ДИ ГЪАЩІЭР
Мы иужьрей махуэхэм и иужьрей махуэхэм хуэхьэзыру щыт!
Дэ иужьрей махуэхэм и иужьрей махуэхэм дыщопсэу. Абы къыхэкІкІэ гугъуехьхэмрэ насыпыншагъэхэмрэ кІуэ пэтми нэхъыбэ хъунущ (2Тм 3:1; nwtsty-U комментарий к Мф 24:8). Гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум деж Иеговэ и лэжьакІуэхэм ящІэн хуейм теухуа унафэхэр занщІэу къаІэрохьэ. КъэкІуэну зэманым къэхъункІэ хъуну гузэвэгъуэшхуэхэм дыкъелын щхьэкІэ абыхэм иджыпсту зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ. Абы къыхэкІкІэ дэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын икІи дызыхуэныкъуэныр дгъэхьэзырын хуейщ (Лк 16:10).
Уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щІы. Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхугъуэхэм иужь ит. ХъыбарыфІыр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ гъэІу. Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж къуэш, шыпхъухэр уимыгъусэмэ умыгужьей (Иса 30:15). Зыщомыгъэгъупщэ: уэ зыми Иеговэрэ Хьисэрэ пэжыжьэ уищІыфынукъым (od-U 176, абз. 15—17).
Узыхуэныкъуэныр гъэхьэзыр. Зэман гуэркІэ унэм къыщІэмыкІыу щІэсын хуей хъумэ, унагъуэ къэс «тревожный чемоданчик» жыхуаІэм нэмыщІ ерыскъыи, псыи, хущхъуи, япэ дыдэу зыхуэныкъуэну нэгъуэщІ хьэпшыпхэри гъэтІылъауэ яІэн хуейщ (Пр 22:3, Гъэсэпэтхыдэхэр; g17.5-U 4, 6).
«ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭМ УХУЭХЬЭЗЫРУ ПІЭРЭ УЭ?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр дауэ нэхъ быдэ зэрытщІ хъунур?
Мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт:
уи адресым е уи телефон номерым зихъуэжамэ, ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм къебгъэщІэным?
«тревожный чемоданчик» жыхуаІэр бгъэхьэзырыным?
фи щІыпІэм къыщыхъункІэ хъуну гузэвэгъуэшхуэхэм уегупсысыным икІи апхуэдэ гуэр къэхъуу щытмэ, пщІэ хъуным уегупсысыным?
Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым пэщІэхуахэм сыт хуэдэ ІэмалищкІэ дадэІэпыкъуфыну?
ЗЭУПЩІЫЖ: «COVID-19 жыхуиІэ эпидемием гузэвэгъуэшхуэхэм зэрызыхуэзгъэхьэзырам теухуауэ си тІасхъапІэхэр дауэ къыщІигъэща?»