КІэух зэманхэм пащтыхь зэпэщІэтхэр
Мы схемэм къэхъун хуейуэ бегъымбархэм ятха языныкъуэ псалъэхэр зы зэманым къохъу. А Іуэхугъуэхэм къыдгурагъаІуэ дэ «кІэух зэманхэм» дызэрыщыпсэур (Дан. 12:4).
Едзыгъуэхэр Апок. 11:7; 12:13, 17; 13:1—8, 12
Къэхъун хуейуэ ятхар Хьэщхьэвылъэр илъэс мин бжыгъэ хъуауэ щІылъэм и тепщэу щытщ. КІэух зэманхэм абы и ебланэ щхьэр уІэгъэ хъуащ. ИужькІэ и щхьэм уІэгъэ телъыр кІыжащ икІи «щІылъэм тет цІыху псори а хьэщхьэвылъэм» кІэлъыкІуащ. ШейтІаным хьэщхьэвылъэр къегъэсэбэп «цІыхубзым къытехъукІа нэгъуэщІ и бынхэм» езэуэн щхьэкІэ.
Къызэрыхъур Псыдзэшхуэм иужь Иеговэ пэщІэувэ правительствэхэр къэунэхуащ. ЛІэщІыгъуэ куэд дэкІа иужь, Япэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ, Великобританием и империем лъэщагъ иІар фІэкІуэдащ. Абырэ США-мрэ зэдэлажьэу хъуа иужь, абы къару зригъэгъуэтыжащ. КІэух зэманхэм ШейтІаным и политическэ системэр къегъэсэбэп Алыхьым и лъэпкъыр кърихуэкІын щхьэкІэ.
Едзыгъуэхэр Дан. 11:25—45
Къэхъун хуейуэ ятхар КІэух зэманхэм ищхъэрэ пащтыхьымрэ ипщэ пащтыхьымрэ зэпэщІэтщ.
Къызэрыхъур Германиемрэ Англо-Американскэ державэмрэ зэпэщІэтщ. 1945-нэ гъэм СССР-мрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ ищхъэрэ пащтыхь мэхъу. 1991-нэ гъэм СССР-р мэлъэлъэж, зэман дэкІа иужь Урысеймрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ ищхъэрэ пащтыхь мэхъу.
Едзыгъуэхэр Ис. 61:1; Мал. 3:1; Лк. 4:18
Къэхъун хуейуэ ятхар Иеговэ «хъыбарегъащІэр» егъакІуэ. Хьисэ Мэссихь и Пащтыхьыгъуэр тепщэу щІидзэн ипэ абы гъуэгур игъэкъэбзэн хуейщ. «ХъыбарегъащІэм» «Іэдэбхэм хъыбарыфІыр» яхуиІуэтэн щІедзэ.
Къызэрыхъур 1870-нэ гъэм къыщыщІэдзауэ Ч. Т. Расселлрэ абы и гъусэхэмрэ Библиер куууэ ядж, абы зыхуригъаджэр къащІэн щхьэкІэ икІи абы итыр нэгъуэщІхэм къыгурагъэІуэн щхьэкІэ. 1880-нэ гъэхэм абыхэм къагуроІуэ Алыхьым хуэлажьэхэм хъыбарыфІыр ягъэІун зэрыхуейр. «Требуется 1 000 проповедников», абы нэмыщІ «Помазаны проповедовать» жыхуиІэ статьяхэр къытрадзэ.
Едзыгъуэхэр Мт. 13:24—30, 36—43
Къэхъун хуейуэ ятхар Гуэдз къыщыкІ губгъуэм бийм удзыжь тресэ. Удзыжьыр къокІри, гуэдзыр уигъэлъагъукъым. Гъавэр щыІуахыжым деж гуэдзымрэ удзыжьымрэ зэхадз.
Къызэрыхъур 1870 гъэхэм щыщІэдзауэ дин пэжыр зыІыгъхэмрэ дин нэпцІыр зыІыгъхэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр нэхъ наІуэ мэхъу. КІэух зэманхэм Алыхьым пэжу хуэлажьэхэр зэхуашэс икІи ахэр Алыхьым хуэмылажьэхэм къыхаш.
Едзыгъуэхэр Дан. 2:31—33, 41—43
Къэхъун хуейуэ ятхар ГъущІыкІэ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэщыкІа статуе. Абы и лъэтхьэмпэхэм и ныкъуэр гъущІщ, и ныкъуэр ятІэ гъэжащ.
Къызэрыхъур ЯтІэм къегъэлъагъуэ Великобританиемрэ США-мрэ щыпсэу цІыху къызэрыгуэкІхэр, ахэр я къэрал унафэщІхэм я политикэм пэщІоувэ. Абы къыхэкІкІэ Англо-Американскэ державэм и зэфІэкІ псор къыхуэгъэсэбэпкъым.
Едзыгъуэхэр Мт. 13:30; 24:14, 45; 28:19, 20
Къэхъун хуейуэ ятхар Гуэдзыр гуэным иракІутэ; зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр Хьисэ и «унэІутхэм» тригъэуващ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр дуней псом щагъэІун щІадзэ.
Къызэрыхъур 1919-нэ гъэм узыщыгугъ хъун унэІутыр трагъэувэ Алыхьым и лъэпкъыр зыхуейр хуигъэзэн щхьэкІэ. А зэманым къыщыщІэдзауэ Библием и КъэхутакІуэхэр нэхъ жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ. Нобэ Иеговэ и Щыхьэтхэм хъыбарыфІыр къэрал 200-м нэхърэ нэхъыбэм щагъэІу икІи Библием тегъэщІа тхыгъэхэр бзэ 1 000-м нэхърэ нэхъыбэкІэ къыдагъэкІ.
Едзыгъуэхэр Дан. 12:11; Апок. 13:11, 14, 15
Къэхъун хуейуэ ятхар БжьакъуитІ зытет хьэщхьэвылъэм щІылъэм тет цІыхухэм яжреІэ щхьибл зыпыт хьэщхьэвылъэм и сурэт ящІыну икІи а сурэтым псэ хелъхьэ.
Къызэрыхъур Англо-Американскэ дунейпсо державэм Лига Наций ищІыну мурад ещІ. А мурадыр нэгъуэщІ къэралхэм къыдаІыгъ. Лига Наций организацэм ищхъэрэ пащтыхьри хохьэ, ауэ илъэс бжыгъэ гуэркІэщ — 1926-нэ гъэм щыщІэдзауэ 1933-нэ гъэм нэс. ЦІыхухэм я фІэщ мэхъу Лига Наций организацэмрэ абы и пІэм иува ООН-мрэ щІылъэ псом мамырыгъэ зэтрагъэувэфыну, ауэ ар зыхузэфІэкІынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэращ.
Едзыгъуэхэр Дан. 8:23, 24
Къэхъун хуейуэ ятхар «ГущІэгъуншэ Іейрэ бзаджейуэ» щыт пащтыхьым «зэи ямылъэгъуа мыгъуагъэ куэд» елэжь.
Къызэрыхъур Англо-Американскэ дунейпсо державэм куэд зэтрекъутэ. Псалъэм папщІэ, ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ Англо-Американскэ дунейпсо державэм къезэуахэм щыщ зы къэралым США-м атомнэ бомбитІ тредзэ. А бомбэхэм Іейуэ куэд зэтракъутэ.
Едзыгъуэхэр Дан. 11:31; Апок. 17:3, 7—11
Къэхъун хуейуэ ятхар БжьакъуипщІ зытет хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэр «щІылъэм и кууупІэу щІэ зимыІэм» къыщІокІ. Ар еянэ пащтыхьыращ. Даниил тхылъыр а пащтыхьым «щІыпІэм лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэкІуэн гущыкІ теплъэ зиІэкІэ» йоджэ.
Къызэрыхъур ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ Лига Наций организацэм зыри имыщІауэ жыпІэ хъунущ. Зауэ нэужьым абы и пІэм ООН-р йоувэ. Лъэпкъхэр Лига Наций организацэм зэрыщыгугъам хуэдэу ООН-ми щогугъ. Абыхэм къагурыІуэкъым дуней псом мамырыгъэ щыІэу зыщІыфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэрауэ зэрыщытыр. КъэкІуэну зэманым ООН-м и лъэныкъуэр зыІыгъ къэралхэр динхэм теуэнущ.
Едзыгъуэхэр 1 Фес. 5:3; Апок. 17:16
Къэхъун хуейуэ ятхар «Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэ. БжьакъуипщІымрэ хьэщхьэвылъэмрэ псэжьым тоуэ икІи ар яукІ. Абы иужькІэ лъэпкъхэм кІэухыр къахуокІуэ.
Къызэрыхъур Лъэпкъхэм жаІэ дуней псом мамырыгъэ щыІэу, шынагъэ зыри щымыІэу ящІауэ. ИужькІэ ООН-м и лъэныкъуэр зыІыгъ къэралхэм дин нэпцІхэр зэтракъутэ. Апхуэдэу гузэвэгъуэшхуэм щІедзэ икІи ар ШейтІаным и дунейр зыхэкІуэдэну Армагеддон зауэмкІэ иухынущ.
Едзыгъуэхэр Иез. 38:11, 14—17; Мт. 24:31
Къэхъун хуейуэ ятхар Гогыр Алыхьым и лъэпкъым и щІыналъэм йохьэ. ИужькІэ мелыІычхэм Хьисэ къыхиха цІыхухэр къыхаш.
Къызэрыхъур Ищхъэрэ пащтыхьыр нэгъуэщІ къэрал унафэщІхэр и гъусэу Алыхьым и лъэпкъым тоуэ. Теуа иужькІэ зэман гуэр дэкІауэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэу къэнэжахэм я тыгъэр къаІэрохьэ.
Едзыгъуэхэр Иез. 38:18—23; Дан. 2:34, 35, 44, 45; Апок. 6:2; 16:14, 16; 17:14; 19:20
Къэхъун хуейуэ ятхар Шы хужьым тесыр Гогымрэ абы и дзэмрэ токІуэ. Хьэщхьэвылъэр «мафІэм ис хым» хадзащ; статуе иныр зэтракъутащ.
Къызэрыхъур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу щыт Хьисэ Иеговэ и лъэпкъыр кърегъэл. Хьисэ и тепщэныгъэр къыдэзыІыгъ 144 000-мрэ мелыІыч дзэшхуэхэмрэ и гъусэу лъэпкъ зэгухьэнухэр зэтрекъутэ. ШейтІаным и дунейм кІэ къыхуокІуэ.