къахудэдгъэкІыу щытмэ, дэ Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъунущ. Армыхъумэ, дэ абы и пащхьэм «лъапІэу икІи къабзэу» дыщытыфынукъым.
ИЕГОВЭ НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭФЩІ
14. Левит 19-нэ псалъащхьэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ пэжыр мызэ-мытІэу щыжыІа?
14 Дэ цІыху лъапІэ дыхъун щхьэкІэ Левит 19-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжыр къыдгурыІуэн хуейщ. ЕплІанэ едзыгъуэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ еух: «Фи Алыхь Иеговэр сэращ». А псалъэхэм е абы ещхьу зэхэлъхьахэм а псалъащхьэм 16-рэ ущрохьэлІэ. УнафипщІым и япэ унафэм итым ахэр тохуэ: «Сэ сы-Иеговэщ... Сэр нэмыщІ нэгъуэщІ тхьэхэр фиІэ хъунукъым» (Исх. 20:2, 3). ЛъапІэу щытыну хуей Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми и гъащІэм Иеговэ япэ зыри иригъэщынукъым. Иеговэ и цІэр зэрызетхьэм къыхэкІкІэ ар зыгъэулъиин Іуэхугъуэ гуэр дэ зэи тщІэнукъым (Лев. 19:12; Ис. 57:15).
15. Къурмэн щІыным теухуауэ Левит 19-нэ псалъащхьэм ит унафэхэм сытым дыхуагъэушрэ?
15 Израил лъэпкъым Иеговэ и унафэхэр зэригъэзащІэмкІэ къигъэлъэгъуэфынут ар и Алыхьу зэрыщытыр. Левит 18:4 мыпхуэдэу щыжыІащ: «Си хабзэхэр вгъэзащІэ икІи си унафэхэм фытет. Фи Алыхь Иеговэр сэращ». Абыхэм щыщ языныкъуэ унафэхэм 19-нэ псалъащхьэм дыщрохьэлІэ. Псалъэм папщІэ, 5—8, 21, 22-нэ едзыгъуэхэм псэущхьэхэр къурмэну къызэрахьын хуей щІыкІэм теухуауэ итт. Израил цІыхум а унафэхэм темыту къурмэн къихьамэ, Иеговэ лъапІэу илъытэр абы игъэпудт. Ди зэманым псэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр а едзыгъуэхэм сытым хуагъэушрэ? Еврейхэм 13:15 зэритым хуэдэу, дэ Иеговэ щІыхьыр къурмэныпхъэу къыхудохь икІи абыкІэ ар догъэгуфІэ.
16. Левит 19-нэ псалъащхьэм ит сыт хуэдэ принципым къигъэлъагъуэрэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр мы дунейм щыщ цІыхухэм къащхьэщыкІыу щытын зэрыхуейр?
16 Дэ цІыху лъапІэу дыщытыну дыхуейуэ щытмэ, нэгъуэщІ цІыхухэм дазэремыщхьыным дыхущІэкъун хуейщ. Ауэ ар тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къыддеджэхэм, къыддэлажьэхэм е Иеговэ и Щыхьэту щымыт ди Іыхьлыхэм Алыхьым дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъун Іуэхугъуэ гуэрым дыхуагъэушынкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къэтщтэн хуейщ. Унафэ тэмэм къэтщтэну сыт къыддэІэпыкъунур? А упщІэм и жэуапыр къэтщІэн щхьэкІэ Левит 19:19 ит принцип гъэщІэгъуэным гу лъыттэнщ: «Іуданэ зэщымыщитІу зэІуща щэкІым къыхэщІыкІа щыгъын щывмытІагъэ». А унафэм и фІыгъэкІэ израил цІыхухэр адрей лъэпкъхэм къащхьэщыкІыу щытащ. Дэ нобэ Іей лъэпкъ хэтлъагъуэкъым щэкІ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэщІыкІа щыгъын зэрызетхьэм. Ауэ дэ дыхуейкъым Библием итым темыхуэ гупсысэкІэ зиІэ цІыхухэм дарещхь дыхъуну, ахэр къыддеджэу, къыддэлажьэу е ди Іыхьлыуэ щытми. ДауикІ, ди Іыхьлыхэри нэгъуэщІ цІыхухэри дэ фІыуэ долъагъу, ауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм Іуэхур щынэсым деж абыхэм дазэремыщхьымкІэ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ. Мы статьям и гугъу зэрыщытщІам хуэдэу, лъапІэу щыт цІыхур Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ хэхауэ щытщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, мы дунейм щыщ цІыхухэм емыщхьыну хущІокъу (2 Кор. 6:14—16; 1 Пет. 4:3, 4).
Левит 19:23—25 ит псалъэхэм израил цІыхухэм сыт ягу къигъэкІыжу щытар икІи дэри а псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? (17, 18-нэ абзацхэм феплъ.)d
17, 18. Левит 19:23—25 сыт хуэдэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр ит?
17 «Фи Алыхь Иеговэр сэращ» жыхуиІэ псалъэхэм израил цІыхухэм ягу къигъэкІыжын хуейт Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр я гъащІэм япэ зэрырагъэщын хуейр. А гупсысэр фІыуэ къыхощ Левит 19:23—25 (къеджэ). Израил цІыхухэр Алыхьыр къызэригъэгугъа щІыналъэм ихьа иужь абыхэм я дежкІэ а псалъэхэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІами дегупсысынщ. Зыгуэрым жыг хисэу щытмэ, япэ илъэсищым абы къыпыкІа пхъэщхьэмыщхьэр ишх хъунутэкъым. ЕплІанэ илъэсым абы къыпыкІэр Иеговэ и шэтырым къихьын хуейт. Етхуанэ илъэсым щыщІэдзауэ а жыгым къыпыкІэ пхъэщхьэмыщхьэр цІыхум ишх хъунут. А унафэм Алыхьым и лэжьакІуэхэм ягу къигъэкІыжт я щхьэр япэ ирамыгъэщу Иеговэ и лэжьыгъэр япэ ирагъэщын зэрыхуейр. А хабзэм иджыри къигъэлъагъуэт Алыхьым ахэр зыхуей зэрыхуигъэзэфынур. Абы нэмыщІ Иеговэ апхуэдэ щІыкІэкІэ израил цІыхухэр хуигъэушт дин пэжым пыщІа лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ я гум къыбгъэдэкІыу тыгъэ ящІыну.
18 Левит 19:23—25 ит унафэр Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа мы псалъэхэм тохуэ: «„Сыт тшхыну, сыт дефэну?“ жыфІэу фи гъащІэм щхьэкІэ фымыгузавэ». ИтІанэ Хьисэ абы и щхьэусыгъуэр къыхигъэщащ мыпхуэдэ упщІэкІэ: «А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм ищІэркъэ?» Алыхьым къуалэбзухэр зыхуей щыхуигъазэкІэ, дауикІ, дэри дызыхуей дыхуигъэзэнущ (Мт. 6:25, 26, 32). Аращи, дэ Иеговэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи дзыхь худощІ. Абы нэмыщІ дэхуэха ди къуэш, ди шыпхъухэм дадоІэпыкъу икІи ди гум къыбгъэдэкІыу Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур кІуэтэн щхьэкІэ арэзыуэ ахъшэ дот. Дэ тщІэ ІуэхуфІхэм цІыхухэм гу лъедмыгъатэу щытми, ди хьэлэлагъым Иеговэ гу лъимытэу къанэкъым икІи Іэмал имыІэу абы фІыгъуэ къытхуищІэжынущ (Мт. 6:2—4). Иеговэ и Іуэхур кІуэтэн щхьэкІэ ди мылъкур къызэрыдгъэсэбэпымкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Левит 19:23—25 ит принципым дытету дызэрыпсэур.
19. Мы статьям мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ дерсхэр фэ къыщывгъуэта?
19 Мы статьям Левит тхылъым и 19-нэ псалъащхьэм ит едзыгъуэ зыбжанэр дэ зэпкърытхащ икІи, ди Алыхьым хуэдэу, дэри лъапІэу дызэрыщытыфынур къэтщІащ. Иеговэ щапхъэ тетхмэ, апостол Петр жиІа псалъэхэм дытетыфынущ: «Фи гур лъапІэу икІи къабзэу влэжь псори вгъэзащІэ» (1 Пет. 1:15). Ди щытыкІэ къабзэр зылъагъу цІыхухэм ар ягъэщІагъуэ икІи языныкъуэхэм Иеговэ ягъэлъапІэу щІадзэ (1 Пет. 2:12). Ауэ Левит тхылъым и 19-нэ псалъащхьэм иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ куэд итщ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ ахэр щызэпкърытхынущ икІи Петр «лъапІэу фыщыт» жиІа псалъэхэр ди гъащІэм и нэгъуэщІ лъэныкъуэхэм дапхуэдэу къыщыдгъэсэбэпыфынуми къэтщІэнущ.
80-НЭ УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»
a Дэ Иеговэ фІыщэу долъагъу икІи ар арэзы тщІыну дыхуейщ. Иеговэ лъапІэу щытщ икІи абы и лэжьакІуэхэри лъапІэу щытыну ар щогугъ. Ауэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм апхуэдэу щытыну яхузэфІэкІыну пІэрэ? ЯхузэфІэкІынущ. Дэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи къабзэу дызэрыщытыфынур къэтщІэн щхьэкІэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм апостол Петр яжриІа псалъэхэм гу лъыттэнщ. Абы нэмыщІ пасэрей зэманым Иеговэ израил лъэпкъым ярита языныкъуэ хабзэхэми дытепсэлъыхьынщ.
b 2019-нэ гъэм, дыгъэгъазэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «„Псоми зэман иІэщ“: ущылэжьэн зэмани зыщыбгъэпсэхун зэмани» жыхуиІэ статьям щэбэт махуэм теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.
c СУРЭТЫР. Балигъ хъуа къуэр и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ и гъусэу и адэ-анэм деж макІуэ, абы нэмыщІ щІэх-щІэхыурэ видеосвязькІэ абыхэм йопсалъэ.
d СУРЭТЫР. Израил цІыхум хиса жыгым къыпыкІа пхъэщхьэмыщхьэм йоплъ.