ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb23 Май н. 5
  • Экономическэ кризисым уэ ухуэхьэзыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Экономическэ кризисым уэ ухуэхьэзыр?
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Мыбы ещхь материал
  • Уэ ухьэзыр?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
  • Мы иужьрей махуэхэм и иужьрей махуэхэм хуэхьэзыру щыт!
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • Къэралым щыщ цІыхухэр зэпэщІэувэ хъумэ, абы ухуэхьэзыр?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2022
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
Нэхъыбэ еплъын
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
mwb23 Май н. 5

ДИ ГЪАЩІЭР

Экономическэ кризисым уэ ухуэхьэзыр?

Мы дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм я зэранкІэ экономикэм зэуэ зэрызихъуэжыр дэ дгъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ иужьрей махуэхэм икІэм дызэрыщыпсэур. Библиеми щыжыІащ «мылъку нэпцІым» дыщыгугъын зэрыхуэмейр (1Тм 6:17; 2Тм 3:1). Экономическэ кризисым зыхуэдгъэхьэзырыну Иосафат и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

Иосафат бийхэр къыщыпэщІэувам ар Иеговэ щыгугъащ (2Лт 20:9—12). Абы нэмыщІ лъэпкъыр къригъэлын щхьэкІэ абы зигъэхьэзыращ: быдапІэхэр ищІащ, къалэхэм зауэлІхэр дигъэтІысхьащ (2Лт 17:1, 2, 12, 13). Иосафат хуэдэу дэри зэман гугъухэм зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ. Дэ Иеговэ дыщыгугъын икІи тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ.

ЭКОНОМИЧЕСКЭ КРИЗИСЫМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЫХУЭДГЪЭХЬЭЗЫР ХЪУНУР?

Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ. УиІэмкІэ арэзыуэ щыт икІи узыхуэныкъуэр Иеговэ къызэрыуитынымкІэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щІы (Мт 6:26; 1Тм 6:8). Узыхуэныкъуэр ущимыІэ къэхъуми, ар зэбгъэгъуэтын щхьэкІэ Библием ит принципхэм узэремыбэкъуэным уи гур теухуэ (Рм 2:21). Ток е интернет щымыІэ хъумэ, ди тхыгъэхэм узэреджэну щІыкІэм егупсыс. Ди тхыгъэхэм щыщ зыбжанэ тедзауэ зэгъэпэщ, абы нэмыщІ, Іэмал щыІэмэ, электроннэ публикациехэм щыщ къихи зигъэІэ.

Нэхъ узыхуэныкъуэр зэгъэпэщ. Ахъшэм пыщІа гугъуехьым хуэхьэзыру ущытын щхьэкІэ, щІыхуэ зэрызытомыгъэлъыным иужь ит икІи узыхуэмей хьэпшыпхэм ахъшэ зэрытомыгъэкІуэдэным хущІэкъу (Пр 22:7, Гъэсэпэтхыдэхэр). Іэмал уиІэмэ, япэ дыдэу узыхуэныкъуэну хьэпшыпхэмрэ шхынхэмрэ зэгъэпэщи, хьэзыру щыгъэлъ. Ахъшэр нэхъ хъума хъун щхьэкІэ, щІы зиІэхэм я хадэм зыгуэр къыщагъэкІ хъунущ.

«ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭХЭМ УХУЭХЬЭЗЫРУ ПІЭРЭ УЭ?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

«Гузэвэгъуэшхуэхэм ухуэхьэзыру пІэрэ уэ?» жыхуиІэ видеом щыщ сурэт. Хъурей цІыкІухэм къыщыгъэлъэгъуащ: Библиер, тревожный чемоданчикымрэ телефонымрэ, ухуакІуэхэр.
  • Гузэвэгъуэшхуэхэм дэ езыр дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур?

«Гузэвэгъуэшхуэхэм ухуэхьэзыру пІэрэ уэ?» жыхуиІэ видеом щыщ сурэт. Гузэвэгъуэшхуэ зылъэІэсахэм къуэшхэр ядоІэпыкъу: унэр яухуэж икІи машинэшхуэм материалхэр кърах.
  • НэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуфын щхьэкІэ дапхуэдэу зэрызыдгъэхьэзыр хъунур?

ПЩІЭ ХЪУНУР

«Фыкъызэщыу!» № 1, 2022 гъэм (урысыбзэкІэ) къыдэкІа журналыр унагъуэм зэгъусэу зэпкърыфх. Гузэвэгъуэшхуэхэм фи унагъуэр хуэхьэзыру щытын щхьэкІэ сыт иджыри фщІэ хъунуми фегупсыс.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын