ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ къэхъукъащІэхэм и гугъу щІы
Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум къэхъукъащІэхэм и гугъу ищІт, цІыхухэм мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр къагуригъэІуэн щхьэкІэ (Лк 13:1—5). Уэри Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэн пщІын щхьэкІэ, къэхъукъащІэхэм и гугъу пщІы хъунущ. Псалъэм папщІэ, уасэхэр зэрыдэкІуейм, гузэвэгъуэшхуэ къэхъухэм, цІыхухэм зыкъызэраІэтым, наркотик зэрызрахьэлІэм е цІыхухэр зыгъэгузавэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэм и гугъу щІы. ИужькІэ цІыхур зыгъэгупсысэн упщІэ ет. Мыпхуэдэу уеупщІ хъунущ: «Дауэ уеплърэ, зэгуэр кІэ иІэну...» е «Дауэ уеплърэ, сыт хуэдэ хэкІыпІэ иІэр...» ИужькІэ къэпІэта темэм хуэкІуэ Библием ит едзыгъуэ къеджэ. ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъуамэ, видео егъэплъ е хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ публикацие къыхуэгъанэ. Дэ ди мурадыр ди щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм я гум дынэсыныращ. Аращи, тхузэфІэкІыу хъуар дывгъащІэ хъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэ! (1Кр 9:22, 23).
Фи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм сыт хуэдэ темэ нэхъ яфІэгъэщІэгъуэн хъунур?