Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Псалом 22:1 ит Даут и псалъэхэр Хьисэ лІэн ипэ щІыжиІар сыт?
Маттэ 27:46, абы нэмыщІ Марк 15:34 едзыгъуэхэм итщ Хьисэ лІэн ипэ макъ хэІэтыкІакІэ мы псалъэхэр зэрыжиІар: «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?» Апхуэдэу Псалом 22:1 ит Даут и псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ. А псалъэхэр Хьисэ зэрыжиІам къикІкъым ар Алыхьым зэрыщыгугъам хуэдэу къыщІэмыкІауэ е а дакъикъэм и фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ хъуауэ. Хьисэ къыгурыІуэт и гъащІэр щІитын хуейм и щхьэусыгъуэр икІи абы хуэхьэзырт (Мт. 16:21; 20:28). Абы нэмыщІ Хьисэ ищІэт лІэн ипэ къихуэу Иеговэ ар и закъуэу къигъэнэн хуей зэрыхъунур (Иов 1:10). Апхуэдэу Иеговэ Хьисэ Іэмал иритащ, сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, абы и Адэм хуэпэжу къызэрынэнур игъэлъэгъуэну (Мк. 14:35, 36).
НтІэ, мы псаломым ит псалъэхэр Хьисэ щІыжиІар сыт? Мы упщІэм и жэуапыр дымыщІэми, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуфын Іуэхугъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщa.
Мы псалъэхэмкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуэну хуеяуэ пІэрэ а дакъикъэм Иеговэ абы и гугъуехьхэр зэрыщхьэщимыхынур? Хьисэ Иеговэ къыдэмыІэпыкъуу щхьэщэхуж къурмэныпхъэр къихьын хуейт. Абы «цІыху псоми я пІэкІэ лІэныгъэр илъагъун папщІэ» и Іэпкълъэпкъыр итын хуейт (Евр. 2:9).
22-нэ Псаломым щыщ псалъэхэр къызэригъэсэбэпамкІэ, Хьисэ псалом псом гу лъыдигъэтэну хуеяуэ пІэрэ? А зэманым иудейхэм псаломхэм щыщ куэд гукІэ ящІэт. Зы едзыгъуэ зэхаха иужь, абыхэм псалом псор занщІэу ягу къагъэкІыжыфынут. Хэт ищІэрэ, Хьисэ арауэ пІэрэт зыхуеяр? Апхуэдэу щытмэ, Хьисэ иудейхэм щыщ и гъэсэнхэм ядэІэпыкъуащ абы и лІэныгъэм епха къэхъун хуейуэ щыта а псаломым хэт нэгъуэщІ псалъэхэр ягу къагъэкІыжыну (Пс. 22:7, 8, 15, 16, 18, 24). Абы нэмыщІ абыхэм ягу къагъэкІыжыфынут а псаломым и кІэм ит псалъэхэм Иеговэ щІыхь къызэрыхуахьыр икІи ар дуней псом и Пащтыхьу зэрыщытым зэрытепсэлъыхьыр (Пс. 22:27—31).
А псалъэхэр щыжиІэм, Хьисэ зэрымыкъуаншэр къигъэлъэгъуэну хуеяуэ пІэрэ? Хьисэ укІ тралъхьэн ипэ, хьэкум щІащІын щхьэусыгъуэ щымыІа пэтми, Синедрионыр зыхуашэсри абы Алыхьым и цІэр игъэпудауэ жаІэри пцІы тралъхьащ (Мт. 26:65, 66). Хьисэ хьэкум зыщІынухэр жэщым зэхуэсащ икІи хьэкумыр зэрекІуэкІын хуей хабзэм темыту ирагъэкІуэкІащ (Мт. 26:59; Мк. 14:56—59). «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?» псалъэхэр Хьисэ щыжиІам щыгъуэ, абыкІэ къигъэлъэгъуауэ къыщІэкІынщ укІ щІытралъхьэн къуаншагъэ зэримылэжьар.
Мы псаломыр зытха Даут гугъу ехьами, Иеговэ ар къызэримыгъэнар Хьисэ нэгъуэщІхэм ягу къигъэкІыжыну хуеяуэ пІэрэ? Мы псаломым и щІэдзапІэм Даут къиІэта упщІэм къигъэлъагъуэкъым абы и фІэщхъуныгъэр фІэкІуэдауэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, а упщІэм иужь Иеговэ и лъэпкъыр къызэрыригъэлыфынум Даут шэч къызэрытримыхьэр къигъэлъэгъуащ. Абы нэмыщІ Иеговэ Даут адэкІи и нэфІ щыхуэт (Пс. 22:23, 24, 27). Абы ещхьу, Хьисэ — «Даут и Къуэм» — пкъом хьэзаб зэрыщишэчам къигъэлъагъуэтэкъым Иеговэ абыкІэ арэзыуэ щымытауэ (Мт. 21:9).
Хьисэ а гугъуехьым и закъуэу пэлъэщын щхьэкІэ Иеговэ ар къигъэнэн хуей зэрыхъуар игу къызэреуэр мы псалъэхэмкІэ къигъэлъэгъуэну хуеяуэ пІэрэ? Иеговэ и Къуэм хьэзаб ишэчу лІэн щхьэкІэ къигъэщІатэкъым. Абы и гъащІэр итын хуей щыхъуар Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым и жыІэм щІэкІа иужьщ. Хьисэ къуаншагъэ лъэпкъ ищІакъым, ауэ ШейтІаным къиІэта мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм жэуап иритын щхьэкІэ и гъащІэр итын хуей хъуат. Абы нэмыщІ Іэдэм фІэкІуэдар абы къищэхужын щхьэкІэ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэр Иеговэ иритын хуейт (Мк. 8:31; 1 Пет. 2:21—24). Ар гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, Иеговэ абы ипэ зэи къэмыхъуа Іуэхугъуэр ищІэн хуейт — зэман кІэщІкІэ Хьисэ и закъуэу къигъэнэн хуейт.
Хьисэ апхуэдэ щІыкІэкІэ лІэн хуей щІэхъуам и щхьэусыгъуэр и лъэужь ирикІуэхэм къагуригъэІуэну хуеяуэ пІэрэ?b Хьисэ ищІэт апхуэдэ щІыкІэкІэ ар зэрылІэнур цІыху куэдым я дежкІэ зыгъэлъэпэрэпэн мывэ зэрыхъунур (1 Кор. 1:23). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр ар щІэлІэн хуей хъуам и щхьэусыгъуэм я акъылыр траухуауэ щытамэ, ар щІэпхъаджащІэу зэрыщымытыр, атІэ КъегъэлакІуэу къызэрыкІуар къагурыІуэнут (Гал. 3:13, 14).
Псалом 22:1 ит Даут и псалъэхэр Хьисэ щІыжиІам и щхьэусыгъуэр дымыщІэми, дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Хьисэ къыгурыІуэу зэрыщытар абы къыщыщІауэ хъуар Иеговэ и Іэмырым зэрытехуэр. А псалъэхэм иужь Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ!» (Ин. 19:30; Лк. 22:37). Хьисэ и лэжьыгъэр икІэм нигъэсын щхьэкІэ Иеговэ зэман кІэщІкІэ ар и закъуэу къигъэнащ. Абы нэмыщІ «Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми» Хьисэ теухуауэ ит псори абы игъэзэщІащ (Лк. 24:44).
a Абы нэмыщІ мы журналым ит «Хьисэ и иужьрей псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?» жыхуиІэ статьям и 9-нэ, 10-нэ абзацхэм феплъ.
b Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ, иныкъуэхэм деж езым и еплъыкІэм темыхуэ гупсысэхэр жиІэт е упщІэхэр къиІэтт. АбыкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт я гум илъыр жаІэну (Мк. 7:24—27; Ин. 6:1—5; 2010-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ Чэщанэм» и 4—5-нэ напэкІуэцІхэм феплъ).