ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Июнь н. 18—23
  • «Сэ езым си мэлхэр къэслъыхъуэжынущ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Сэ езым си мэлхэр къэслъыхъуэжынущ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • СЫТ ЯЗЫНЫКЪУЭ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ИЕГОВЭ ХУЭЛЭЖЬЭН ЩІЫЩАГЪЭТЫР?
  • ИЕГОВЭ И МЭЛ ЦІЫКІУХЭР ФІЫУЭ ЕЛЪАГЪУ
  • ИЕГОВЭ И МЭЛ ЦІЫКІУХЭР КЪЕЛЪЫХЪУЭЖ
  • ИЕГОВЭ И МЭЛ ЦІЫКІУ ГЪУЭЩАХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР?
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Июнь н. 18—23

25 СТАТЬЯР

«Сэ езым си мэлхэр къэслъыхъуэжынущ»

«Сэ езым си мэлхэр къэслъыхъуэжынущ икІи ахэр зыхуей хуэзгъэзэнущ» (ИЕЗ. 34:11).

105-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Зи сабийр фІыуэ зылъагъу анэм сыт Иеговэ зыщІригъэщхьар?

«ЦІЫХУБЗЫМ и сабий быдзафэр щыгъупщэнкІэ хъуну?» — мы псалъэхэр Ешайа бегъымбарым и зэманым Иеговэ жиІауэ щытащ. «Къапщтэмэ, анэми щыгъупщэфынущ, ауэ сэ уэ усщыгъупщэнукъым»,— жриІащ Алыхьым езым и лъэпкъым (Ис. 49:15). Библием Алыхьыр анэм куэдрэ иригъэщхькъым. Ауэ мы едзыгъуэм анэращ щапхъэу къихьар. Иеговэ и лэжьакІуэхэр фІыщэу зэрилъагъур къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ анэмрэ сабиймрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм и гугъу ищІащ. Жасмин зи цІэ ди зы шыпхъум жиІам анэхэм и нэхъыбэр арэзы техъуэну къыщІэкІынщb: «Фи сабий цІынэр щыфІыгъым икІи щытевгъэум деж, зыми ебгъэщхь мыхъуну фызэпызыщІэ гурыщІэхэр фиІэ мэхъу икІи а гурыщІэхэр игъащІэ псокІэ фи гум илъынущ».

2. Сыт Иеговэ зыхищІэр и сабийхэм щыщ зыр пэжыжьэ щыхуэхъум деж?

2 Иеговэ и гум къоуэ и сабийхэм щыщу, уеблэмэ, зы закъуэм хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэхуэсым кІуэнымрэ къыщигъанэм деж. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Иеговэ и гур дапхуэдизу хэщІми, илъэс къэс мин бжыгъэкІэ и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр къыщагъанэм дежc.

3. Сыт Иеговэ зыхуейр?

3 ХъыбарыфІ гъэІуныр къэзыгъэна и нэхъыбэ ди къуэш, ди шыпхъухэм зэхуэсым къагъэзэж икІи дэ абы хуабжьу дрогуфІэ! Иеговэ хуейщ абы пэжыжьэ хуэхъуа дэтхэнэ зыми зэхуэсым къигъэзэжыну икІи дэри дыхуейщ абыхэм къагъэзэжыну (1 Пет. 2:25). Ауэ дапхуэдэу дэ абыхэм дазэрыдэІэпыкъунур? Мы упщІэм жэуап еттын ипэ, япэщІыкІэ къэдвгъащІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм зэхуэсым кІуэнымрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ къыщІагъэнам и щхьэусыгъуэр.

СЫТ ЯЗЫНЫКЪУЭ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ИЕГОВЭ ХУЭЛЭЖЬЭН ЩІЫЩАГЪЭТЫР?

4. Языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм лэжьыгъэр дапхуэдэу зэран къазэрыхуэхъур?

4 Языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гъащІэм лэжьыгъэм япэ увыпІэр щрагъэубыдащ. Азием щыпсэу ди къуэш Хань къыддогуашэ: «Си зэманыр псори лэжьыгъэм ихьу щІидзащ икІи сэ езыр абыкІэ сыкъуаншэщ. Сэ ахъшэ нэхъыбэ къэзлэжьмэ, Иеговэ нэхъ тыншу сыхуэлэжьэфыну си гугъэу си щхьэр къэзгъэпцІэжт, абы къыхэкІкІэ кІуэ пэтми нэхъыбэу сылажьэу хъут. Сэ хуэм-хуэмурэ зэІущІэхэр дэзгъэхуурэ, зэхуэсым сымыкІуэжыххэ хъуащ. ШейтІаным мы дунейр къегъэсэбэп цІыхухэр хуэм-хуэмурэ Алыхьым хуэмылэжьэж ищІын щхьэкІэ».

5. Ди шыпхъум гугъуехь зыпэщІэхуахэр дапхуэдэу зэран къызэрыхуэхъуар?

5 НэгъуэщІ ди къуэш, ди шыпхъухэм я лъэр щІэхуащ зыпэщІэхуа гугъуехьхэм щхьэкІэ. Великобританием щыпсэу ди шыпхъу Энн сабиитху иІэщ. Абы жеІэж: «Си къуэхэм щыщ зым къызэралъхурэ узыфэ хьэлъэ куэд иІэщ. Адрей си къуэр акъылкІэ сымаджэ хъуащ икІи сипхъухэм щыщ зыр зэхуэсым хагъэкІащ. Сэ апхуэдизкІэ си гур иудати, зэхуэсхэм кІуэныр икІи хъыбарыфІ гъэІуныр къэзгъэнащ. ИкІэм-икІэжым сэ отчет сымытыж хъуащ». Эннрэ абы и унагъуэмрэ, абы нэмыщІ гугъуехь пэщІэхуэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэм ди гур хуабжьу ящІогъу.

6. Алыхьым и лэжьакІуэр Колоссэ 3:13 ит принципым темытмэ, Иеговэ и лъэпкъым пэжыжьэ хуэхъуну сыт жыпІэ щІэхъунур?

6 Къеджэ Колоссэ 3:13. Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я ягъэкІэ зи гум уІэгъэ телъ хъуа Иеговэ и лэжьакІуэхэри щыІэщ. Апостол Паул жиІауэ щытащ языныкъуэхэм деж Алыхьым и лэжьакІуэхэм щыщ гуэрым гукъанэ щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ дызэриІэфынур. Уеблэмэ, захуагъэ хэмылъу къытхущытауэ щытынкІэ хъунущ. Ауэ дымысакъмэ, гужьгъэжьым ди гум лъабжьэ щищІыфынущ. Апхуэдэу къэхъумэ, Иеговэ и лъэпкъым пэжыжьэ зыхуэтщІыну шынагъэ щыІэщ. Ипщэ Америкэм щыщ ди къуэш Па́бло апхуэдэу къыщыщІащ. Абы гуэныхь ищІауэ пцІы къытралъхьэри, зэхуэсым щигъэзащІэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр фІэкІуэдащ. Абы дауэ ар къызэрыщыхъуар? Пабло игу къегъэкІыж: «Абы сэ хуабжьу сыкъигъэгубжьат икІи хуэм-хуэмурэ зэхуэсым пэжыжьэ сыхуэхъуащ».

7. ЦІыхум и напэр къызэреныкъуэкъур дапхуэдэу зэран къызэрыхуэхъуфынур?

7 Алыхьым и хабзэм ебэкъуауэ щыта цІыхум и напэр сыуэ, Алыхьым фІыуэ къилъагъуну хуэмыфащэу илъытэнкІэ хъунущ. Ар ищІам хущІегъуэжами, Алыхьым и лъэпкъым хэтыну хуэмыфащэу ибжынкІэ хъунущ. Франси́ско зи цІэ ди къуэшри апхуэдэу егупсыст. Абы жеІэ: «Зинэ зэрысщІам щхьэкІэ порицание къызатащ. ЯпэщІыкІэ зэІущІэхэм сыкІуэми, хуэм-хуэмурэ гукъыдэж симыІэу сыхъуащ икІи Иеговэ и лэжьакІуэхэм сахэтыну схуэмыфащэу си гугъэу щІэздзащ. Сэ си напэр сыт икІи Иеговэ къысхуимыгъэгъуну сегупсыст. Хуэм-хуэмурэ зэхуэсым сымыкІуэжыххэу хъуащ». Зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэм пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм дауэ фазэрыхущытыр? ГущІэгъу яхуэфщІрэ абыхэм? ИкІи псом нэхърэ нэхъапэращи, Иеговэ абыхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?

ИЕГОВЭ И МЭЛ ЦІЫКІУХЭР ФІЫУЭ ЕЛЪАГЪУ

Пастух ищет пропавшего ягненка; за его спиной стадо. Ягненок застрял в зарослях кустарника и поранил ногу; пастуху его не видно.

Израил мэлыхъуэхэр хуэсакъыу мэл цІыкІу гъуэщахэр зыхуей хуагъазэт. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)f

8. Япэм хуэлажьэу щытахэр Иеговэ щыгъупщауэ пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

8 Зэман гуэркІэ хъыбарыфІ гъэІуныр къэзыгъэнахэр икІи зэхуэсым кІуэн щызыгъэтахэр Иеговэ щыгъупщэкъым икІи абы хуэлажьэу щыщытам щыгъуэ ящІа псори щыгъупщэкъым (Евр. 6:10). Иеговэ и лэжьакІуэхэр фІыуэ зэрилъагъум икІи зыхуэныкъуэхэр зэрыхуищІэм бегъымбар Ешайа дахэу тепсэлъыхьащ. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Абы и хъушэр игъэхъунущ, мэлыхъуэм хуэдэу. Абы езым щынэхэр зэхуишэсыжынущ икІи и гуфІакІэм дэсу ахэр кърихьэкІынущ» (Ис. 40:11). Мэлыхъуэ Ин Иеговэ сыт зыхищІэр и хъушэм щыщ зы мэл цІыкІу щыгъуащэм деж? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІам ар фІыуэ къыдгурегъаІуэ: «Фэ дауэ феплърэ? Зыгуэрым мэлищэ иІэу жытІэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фІэкІуэдмэ, адрей бгъущІрэ бгъур Іуащхьэм къытринэу, кІуэуэ, а мэл кІуэдам лъыхъуэнукъэ? Пэжыр нывжызоІэ, а мэлыр къыщигъуэтыжкІэ, фІэмыкІуэда мэл бгъущІрэ бгъум нэхърэ а зы мэлым нэхъ щыгуфІыкІынущ» (Мт. 18:12, 13).

Пастух несет на руках найденного ягненка; рядом стоит стадо. У ягненка перевязана пораненная нога.

9. Библиер щатха зэманым щыгъуэ мэлыхъуэфІыр и мэл цІыкІухэм дапхуэдэут зэрыхущытыр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

9 Сыт Иеговэ мэлыхъуэм ебгъэщхь щІэхъунур? Библиер щатха зэманым щыгъуэ мэлыхъуэм и мэл цІыкІухэм хуэсакъыу зыхуей хуигъазэт. Псалъэм папщІэ, Даут и хъушэр аслъэнымрэ мыщэмрэ щихъумэн щхьэкІэ, абыхэм пэувауэ щытащ (1 Сам. 17:34, 35). Мэлищэм щыщу зэ мэл цІыкІум фІэкІ мыкІуэдауэ щытами, мэлыхъуэфІым абы гу лъитэнут (Ин. 10:3, 14). Абы мэл 99-р шынагъуэ здэщымыІэ щІыпІэм — чэтым къыщигъэнэнурэ е нэгъуэщІ мэлыхъуэм кІэлъыплъыну иритынурэ, езым зы мэл цІыкІу кІуэдар къилъыхъуэжыну ежьэнут. Хьисэ мы щапхъэр къихьащ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ: «Апхуэдэу, фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэр мы цІыкІухэм ящыщ зыри кІуэдыну хуейкъым» (Мт. 18:14).

Пастух перевязывает ягненку пораненную ногу, держа его на коленях.

Мэлыхъуэм мэл цІыкІу гъуэщам и уІэгъэр хуепхэ (9-нэ абзацым феплъ.)

ИЕГОВЭ И МЭЛ ЦІЫКІУХЭР КЪЕЛЪЫХЪУЭЖ

10. Иезекииль 34:11, 12, 16 зэритымкІэ, и мэл цІыкІу гъуэщахэм щхьэкІэ ищІэну сыт Иеговэ дыкъызэригъэгугъар?

10 Иеговэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыри фІыуэ елъагъу, хъушэм хэкІахэри абы хэту. Бегъымбар Иезекииль къигъэсэбэпу Алыхьым дыкъигъэгугъащ гъуэща и мэлхэр къилъыхъуэжыну икІи езымрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэфІыр зэтригъэувэжыну. Абы жиІащ ахэр къригъэлын щхьэкІэ ищІэнур — зи мэл цІыкІур зыфІэкІуэда израил мэлыхъуэм ищІэну дыдэрат. (Къеджэ Иезекииль 34:11, 12, 16d.) ЯпэщІыкІэ мэлыхъуэм и мэлыр къилъыхъуэжт икІи абы зэманрэ къару куэдрэ текІуэдэфынут. Къигъуэтыжа иужь, ар хъушэм ихьыжт. ИкІи мэл цІыкІур къарууншэ хъуамэ е уІэгъэ иІэмэ, мэлыхъуэм ар зыхуей хуигъазэт: и уІэгъэхэр хуипхэжт, и дамэм телъу кърихьэкІт икІи игъашхэт. Алыхьым и хъушэм и мэлыхъуэу щыт зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхуэсым пэІэщІэ хуэхъуахэм дэІэпыкъун щхьэкІэ ар дыдэр ящІэн хуейщ (1 Пет. 5:2, 3). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр къалъыхъуэж, зэхуэсым къагъэзэжыну доІэпыкъу икІи ахэр Иеговэ и ныбжьэгъу хъужын щхьэкІэ лъагъуныгъэ яхэлъу къару ирахьэлІэe.

11. МэлыхъуэфІым сытыт къыгурыІуэр?

11 МэлыхъуэфІым къыгурыІуэт мэл цІыкІур гъуэщэнкІэ зэрыхъунур. ИкІи апхуэдэ къэхъуауэ щытмэ, ар абы гущІэгъуншэу хущыттэкъым. Зэман гуэркІэ пэжыжьэ къыхуэхъуа и лэжьакІуэхэм Иеговэ дапхуэдэу дэІэпыкъуу щытами адэкІэ зэпкърытхынщ икІи къэтщІэнщ абы дэ сытым дыхуигъасэми.

12. Сыт Иеговэ ищІар Инус къыщемыдэІуам щыгъуэ?

12 Бегъымбар Инус Иеговэ жиІам едэІуакъым икІи абы къалэн къритар игъэзэщІакъым. Ауэ Иеговэ абы и щІыб хуигъэзакъым. МэлыхъуэфІым хуэдэу Иеговэ Инус къригъэлащ икІи къару иритащ и къалэныр хуэгъэзэщІэн щхьэкІэ (Иона 2:8; 3:1, 2, Инус бегъымбар, 2009). ИужькІэ къэбым теухуа щапхъэр къигъэсэбэпри, Алыхьым Инус къыгуригъэІуащ дэтхэнэ зы цІыхуми и гъащІэр лъапІэу зэрыщытыр (Иона 4:10, 11, Инус, 2009). Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? ХъыбарыфІ гъэІуныр къэзыгъэна цІыхум удэмыІэпыкъуфыну зэхуэсым и нэхъыжьхэм ябжкъым, атІэ ахэр иужь итщ апхуэдэу щІэхъуам и щхьэусыгъуэр къащІэну. Апхуэдэ цІыхухэм Иеговэ и зэхуэсым къыщагъэзэжым деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэр адэкІи хущІокъу лъагъуныгъэ яхэлъу абыхэм гулъытэ хуащІыну.

13. 73-нэ Псаломыр зытхам и псалъэхэм Иеговэ зэрыхущытам сытым дыхуигъасэрэ?

13 73-нэ Псаломыр зытхам, Іей зыщІэ цІыхухэм ехъулІэныгъэ яІэу къыщыхъути, и лъэр щІэхуат. Алыхьым хуэлэжьэн зэрыхуейм абы шэч къытрихьэу щІидзат (Пс. 73:12, 13, 16). Ар щилъагъум сыт Иеговэ ищІар? Абы Псаломыр зытхар игъэкъуэншакъым. Гу лъытапхъэщ, Алыхь ІэмыркІэ абы и псалъэхэр Библием щыщ зэрыхъуар. ИкІэм-икІэжым абы къыгурыІуащ Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыным нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр (Пс. 73:23, 24, 26, 28). Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? Иеговэ хуэлэжьэн зэрыхуейм зыгуэрым шэч къытрихьэу щІидзэмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр пІэщІэнукъым гупсысэ гуэрым къыхуэкІуэну. Апхуэдэ цІыхур ягъэкъуэншэным ипІэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхагъэкІын хуейщ ар апхуэдэу егупсысу щІэхъуам и щхьэусыгъуэр. Апхуэдэу ящІа иужьщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библием ит едзыгъуэхэр абы къыщыхуахьын хуейр, ар ягъэгушхуэн щхьэкІэ.

14. Сытыт Иляс дэІэпыкъуэгъу щІыхуэныкъуэр икІи дауэ Иеговэ абы зэрыдэІэпыкъуар?

14 Пащтыхь гуащэ Езавел Иляс иукІыну хуейти, абы зыфІигъэпщкІун щхьэкІэ бегъымбарыр щІэпхъуэжауэ щытащ (1 Цар. 19:1—3). Абы и гугъэт езым нэмыщІ Иеговэ и бегъымбархэм щыщу зыри къэмынэжауэ икІи абы игъэзащІэ лэжьыгъэм мыхьэнэ имыІэу. Иляс апхуэдизкІэ и лъэр щІэхуати, лІэну хуейт (1 Цар. 19:4, 10). Иеговэ Иляс игъэкъуэншакъым, атІэ къыгуригъэІуащ абы и закъуэу зэрыщымытыр, Алыхьым и къарум щыгугъ зэрыхъунур икІи иджыри лэжьыгъэ куэд къызэрыпэщылъыр. Бегъымбарыр зыгъэгузавэхэмкІэ Иеговэ щыдэгуэшам щыгъуэ, ар абы фІыуэ едэІуащ икІи иужькІэ къалэныщІэхэр иритащ (1 Цар. 19:11—16, 18). Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? Дэ тщыщ дэтхэнэ зыри, псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэр, Иеговэ и мэл цІыкІухэм гуапэу хущытын хуейщ. Алыхьым и лэжьакІуэм и гурыщІэхэр щыжиІэм деж абы и псалъэхэм губжь къыхэщми е Алыхьым гущІэгъу къыхуищІыну хуэмыфащэу жиІэми, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы жиІэм фІыуэ йодаІуэ. Апхуэдэ цІыхум жиІэм едэІуа иужь, Иеговэ ар фІыуэ зэрилъагъур къыгурыІуэну ахэр абы доІэпыкъу.

ИЕГОВЭ И МЭЛ ЦІЫКІУ ГЪУЭЩАХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР?

15. Иуан 6:39 зэритымкІэ, дапхуэдэут Хьисэ и Адэм и мэл цІыкІухэм зэрыхущыту щытар?

15 Иеговэ и мэл цІыкІу гъуэщахэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр? Алыхьыр сыткІэ къытщыгугърэ? Хьисэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы ищІэт Иеговэ и мэл цІыкІухэр псори лъапІэу зэрилъытэр. Абы къыхэкІкІэ абы хузэфІэкІыр ищІэт «Израил цІыхуу мэл щхьэрыуахэм» Иеговэ деж къагъэзэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ (Мт. 15:24; Лк. 19:9, 10). Абы нэмыщІ Хьисэ «мэлыхъуэфІым» хуэдэу къарууэ иІэр ирихьэлІэт Иеговэ и мэл цІыкІухэм щыщу зыри мыкІуэдын щхьэкІэ. (Къеджэ Иуан 6:39; 10:11.)

16, 17. Иеговэ и деж къэзыгъэзэжыну хуейхэм дэІэпыкъуну я пщэ дэлъ къалэным зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ зэрыхущытыр? («Сыт хуэдэ гурыщІэ абыхэм яІэр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

16 Апостол Паул Ефес къалэм щыщ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыхуриджэт Хьисэ щапхъэ трахыну: «Къару зимыІэхэм дазэрыдэІэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкІи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиІа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: „Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ“» (Апост. 20:17, 35). Мы едзыгъуэм къызэрыхэщымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн я пщэ дэлъщ — Иеговэ и лъэпкъыр зыхуей хуагъэзэн хуейщ. Испанием щыщ, Сальвадо́р зи цІэ зэхуэсым и нэхъыжьым мыпхуэдэу жеІэ: «Иеговэ и мэл цІыкІу гъуэщахэр фІыуэ зэрилъагъум сыщегупсысым деж, сэри схузэфІэкІыр сщІэну сыхуейщ абыхэм садэІэпыкъун щхьэкІэ. Сэ шэч къытесхьэкъым: Иеговэ хуейщ сэ абыхэм садэІэпыкъуну».

17 Мы статьям зи гугъу щытщІа къуэш, шыпхъухэм псоми къадэІэпыкъуащ Иеговэ деж къагъэзэжыну. Иеговэ пэжыжьэ хуэхъуа, ауэ къэзыгъэзэжыну хуей куэд иджыри щыІэщ. Апхуэдэ цІыхухэм дазэрыдэІэпыкъуфынум къыкІэлъыкІуэ статьяр тепсэлъыхьынущ.

Сыт хуэдэ гурыщІэ абыхэм яІэр?

Неактивная сестра грустно смотрит в окно автобуса на двух Свидетелей Иеговы, которые проповедуют с тележкой. Свидетели радостно разговаривают с мужчиной.

(16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)g

АдэкІэ зи гугъу тщІыну къуэш, шыпхъухэм яІэ гурыщІэхэм хуэдэ Иеговэ и лъэпкъым епсэлъэн щызыгъэта куэдым шэч хэмылъу яІэщ.

Камерун щыщ ди шыпхъу Флорэ къыддогуашэ: «Си гъащІэм мыхьэнэ лъэпкъ имыІэу къысщыхъут. Сэ зыми гуфІэгъуэ хэсхтэкъым, гупсэхугъуэ сфІэкІуэдат икІи си напэр къызэныкъуэкъути, абы зыри схуещІэтэкъым. Сэ гузэгъэгъуэ зэзгъэгъуэтыжыну икІи сыгуфІэу къуэш, шыпхъухэм сахэтыну сыхуейт. Ауэ псом нэхърэ нэхъыбэу сэ сызыхуэныкъуэр Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынырат».

Испанием щыщ ди зы къуэшым хъыбарыфІыр имыгъэІужу щыхъуам щыгъуэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Зэхуэсым и гъусэу Иеговэ хуэлэжьэн щІэздзэжыну сыхуейщ. Сэ сщІэн хуейр къызгуроІуэ икІи ар сщІэну сыхуейщ, ауэ, дауикІ, ар тыншкъым. Си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэслъхьэу, языныкъуэ си ныбжьэгъухэр къэзгъэнэн хуеинущ. Иеговэ пэжыжьэ сызэрыхуэхъуам къыхэкІкІэ, си дежкІэ гугъущ махуэ псокІэ лэжьыгъэ хьэлъэм сыпэрыта иужь зэхуэсым сыкІуэну. Ауэ сэ си Іэр есхьэхынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ Иеговэ фІыуэ иджыри солъагъу икІи си щхьэгъусэмрэ дипхъу цІыкІуитІымрэ садэІэпыкъуну сыхуейщ».

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІ гъэІуныр къыщІагъанэр сыт?

  • Иеговэ дапхуэдэу и мэл цІыкІу гъуэщахэм зэрыхущытыр?

  • ХъыбарыфІ гъэІуным хэмытыж къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ сыт дэ дыщІэгузавэр?

139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

a Илъэс куэдкІэ Иеговэ хуэпэжу хуэлажьэу щыта къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэхуэсым кІуэнымрэ къыщІагъанэр сыт? Алыхьыр дауэ абыхэм зэрыхущытыр? Мы упщІэхэр зэпкърытхынщ икІи Библиер щатха зэманым щыгъуэ Иеговэ пэжыжьэ хуэхъуахэм ар зэрыдэІэпыкъуу щытам дытепсэлъыхьынщ, абы нэмыщІ сытым дэ абы дыхуигъасэми къэтщІэнщ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. ХъыбарыфІыр зымыгъэІуж цІыхукІэ йоджэ хъыбарыфІыр зэригъэІуар къэзыгъэлъагъуэ отчетыр мазихкІэ е нэхъыбэкІэ зымытам. Ауэ апхуэдэ цІыхухэр адэкІи ди къуэш, ди шыпхъуу къонэж икІи ахэр дэ фІыуэ долъагъу.

d Иезекииль 34:11, 12, 16: «Мыпхуэдэу жеІэ псори зи ІэмыщІэ илъ Зиусхьэн Иеговэ: „Сы-мис сэ. Сэ езым си мэлхэр къэслъыхъуэжынущ икІи ахэр зыхуей хуэзгъэзэнущ. Гъуэща и мэлхэр къэзыгъуэтыжа мэлыхъуэм ахэр зэригъашхэм хуэдэу, сэ си мэлхэр зыхуей хуэзгъэзэнущ. Пшэхэмрэ кІыфІыгъэ Іувымрэ я махуэм гъуэщахэр щІыпІэ здэщыІэхэм къисшыжу, зэхуэсшэсыжынущ“. „КІуэдар къэслъыхъуэжынущ, ядыгъуар къэсхьыжынущ, уІэгъэ хъуар сыпхэжынущ икІи сымаджэм къару езгъэгъуэтыжынущ, ауэ пшэр икІи бзаджэ хъуар згъэкІуэдынущ. Ар захуагъэ хэлъу згъэхъунущ“».

e Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ар зэращІэ хъунум теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьяр топсэлъыхь.

f СУРЭТЫР. Япэм Израилым щыщ мэлыхъуэр и мэл цІыкІу гъуэщам щхьэкІэ гузавэти, ар къилъыхъуэжт икІи хъушэм хыхьэжыну дэІэпыкъут. Нобэ мэлыхъуэм ебгъэщхь хъуну зэхуэсым и нэхъыжьхэр апхуэдэу щытщ.

g СУРЭТЫР. ХъыбарыфІ гъэІуным хэмытыж ди шыпхъур автобусым исщ. Ар щхьэгъубжэм доплъри елъагъу, Иеговэ и ЩыхьэтитІым гуфІэгъуэ хахыу хъыбарыфІыр зэрагъэІур.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын