44 СТАТЬЯР
Фи сабийхэм дапхуэдэу фадэІэпыкъу хъуну балигъ хъуа иужь Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ?
«Хьисэ хэхъуэм, и зэхэщІыкІми зиужьурэ, Тхьэми цІыхухэми ягу ирихьащ» (ЛК. 2:52).
134-НЭ УЭРЭДЫР Быныр — Иеговэ и тыгъэщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дэтхэнэ зы цІыхуми нэхъыфІ дыдэу сыт хуэдэ унафэра къищтэфынур?
АДЭ-АНЭХЭМ унафэ къащтэр я бынхэм деж мыхьэнэшхуэ щиІэ куэдрэ къохъу. Абыхэм унафэ тэмэм къамыщтэмэ, я бынхэм иужькІэ гугъуехь къахуихьынкІэ хъунущ. Унафэ тэмэм къащтэмэ, абыхэм я бынхэм Іэмал яІэ хъунущ мыхьэнэ зиІэ икІи гъащІэ насыпыфІэ ирахьэкІыну. ДауикІ, бынхэми езыхэм Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэн хуейщ. Дэтхэнэ зы цІыхуми унафэ нэхъыфІ дыдэу къищтэфынур — фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ хуэлэжьэныращ (Пс. 73:28).
2. Хьисэрэ абы и адэ-анэмрэ сыт хуэдэ унафэхэр къащтэу щыта?
2 Исуфрэ Мэриемрэ къарууэ яІэр ирахьэлІэт Хьисэрэ адрей я бынхэмрэ Иеговэ хуэлэжьэну ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Абыхэм унафэ къащтэхэм къагъэлъагъуэт Иеговэ хуэлэжьэныр я гъащІэм псом япэ ирагъэщу зэрыщытар (Лк. 2:40, 41, 52). Хьиси Іущагъ зыхэлъ унафэ къыщтэт икІи ар абы къыдэІэпыкъуащ Иеговэ кърита къалэныр игъэзэщІэну (Мт. 4:1—10). Хьисэ гуапагъэ, пэжагъ икІи лІыгъэ зыхэлъ цІыхуу къэхъуащ — Иеговэ фІыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адэ-анэми апхуэдэ къуэ яІамэ, абы иригуфІэнут икІи ирипэгэнут.
3. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
3 Мы статьяр щызэпкърытхкІэ мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысынущ: Хьисэ ехьэлІауэ сыт хуэдэ унафэхэр Иеговэ къищта? Алыхьым хуэлажьэ адэ-анэхэр Исуфрэ Мэриемрэ я щапхъэм сытым хуигъэсэфыну? Алыхьым хуэлажьэ щІалэгъуалэм Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэ къахуигъэна?
ИЕГОВЭ И ДЕЖ ЗЫЩЫВГЪАСЭ
4. Хьисэ ехьэлІауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ унафэ Иеговэ къищта?
4 Иеговэ Хьисэ адэ-анэфІ къыхухихащ (Мт. 1:18—23; Лк. 1:26—38). Мэрием и гум къыбгъэдэкІыу жиІа Библием ит псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэрэ абы и Псалъэмрэ фІыуэ илъагъуу зэрыщытар (Лк. 1:46—55). Исуф Иеговэ кърит унафэм зэрыхущытам къегъэлъагъуэ Алыхьыр фыуэ илъагъуу икІи абы жиІэм едаІуэу зэрыщытар (Мт. 1:24).
5, 6. Иеговэ и Къуэм гугъуехьу хъуар щхьэщихыу зэрыщымытар сытым къыхэщрэ?
5 Гу лъытапхъэщ Иеговэ Хьисэ адэ-анэу къыхухихахэр бейуэ зэрыщымытар. Исуфрэ Мэриемрэ Хьисэ къыщалъхуам щыгъуэ Алыхьым и Унэшхуэм къыщахьа къурмэным къигъэлъагъуэт ахэр къулейсызу зэрыщытар (Лк. 2:24). Исуф Назарет щыпсэу унэм и гъунэгъуу пхъащІэу щылажьэ мастерской иІэт. Абыхэм ахъшэрэ хьэпшып куэдрэ яІауэ къыщІэкІынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм нэхъ мащІэ дыдэу сабиибл яІэт (Мт. 13:55, 56).
6 Иеговэ и Къуэр зыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехь языныкъуэхэм щихъумащ, ауэ гугъуехьу хъуар щхьэщихакъым (Мт. 2:13—15). Псалъэм папщІэ, Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр абы и Іыхьлыхэм щыщу языныкъуэхэм япэщІыкІэ я фІэщ хъуакъым. ДауикІ, ар абы игу къеуэу къыщІэкІынт (Мк. 3:21; Ин. 7:5). Абы нэмыщІ Хьисэ адэ хуэхъуа Исуф и лІэныгъэр и нэгу щІэкІауэ къыщІэкІынщ. Хьисэ быным я нэхъыжьу зэрыщытам къыхэкІкІэ и адэм игъэзащІэу щыта лэжьыгъэр абы игъэзэщІэн хуей хъуащ (Мк. 6:3). Хуэм-хуэмурэ абы унагъуэр ипІу щІидзащ икІи Хьисэ и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ куэду лэжьэн хуеяуэ къыщІэкІынщ. Абы къыхэкІкІэ абы къыгурыІуэт лэжьапІэ нэужьым хуабжьу уезэшауэ ущытыныр.
Адэ-анэхэ, фи сабийхэр гъащІэм щрихьэлІэну гугъуехьхэм хуэвгъэхьэзыр — Библием ит чэнджэщхэм зыхуагъазэу евгъасэ. (7-нэ абзацым феплъ.)f
7. 1) Адэ-анэхэр сыт хуэдэ упщІэхэм егупсысын хуей, я сабийр нэхъыфІу ягъэсэн щхьэкІэ? 2) Притчи 2:1—6 зэритымкІэ, адэ-анэм я сабийр сытым хуагъэсэн хуей?
7 Фэ щхьэгъусэ фиІэмэ икІи сабий зэвгъэгъуэтыну фегупсысмэ, мыпхуэдэу фызэупщІыж: «Дэ Іэдэбагъ тхэлъ, Алыхьым и еплъыкІэ диІэ икІи сабийм и гъащІэр Иеговэ дзыхь зыхуищІын цІыхуу дыщыт?» (Пс. 127:3, 4). Ауэ фэ сабий фиІэу щытмэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэфтыж хъунущ: «Абыхэм лэжьыгъэр фІыуэ ялъагъуу згъасэу пІэрэ? ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дунейм шынагъэ щыІэхэм си сабийр щысхъумэу пІэрэ?» (Эккл. 3:12, 13; Прит. 22:3, Гъэсэпэтхыдэхэр). Фи сабийр гъащІэм щрихьэлІэну гугъуехьхэм псоми щыфхъумэну фхузэфІэкІынукъым. Ауэ ар зрихьэлІэну гугъуехьхэм хуэвгъэхьэзыр хъунущ икІи къыдэІэпыкъуну чэнджэщхэр Библием къыщилъыхъуэу евгъасэ хъунущ. (Къеджэ Притчи 2:1—6, Гъэс.) Псалъэм папщІэ, фи благъэ гуэрым пэжыр къигъэнауэ щытмэ, фи быным Библиер къэвгъэсэбэпурэ адэкІи Алыхьым ухуэпэжу ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыгурыІуэну фыдэІэпыкъу (Пс. 31:23). Е фи Іыхьлыхэм ящыщ гуэр лІэныгъэм фІэщІихамэ, фи сабийхэм евгъэлъагъу Алыхьым и Псалъэр къэбгъэсэбэпу апхуэдэ гуауэм узэрыпэлъэщынур икІи гупсэхугъуэ зэрызэбгъэгъуэтыжынур (2 Кор. 1:3, 4; 2 Тим. 3:16).
ИСУФРЭ МЭРИЕМРЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
8. Второзаконие 6:6, 7 зэритымкІэ, Исуфрэ Мэриемрэ сытыт ящІэн хуейр?
8 Хьисэ Алыхьым и нэфІыр зыщыхуа цІыхуу къэхъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Исуфрэ Мэриемрэ ар Иеговэ и унафэм тету япІт. (Къеджэ Второзаконие 6:6, 7b.) Исуфрэ Мэриемрэ Иеговэ фІыуэ ялъагъут икІи ахэр, дауикІ, хуабжьу хуейт я бынхэми уафэм щыІэ ди Адэр фІыуэ ялъагъуну.
9. Исуфрэ Мэриемрэ сытыт ящІэр я унагъуэм фІэщхъуныгъэ быдэ иІэн щхьэкІэ?
9 Исуфрэ Мэриемрэ я сабийхэр я гъусэу Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхугъуэхэр ящІэт. Шэч хэмылъу, ахэр тхьэмахуэ къэс Назарет дэт синэгуэгум кІуэт, абы нэмыщІ илъэсым зэ Ерусалим кІуэт ІутІыж махуэшхуэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ (Лк. 2:41; 4:16). Ахэр Ерусалим щыкІуэм деж Тхыгъэ ЛъапІэр зытепсэлъыхь щІыпІэхэм блэкІыу къыщІэкІынт икІи Хьисэрэ абы и къуэш, и шыпхъухэмрэ Иеговэ и лъэпкъым теухуа хъыбархэр жраІэжу къыщІэкІынт. Исуфрэ Мэриемрэ сабий нэхъыбэ яІэху Алыхьым гъунэгъу хуэзыщІ Іуэхугъуэхэм хэтыну нэхъ гугъу хъут. Ауэ абы къару епхьэлІэну хуэфащэт! Абыхэм я деж Алыхьым хуэлэжьэныр я гъащІэм псом япэ зэрырагъэщым къыхэкІкІэ а унагъуэм фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт.
10. Алыхь фІэлІыкІ зиІэ адэ-анэхэр Исуфрэ Мэриемрэ я щапхъэм сытым хуигъэсэфыну?
10 Алыхь фІэлІыкІ зиІэ адэ-анэхэр Исуфрэ Мэриемрэ я щапхъэм сытым хуигъэсэфыну? Япэрауэ, Иеговэ фІыуэ зэрыфлъагъур фи сабийхэм евгъэлъагъу, ар фи псалъэхэмрэ фи ІуэхущІафэхэмрэ къыхэщын хуейщ. Фи сабийхэм нэхъыфІ дыдэу яхуэфщІэфынур — уафэм щыІэ ди Адэр фІыуэ ялъагъун щхьэкІэ фадэІэпыкъуныращ. Фэ фи фІыгъэкІэ фи сабийхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ зы Іуэхугъуэ къагурыІуэфынущ: Алыхьым и Іуэхур уи гъащІэм псом япэ ибгъэщу зебгъэсэн хуейщ, абы хохьэ Библиер джыныр, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэгъэзэныр, зэІущІэхэми кІуэныр икІи хъыбарыфІ гъэІуным хэтыныр (1 Тим. 6:6). ДауикІ, фэ фи сабийхэр зыхуей хуэвгъэзэн хуейщ (1 Тим. 5:8). Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ, мы дуней Іейр щыкІуэдым деж ахэр къелу, Алыхьым дунеищІэ иухуэнум насыпыфІэу щыпсэуну къадэІэпыкъунур ахъшэмрэ мылъкумрэкъым, атІэ Алыхьымрэ езыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыращ (Иез. 7:19; 1 Тим. 4:8)c.
Адэ-анэхэм унагъуэр Алыхьым гъунэгъу хуэзыщІыну унафэхэр къызэращтэр плъэгъуну гуфІэгъуэшхуэщ. (11-нэ абзацым феплъ.)g
11. 1) 1 Тимофей 6:17—19 ит псалъэхэр адэ-анэхэм дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъунур Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къащтэну? 2) Фи унагъуэм сыт хуэдэ мурадхэр ищІ хъуну икІи сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы къыпэкІуэну? («Сыт хуэдэ мурадхэр фщІы хъуну?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
11 Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэзыщтэ икІи Иеговэ гъунэгъу хуэхъуну я сабийхэм дэІэпыкъу адэ-анэ куэд ди зэхуэсхэм хэтщ. Дэ ар хуабжьу ди гуапэщ! Апхуэдэ унагъуэхэр сыт щыгъуи зэгъусэу Иеговэ хуолажьэ. Ахэр зэІущІэхэм, конгрессхэм макІуэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарымкІэ нэгъуэщІхэм ядогуашэ, унагъуэм щыщ языныкъуэхэми хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм хъыбарыфІыр щагъэІу. Абы нэмыщІ ахэр зэман-зэманкІэ Вефилым макІуэ икІи организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтщ. ДауикІ, абы ахъшэ токІуадэ икІи гугъуехь гуэрхэри уиІэнкІэ хъунущ. Ауэ апхуэдэ унагъуэхэм фІыгъуэ къаІэрыхьэм Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуещІ. (Къеджэ 1 Тимофей 6:17—19.) Апхуэдэ унагъуэхэм щапІа сабийхэр балигъ хъуа иужьи Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхугъуэхэм хэтыну хьэл яхуэхъуауэ адэкІи абы тетщ икІи езыхэри апхуэдэу зэрагъэсам щогуфІыкІ! (Прит. 10:22)d.
ХЬИСЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
12. Хьисэ балигъ хъуа иужь сытыт ищІэн хуейр?
12 Иеговэ, абы нэмыщІ Исуфрэ Мэриемрэ Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтахэр Хьисэ сэбэп хуэхъуащ. Ауэ ар балигъ хъуа иужь езым унафэ ищІыжын хуейт (Гал. 6:5). Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми хуэдэу, Иеговэ ар хуит ищІащ езыр зыхуей унафэ къищтэну. Хьисэ и щхьэ хуэпсэужыфнут. Ауэ абы апхуэдэу ищІакъым — абы мурад ищІащ Иеговэ щхьэкІэ псэуну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Адэмрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр абы и деж псом нэхърэ нэхъапэт (Ин. 8:29). Абы и щапхъэр зэхуэсым хэт щІалэгъуалэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур?
ЩІалэгъуалэ, фи адэ-анэхэм жаІэм федаІуэ. (13-нэ абзацым феплъ.)h
13. Хьисэ щыныбжьыщІэм сыт хуэдэ унафэхэр къищтэу щыта?
13 Хьисэ сабий жыІэдаІуэу щытащ. Ар зэи егупсысу щытакъым и адэ-анэм нэхърэ псори нэхъыфІу ищІэу икІи абыхэм жаІэм емыдаІуэми хъуну. Уеблэмэ, ар абыхэм «яхуэІурыщІэт» (Лк. 2:51). Шэч хэмылъу, Хьисэ къуэ нэхъыжьым и пщэ дэлъ къалэнхэр гъэзэщІэным мыхьэнэшхуэ иритт икІи абы адэ хуэхъуа Исуф деж егугъуу зыщигъасэу щытауэ къыщІэкІынщ, пхъащІэ ІэщІагъэр зригъэгъуэту и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ.
14. Дэнэ дэ щытщІэр Хьисэ Алыхьым и Псалъэр егугъуу иджу зэрыщытар?
14 Исуфрэ Мэриемрэ Хьисэ телъыджэ ІуэхукІэ къызэралъхуауэ щытар жраІэжу щытауэ къыщІэкІынщ, абы нэмыщІ Алыхьым и лІыкІуэхэм Хьисэ теухуауэ жаІахэмкІэ дэгуашэу щытауэ къыщІэкІынущ (Лк. 2:8—19, 25—38). Ауэ Хьисэ абыкІэ къэувыІакъым — абы езым Тхыгъэ ЛъапІэр иджт. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Ар илъэс 12 щыхъум щыгъуэ Ерусалим щыІэ егъэджакІуэхэм абы «и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщІагъуэрт» (Лк. 2:46, 47). Уеблэмэ, а ныбжьым щитым Хьисэ Алыхьым и Псалъэр къигъэсэбэпурэ и Адэр зэры-Иеговэр къыгурыІуащ (Лк. 2:42, 43, 49).
15. Иеговэ и мурадыр гъэзэщІэныр Хьисэ и гъащІэм псом япэ иригъэщу зэрыщытар дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
15 Хьисэ Иеговэ къалэн къритар сыт хуэдэми къыщищІам щыгъуэ, ар хьэзыру абы пэрыуващ (Ин. 6:38). Абы ищІэт ар куэдым ялъагъу мыхъуу зэрыщытынур икІи ар абы игу ирихьтэкъым. Абы емылъытауэ, Хьисэ и Адэм сыт щыгъуи хуэжыІэдаІуэт. Ди эрэм 29-нэ гъэм абы псым зыщІигъэуа иужь, Иеговэ кърита къалэныр зэригъэзэщІэным и акъылыр триухуащ (Евр. 10:5—7). Хьисэ лІэуэ пкъом щыфІэлъым щыгъуи и Адэм и мурадыр гъэзэщІэным нэхърэ нэхъапэ зыри зэрыщымыІэр быдэу и фІэщ хъут (Ин. 19:30).
16. Алыхьым и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэр Хьисэ и щапхъэм сытым хуигъэсэфыну?
16 Адэ-анэм федаІуэ. Исуфрэ Мэриемрэ хуэдэу фэ фи адэ-анэми гуэныхь яхэлъщ. Ауэ Иеговэ адэ-анэм къалэн яритащ быныр яхъумэну икІи ягъэсэну. Абыхэм чэнджэщ къыватыр лъапІэу флъытэмэ икІи я тепщэныгъэм пщІэ хуэфщІмэ, фэ насыпыфІэ фыхъунущ (Еф. 6:1—4).
17. Иисус Навин 24:15 зэритымкІэ, щІалэгъуалэм сыт хуэдэ унафэ къищтэн хуейр?
17 Фызыхуэлэжьэнур хэтми къыхэфх. Фэ фІыуэ къывгурыІуэн хуейщ Иеговэ хэтми, къэкІуэну зэманым сыт ищІэнуми, абы нэмыщІ абы и мурадымрэ фи гъащІэмрэ сыткІэ зэпхами (Рим 12:2). Абы щыгъуэ фи гъащІэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къыфхуэщтэнущ — ар Иеговэ хуэлэжьэныращ (къеджэ Иисус Навин 24:15e; Эккл. 12:1). Фэ зэпымыууэ Библиер вджымэ, Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ, фи фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ хъунущ.
18. ЩІалэгъуалэм сыт хуэдэ унафэ къищтэн хуейр икІи абы я гъащІэр дапхуэдэу зэрихъуэжынур?
18 Иеговэ хуэлэжьэныр фи гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щрет. ШейтІаным и дунейм ди фІэщ ищІыну хуейщ ди зэфІэкІхэр ди щхьэм щхьэкІэ къэдгъэсэбэпмэ, абы насыпыфІэ дищІыну. Ауэ пэжыр жыпІэмэ, мылъку зэгъэпэщыныр псом япэ изыгъэщхэм гугъу зрагъэхьыжу аращ (1 Тим. 6:9, 10). Ауэ Иеговэ жиІэм федаІуэмэ икІи фыхуэлажьэмэ, Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэфщтэнущ икІи гъащІэ насыпыфІэ ефхьэкІынущ (Иис. Н. 1:8).
СЫТ ФЭ КЪЫХЭФХЫНУР?
19. Адэ-анэхэм сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр?
19 Адэ-анэхэ, фи сабийхэм Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну фадэІэпыкъун щхьэкІэ фхузэфІэкІ къэвмыгъанэ. Иеговэ фыщыгугъмэ, Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къыфхуэщтэнущ (Прит. 3:5, 6, Гъэс.). Зыщывмыгъэгъупщэ, фи сабийхэм жыфІэракъым, атІэ фщІэращ щапхъэ яхуэхъур. Фэ унафэ къафщтэхэм я фІыгъэкІэ фи сабийхэм Иеговэ и нэфІ ящыхуэфынущ.
20. НыбжьыщІэхэм Иеговэ хуэлэжьэну унафэ къащтэмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къалъысыну?
20 НыбжьыщІэхэ, фэ фи адэ-анэхэм къывжаІэфынущ сыт хуэдэ унафэ къэфщтэну нэхъыфІми. Ауэ Алыхьыр арэзы къыфхуэхъунрэ къыфхуэмыхъунрэ зэлъытар фэращ. Аращи, Хьисэ щапхъэ тефх икІи фІыуэ дыкъэзылъагъу уафэм щыІэ ди Адэм фыхуэлэжьэну мурад фщІы. Абы щыгъуэ фІыгъуэрэ гуфІэгъуэрэ къыфхуэзыхь гъащІэ насыпыфІэ фиІэнущ! (1 Тим. 4:16).
133-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ хуэлажьэ щІалэгъуалэр
a Алыхьым хуэлажьэ адэ-анэхэр хуейщ я бынхэр ин хъуа иужь насыпыфІэу щытыну икІи Иеговэ хуэлэжьэну. Мы статьям упщІитІ щызэпкърытхынущ: адэ-анэхэм къащтэ сыт хуэдэ унафэхэр я бынхэм къадэІэпыкъуну Алыхьым хуэлажьэу щІадзэну? Сабийхэм сыт хуэдэ унафэ къащтэн хуей насыпыфІэу псэун щхьэкІэ?
b Второзаконие 6:6, 7: «БгъэзэщІэн хуейуэ нобэ бжесІэ псалъэхэр уи гум илъын хуейщ. Ахэр уи бынхэм яхэпщэ, абыхэм яхутепсэлъыхь унэм ущыщІэсым икІи гъуэгу ущытетым, ущыгъуэлъыжым икІи укъыщытэджым деж».
c «Чистое поклонение Иегове восстановлено!» жыхуиІэ тхылъым и 69—70-нэ напэкІуэцІхэм ит 17, 18-нэ абзацхэм феплъ (англ.).
d 2011-нэ гъэм, жэпуэгъуэм къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым и 20-нэ напэкІуэцІым ит «Лучших родителей представить невозможно» жыхуиІэ рамкэм феплъ, абы нэмыщІ 1999-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм и 8-м къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым и 25-нэ напэкІуэцІым ит «Особенное письмо родителям» жыхуиІэ статьям феплъ.
e Иисус Навин 24:15: «Фэ Иеговэ фыхуэлэжьэну фыхуэмеймэ, фызыхуэлэжьэнур хэтми нобэ къыхэфх — Псым и адрей лъэныкъуэмкІэ щыпсэуа фи адэжьхэр зыхуэлэжьа тхьэхэм е зи щІыналъэ фыщыпсэу аморейхэм я тхьэхэм. Ауэ сэри си унагъуэм щыщхэри дызыхуэлэжьэнур Иеговэщ».
f СУРЭТЫР. Шэч хэмылъу, Мэрием Хьисэ щыцІыкІуам къыщыщІэдзауэ Иеговэ фІыуэ илъагъуну игъасэт. Ди зэманми анэхэм Мэрием щапхъэ трахыу, я сабийхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуну ядэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
g СУРЭТЫР. Исуф, шэч хэмылъу и унагъуэр и гъусэу синэгуэгум зэрыкІуэр лъапІэу илъытэт. Ди зэманми Адэхэр я унагъуэхэр я гъусэу зэІущІэхэм кІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
h СУРЭТЫР. Хьисэ Исуф и деж пхъащІэ ІэщІагъэм зыщригъасэт. Ди зэманми ныбжьыщІэхэм я адэхэм деж зыщагъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ.