Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Галатие 5:22, 23 хьэл-щэнибгъум и гугъу ещІ. Ауэ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр ара зэрыхъур?
Мы едзыгъуэхэм щыжыІащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм къыбгъэдэкІ фІыхэр мыращ: ФІылъагъуныгъэр, гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыІэныгъэр, фІыгъуэр, гущІэгъуныгъэр, фІэщхъуныгъэр, гущабагъэр, зышыІэныгъэр». Ауэ абы къикІкъым а хьэл-щэнибгъум фІэкІ нэгъуэщІ хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэну Алыхьым и къару лъапІэр къыддэмыІэпыкъуу.
Гу лъыфтэт зи гугъу тщІа едзыгъуэхэм ипэ апостол Паул итхам: «ЦІыхум и гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ Іейхэр нахуэщ. Мыхэращ: Зинэ щІэныр, гуфІеягъэр, мыхъумыщІэ псэукІэр; тхьэ нэпцІхэр гъэлъэпІэныр, удыгъэ зехьэныр, зэбииныр, зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, цІыхум езым фІэкІа зыри фІыуэ имылъагъуныр, зэгурымыІуэныр, гуп-гупу зэхэкІыныр, зым зыр илъагъу мыхъуныр, цІыху укІыныр; удэфэныр, щхьэрутІыпщу ефэ-ешхэ щІыныр, апхуэдэ нэгъуэщІ Іуэхухэри» (Гал. 5:19—21). Аращи, Паул зи гугъу ищІа «гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ Іейхэм» нэгъуэщІ гуэныхьхэри хохьэ, псалъэм папщІэ Колоссэ 3:5 итхэр. Апхуэдэуи пхужыІэнущ Галатие 5:22, 23 зи гугъу ищІ хьэл-щэнибгъум щхьэкІи. Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэ гупсысэм дыкъыхуэкІуэ хъунущ: Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ зыхэтлъхьэфыну хьэл-щэнхэр псори кърибжэкІыну Паул и мурадакъым.
Апхуэдэу Паул Тимофей хуигъэушащ хьэл-щэн дахэу хы зыхилъхьэну: щыпкъагъэр, Тхьэм и фІэлІыкІыр, фІэщхъуныгъэр, фІылъагъуныгъэр, теубыдагъэр икІи гущабагъэр (1 Тим. 6:11). Ауэ Паул абыхэм щыщу щыращ (фІэщхъуныгъэр, фІылъагъуныгъэр икІи гущабагъэр) Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм хибжар. Тимофей, дауикІ, Алыхьым и къару лъапІэр къыдэІэпыкъуну хуэныкъуэт, Паул абы хуитха нэгъуэщІ хьэл-щэнхэри зыхилъхьэн щхьэкІэ: щыпкъагъэр, Тхьэм и фІэлІыкІыр икІи теубыдагъэр. (Евгъапщэ Колоссэ 3:12; 2 Петр 1:5—7.)
Зэрытлъагъущи, Галатие 5:22, 23 Алыхьым и лэжьакІуэхэм яхэлъын хуей хьэл-щэнхэр псори кърибжэкІкъым. Алыхьым и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу мы едзыгъуэхэм зи гугъу ящІ хьэл-щэнибгъур зыхэтлъхьэну. Ауэ зыхэтлъхьэн хуей нэгъуэщІ хьэл-щэн куэди щыІэщ. Ахэр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым и еплъыкІэр зэдгъэгъуэтыну икІи Паул и псалъэхэм дытетыну: «Щыпкъагъэрэ гукъабзагъэрэ тэмэму фиІэнуи, езым фыхуэдэнуи, Тхьэм фыкъигъэхъужауэ, щэныщІэфІыр фащэу зэфшэкІын» хуейщ (Еф. 4:24).