ДИ ГЪАЩІЭР
Къэралым щыщ цІыхухэр зэпэщІэувэ хъумэ, абы ухуэхьэзыр?
Мы дунейм и кІэр къызэрыблагъэм къыхэкІкІэ дэ къыдгуроІуэ зауэхэр, терактхэр, зэрызехьэхэр нэхъыбэ зэрыхъунур (Апок 6:4). А Іуэхугъуэхэм дапхуэдэу зыхуэдгъэхьэзыр хъуну?
Уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щІы. Иеговэрэ и организацэмрэ дзыхь нэхъ хуэпщІу ухъуну икІи нейтралитетыр пхъумэну къыбдэІэпыкъун Библием ит принципхэмрэ хъыбархэмрэ къэгъуэт (Пр 12:5, Гъэсэпэтхыдэхэр; jr-U 125—126, абз. 23, 24). Иджыпсту ди къуэш, ди шыпхъухэм гъунэгъу захуэтщІыным игъуэ дыдэщ (1Пт 4:7, 8).
Узыхуэныкъуэныр гъэхьэзыр. Зэрызехьэ гуэр къэхъуу, унэм ущІэсын хуей хъумэ, абы зыхуэгъэхьэзыр. Япэ дыдэу узыхуэныкъуэну хьэпшыпхэмрэ шхынымрэ Іущагъ хэлъу гъэхьэзыр. Уи унэр къэбгъанэу зыщІыпІэ укІуэн хуей хъумэ, узэрыкІуэну щІыкІэм егупсыс. Бгъэхьэзыра тревожный чемоданчикым дэлъыпхъэхэр дэлърэ дэмылърэ еплъ, псалъэм папщІэ маскэхэр, Іэлъэхэр, ахъшэр. Уи зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэрызыпыпщІэныр, абы нэмыщІ уи телефоныр яІэрэ ямыІэрэ къащІэ (Иса 32:2; g17.5-U 3—7).
Зэрызехьэ гуэр къыщыхъум деж Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэр къомыгъанэ (Фп 1:10). Зыщыпхъумэ щІыпІэм Іэмалыншэу укъыщІэмыкІ (Мт 10:16). Уи шхынымкІи нэгъуэщІ хьэпшыпхэмкІи уи гъусэхэм дэгуашэ (Рм 12:13).
«ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭМ УХУЭХЬЭЗЫРУ ПІЭРЭ УЭ?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Гузэвэгъуэ къыщыхъу зэманхэм Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
Гузэвэгъуэ гуэр къэхъумэ, абы дыхуэхьэзыру дыщытын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
Гузэвэгъуэ пэщІэхуахэм дауэ дазэрыдэІэпыкъу хъунур?