Пэжым хуевгъаджэ
«Уэ уи псалъэхэр аращ пэжыгъэр» (ИН. 17:17, Хъыб., 1993).
1, 2. 1) Сытыт Хьисэ и гъащІэм псом япэ иригъэщыр икІи сыт щхьэкІэ? 2) ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ехъулІэныгъэ диІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
ХЬИСЭ МЭССИХЬ пхъащІэу щытащ, иужькІэ хъыбарыфІыр игъэІуу щІидзащ (Мк. 6:3; Рим 15:8). А лэжьыгъитІри абы фІы дыдэу игъэзащІэт. Ар пхъащІэу щыщытам щыгъуэ, унагъуэм къыщысэбэпын хьэпшыпхэр пхъэм къыхищІыкІын щхьэкІэ иІэ Іэмэпсымэхэр къигъэсэбэпу зригъэсащ. ИужькІэ цІыхухэр иригъаджэу щыщІидзам щыгъуэ, Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэ куухэр фІыуэ къигъэсэбэпт икІи цІыху къызэрыгуэкІхэм Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэр къагуригъаІуэт (Мт. 7:28; Лк. 24:32, 45). Хьисэ илъэс 30 щыхъум пхъащІэ лэжьыгъэр къигъанэри, псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэр игъэзэщІэн щІидзащ. Абы жиІауэ щытащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр игъэІун щхьэкІэ Алыхьым къигъэкІуауэ (Мт. 20:28; Лк. 3:23; 4:43). Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуныр и гъащІэм псом япэ иригъэщт икІи ар хуейт нэгъуэщІхэми апхуэдэу ящІэну (Мт. 9:35—38).
2 Дэ псори пхъащІэу дыщыткъым, ауэ Библием ит пэжым цІыхухэр худогъаджэ. А мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэм езы Алыхьыр хэтщ, Библиеми щыжыІащ дэ Алыхьым дыдэлажьэу (1 Кор. 3:9; 2 Кор. 6:4). Дэ шэч къытетхьэкъым: Иеговэ и «псалъэхэр аращ пэжыгъэр» (Ин. 17:17, Хъыб., 1993). Абы къыхэкІкІэ «щыпкъагъэм и псалъэхэр цІыхухэм пэжу езыгъащІэ цІыхуу» дэтхэнэ зыри дыщытын хуейщ. (Къеджэ 2 Тимофей 2:15.) Ар тхузэфІэкІын щхьэкІэ, дэ Библиер фІы дыдэу къэдгъэсэбэпу зедгъэсэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар — Иеговэ, Хьисэ Мэссихь икІи Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр цІыхухэм къазэредгъащІэ Іэмэпсымэ нэхъыщхьэщ. ЕхъулІэныгъэ диІэу цІыхухэр пэжым хуедгъэджэн щхьэкІэ, Иеговэ и организацэр къыддоІэпыкъу. Абы тхуигъэхьэзыращ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэпыну Іэмэпсымэхэр икІи абыхэм фІыуэ дрилажьэу зедгъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
3. Мы дунейм и кІэухыр къэмыс щІыкІэ сыт япэ идгъэщын хуейр? Апостолхэм 13:48 итым тепщІыхьмэ, сыт хуэдэ цІыхухэр къэтлъыхъуэн хуей?
3 Іэмэпсымэхэр дыщІиІэр хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэн щхьэкІэ закъуэкъым, атІэ ахэр къэдгъэсэбэпу цІыхухэр едгъэджэн хуейщ. ХъыбарыфІымкІэ цІыхум дэгуашэм Алыхьым и Псалъэм итыр игъэІуу аращ, егъэджакІуэм а хъыбарым и мыхьэнэр цІыхум къыгурегъаІуэ, ар и гум нэсу, къищІам тету псэуну хуигъэушын щхьэкІэ. Мы дунейм и кІэухыр къэмыс щІыкІэ цІыхухэр Библием едгъаджэу, пэжыр къагурыдгъэІуэным ди къарууэ хъуар етхьэлІэн хуейщ. Абы къыхэкІкІэ «пэжыр къэзыщІэну хуей цІыху псори» къызэрыдгъуэтыным дыхущІокъу икІи Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну дадоІэпыкъу. (Къеджэ Апостолхэм 13:44—47, 48-м сноскэм еплъa.)
4. «Пэжыр къэзыщІэну хуей» цІыхухэр дауэ къызэрыдгъуэтынур?
4 Ауэ дауэ «пэжыр къэзыщІэну хуей» цІыхухэр къызэрыдгъуэтынур? Япэ лІэщІыгъуэм хуэдэу, абы зы Іэмалщ иІэр — хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дэгуэшэныращ. Абы къыхэкІкІэ дэ Хьисэ и унафэм дытету, сыт хуэдэ къали, сыт хуэдэ жыли дыдэмыхьэми, пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэр къыдолъыхъуэ (Мт. 10:11). ДауикІ, зи гум хьэрэмыгъэ илъхэр, цІыху пагэхэр икІи Алыхьыр къэзымылъыхъуэхэр хъыбар жытІэм къедэІуэну къыщІэкІынкъым. Дэ цІыху пэжхэр, Іэдэбагъ зыхэлъхэр икІи пэжыр къэзыщІэну хуейхэращ къэтлъыхъуэр. Апхуэдэ цІыхухэр къызэрытлъыхъуэр ебгъэщхь хъунущ Хьисэ пхъащІэ лэжьыгъэр зэригъэзащІэу щытам. Абы унэм щІэт хьэпшып гуэр, бжэ е выр зэрыщІащІэ пхъэ ищІын ипэ, ахэр къызыхищІыкІыфын пхъэ къигъуэтын хуейт. Абы иужь и Іэмэпсымэхэр къищтэти и лэжьыгъэм теухуауэ щІэныгъэ зригъэгъуэтахэр къигъэсэбэпурэ, зыхуей хьэпшыпыр ищІт. Абы хуэдэу дэри, япэщІыкІэ пэжыр къэзыщІэну хуейхэр къыдогъуэтри, Іэмэпсымэ диІэхэр къэдгъэсэбэпурэ, Хьисэ и лъэужь иувэну дадоІэпыкъу (Мт. 28:19, 20).
5. ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм теухуауэ сыт тщІэн хуейр? Щапхъэ къэфхь. (Статьям ипэм ит сурэтхэм феплъ.)
5 Дэтхэнэ зы Іэмэпсымэри зы лэжьыгъэ гуэрым ехьэлІауэ щытщ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ пхъащІэ лэжьыгъэр щигъэзащІэм щыгъуэ къигъэсэбэпу щыта Іэмэпсымэхэм я гугъу тщІынщb. Ахэр къигъэсэбэпурэ хьэпшыпыр къызыхищІыкІыну и гугъэ пхъэхэр къипщт, тритхъэт, пихт, иугъуэнт, ищІыну зэрыхуейм хуэдэу къыхибзыкІт, зэпкъригъэувэжт икІи захуэу щытрэ щымытрэ еплът. Апхуэдэ дыдэу хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэтхэнэ зы Іэмэпсымэри зы лэжьыгъэ хэха гуэр щхьэкІэ къыдогъэсэбэп. АдэкІэ ахэр къызэрыдгъэсэбэп хъунум деплъынщ.
ДЭ ДЫХЭТМИ ЦІЫХУХЭМ КЪЕДГЪЭЩІЭН ЩХЬЭКІЭ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУ ІЭМЭПСЫМЭХЭР
6, 7. 1) Визитнэ карточкэхэр фэ дауэ къызэрывгъэсэбэпыр? 2) ЗэІущІэхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэм сыт хуэдэ ІуэхугъуитІ игъэзащІэр?
6 Визитнэ карточкэхэр. Ахэр цІыкІущ, ауэ сэбэпышхуэ къытхуохъу. Абыхэм я фІыгъэкІэ цІыхухэм дэ дыхэтми къащІэфынущ, абы нэмыщІ jw.org сайтри къацІыхуфынущ. Дэ лэжьыгъэ едгъэкІуэкІым теухуауэ а сайтым нэхъыбэ къыщащІэфынущ икІи Библиер яджыну яхуеймэ, заявкэ абы къыщагъэнэфынущ. А сайтымкІэ цІыху 400 000-м нэхърэ нэхъыбэ Библием едгъэджэну къыдэлъэІуащ икІи махуэ къэс щэм хуэдизым заявкэ къагъанэ! Визиткэ зытІущ сыт щыгъуи тІыгъ хъунущ Іэмал диІэ хъумэ, зыгуэрым еттын щхьэкІэ.
7 Къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэ. Ди зэІущІэхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэм ІуэхугъуитІ егъэзащІэ. Абы мыпхуэдэу итщ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер бджыну укъыдогъэблагъэ» икІи цІыхум езым къыхихыну ІэмалитІ иІэщ: ди зэІущІэхэм къэкІуэну е езыр Библием ирагъэджэну. Аращи, а Іэмэпсымэр къэдгъэсэбэпурэ дэ дыхэтми цІыхухэм къащІэну дадоІэпыкъу икІи Алыхьым зэрыхуэныкъуэр зыщІэхэр Библиер яджыну къыдогъэблагъэ (Мт. 5:3). ДауикІ, цІыхум Библиер иджыну хуейми хуэмейми, абы емылъытауэ, ди зэІущІэхэм къэкІуэфынущ. Ар ди зэІущІэхэм къакІуэмэ, Библием ит щІэныгъэ куэд зэрызригъэгъуэтыфынур илъэгъунущ.
8. ЦІыхур ди зэІущІэм зэзакъуэ нэхъ мыхъуми къэкІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Щапхъэ къэфхь.
8 ЦІыхур ди зэІущІэм зэзакъуэ нэхъ мыхъуми къэкІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ди зэІущІэм къакІуэ цІыхум илъэгъунущ дин нэпцІхэм зыхурагъаджэхэмрэ ди зэІущІэхэм къыщекІуэкІхэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр, псалъэм папщІэ Библием ит пэжым зэрыхуедгъаджэр икІи Алыхьыр къацІыхуну цІыхухэм дазэрыдэІэпыкъур (Ис. 65:13). Америкэм щыпсэу Рейрэ Линдэрэ ар ялъэгъуащ. Илъэс зыбжанэ ипэ абыхэм мурад ящІат члисэм кІуэну. Рейрэ Линдэрэ Алыхьыр я фІэщ хъут икІи абы зэрыхуэныкъуэр къагурыІуэти, я къалэм дэт члисэхэр куэд хъуми, псоми кІуэуэ зы члисэ къыхахыну траухуат. Ар къызэрыхахыну щІыкІэмкІэ ахэр занщІэу зэгурыІуащ. Япэрауэ, члисэ зэхуэсым абыхэм щІэ гуэр къыщащІэн хуейт. ЕтІуанэрауэ, абы къекІуалІэ цІыхухэр Алыхьым зэрыхуэлажьэр я щытыкІэмкІэ плъагъун хуейт. Илъэс зыбжанэм и кІуэцІкІэ я къалэм дэт члисэхэм ахэр кІуащ, ауэ я гур зэщыуа фІэкІа зыхуейр ягъуэтакъым. А зэІущІэхэм абыхэм щІэуэ зыри къыщащІакъым икІи абы екІуалІэхэм я теплъэри щІагъуэтэкъым. ЗдэкІуэну траухуахэм щыщу иужь дыдэу члисэ къэнэжам кІуа иужь Линдэ лэжьапІэм кІуащ, Рей унэм игъэзэжащ. Ар Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм щыблэжым егупсысащ: «СыщІыхьэнщи сеплъынщ абы къыщекІуэкІым». ДауикІ, Рей илъэгъуар хуабжьу игу ирихьащ. Абы екІуэлІахэр псори екІуу, дахэу хуэпат, гуапэт икІи нэфІэгуфІэт. Рей ипэ дыдэ тІысыпІэм тІысащ икІи абы зэхихар хуабжьу и гум хыхьащ. Паул и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ япэу зэІущІэм къэкІуа цІыхум илъэгъуар хуабжьу игу ирихьу мыпхуэдэу жиІэнкІэ хъунущ: «ИпэжыпІэкІэ Тхьэр фи гъусэщ» (1 Кор. 14:23—25). Рей апхуэдэ гурыщІэхэр иІащ. Ар тхьэмахуэ махуэм екІуэкІ зэІущІэм кІуэуэ щІидзащ, иужькІэ адрей зэІущІэхэми екІуалІэу хъуащ. Линди абы гъусэ хуэхъури, абыхэм я ныбжьыр илъэс 70-м щІигъуами, Библиер джын щІадзащ икІи псым зыщІагъэуащ.
ЦІЫХУМ ЕПСЭЛЪЭН ЩІЭДДЗЭН ЩХЬЭКІЭ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУ ІЭМЭПСЫМЭХЭР
9, 10. 1) ХъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ буклетхэр къэбгъэсэбэпыну сыт щІэтыншыр? 2) «Дауэ Алыхьым мы дунейр нэхъыфІ зэрищІыжынур?» жыхуиІэ буклетыр къызэрыбгъэсэбэп хъунум фытепсэлъыхь.
9 Буклетхэр. Дэ буклету 8 диІэщ. Ахэр къэбгъэсэбэпыну тыншщи, цІыхум епсэлъэн щІэддзэну фІы дыдэу къыддоІэпыкъу. Буклетхэр 2013 гъэм къыдагъэкІыу щІадзащ икІи абы лъандэрэ миллиардитху хуэдиз традзащ! Ахэр зэрызэхалъхьар зэщхьщи зыр къэбгъэсэбэпу зебгъасэмэ, адрейхэри къыпхуэгъэсэбэпынущ. НтІэ, дауэ буклетхэмкІэ цІыхум епсэлъэн зэрыщІэддзэ хъунур?
10 Псалъэм папщІэ, «Дауэ Алыхьым мы дунейр нэхъыфІ зэрищІыжынур?» жыхуиІэ буклетым и гугъу тщІынщ. Япэ напэкІуэцІым упщІэ итыр цІыхум егъэлъагъуи, еупщІ: «Зэгуэр уегупсысауэ пІэрэ, дауэ Алыхьым мы дунейр нэхъыфІ зэрищІыжынур?» Абы иужькІэ буклетым ит жэуапищыр егъэлъагъуи, и еплъыкІэр жегъэІэ. Жэуап итар пэжрэ мыпэжрэ жомыІэу, буклетыр къызэІухи, «Тхыгъэ ЛъапІэм жиІэр» подзаголовокым деж, къыщыхьа едзыгъуэхэм къеджэ — Даниил 2:44 икІи Лука 1:32, 33. ЗэрыхъукІэ адэкІэ узэрепсэлъэным иужь ит. ИкІэм «Егупсысыт» жыхуиІэ подзаголовокым и лъабжьэ щІэт «Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьынур сыт хуэдэ гъащІэ?» упщІэм гу лъегъатэ. Апхуэдэу пщІэмэ, иужькІэ тебгъэзэжу узытепсэлъыхьын темэ уиІэнущ. Тебгъэзэжа иужь «Добрая весть от Бога» брошюрэм и 7-нэ урокыр зэпкърыпх хъунущ. А брошюрэри цІыхум епсэлъэн щІэддзэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъу Іэмэпсымэхэм хохьэ.
БИБЛИЕМ ДЗЫХЬ ХУАЩІЫНУ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ХЪУ ІЭМЭПСЫМЭХЭР
11. Ди журналхэм итыну темэхэр дауэ къызэрыхахыр? ИкІи а журналхэм теухуауэ сыт тщІэн хуейр?
11 Журналхэр. «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» журналхэр — мы дунейм псом нэхърэ нэхъыбэ дыдэу къыдэкІ икІи бзэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІ журналхэщ. Мы журналхэр къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щаджри, ахэр щатхкІэ темэхэр цІыху псоми яфІэгъэщІэгъуэн хъун хуэдэу къыхах, дэнэ ахэр щымыпсэуами. Дэ а журналхэр къэдгъэсэбэпурэ цІыхухэм дадоІэпыкъу я гъащІэр нэхъыфІ зыщІыну чэнджэщхэр къагъуэтыну. Ауэ япэщІыкІэ дэ къыдгурыІуэн хуейщ а журналхэр хэт хуэгъэзауэ щытми.
12. 1) «Фыкъызэщыу!» журналыр хэт зыхуэгъэзар икІи ар къыщІыдагъэкІым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт? 2) А журналыр зыгуэрым щефта Іуэхугъуэ гуэр къыжыфІэж.
12 «Фыкъызэщыу!» журналыр Библием мащІэу хэзыщІыкІхэм е абы теухуауэ зыри зымыщІэхэм щхьэкІэ къыдагъэкІ. Абыхэм Хьисэ зыхуригъаджэу щытахэм теухуауэ зыри ямыщІэу е динхэм дзыхь хуамыщІыжу хъуауэ къыщІэкІынкІэ хъунущ, абы нэмыщІ Библиер дэІэпыкъуэгъу зэрахуэхъуфынур ямыщІэнкІэ хъунущ. «Фыкъызэщыу!» журналыр къыщІыдагъэкІым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Алыхьыр зэрыщыІэр цІыхухэм я фІэщ хъун щхьэкІэщ (Рим 1:20; Евр. 11:6). Абы нэмыщІ а журналым Библиер Алыхьым и псалъэу зэрыщытым теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ (1 Фес. 2:13). «Фыкъызэщыу!» журналыр 2018 гъэм мыпхуэдэ темэхэм топсэлъыхь: «Ключ к счастью», «12 секретов счастливых семей», абы нэмыщІ «Помощь тем, кто скорбит».
13. 1) «ХъумакІуэ чэщанэ» ягуэш журналыр хэт зыхуэгъэзар? 2) А журналыр зыгуэрым щефта Іуэхугъуэ гуэр къыжыфІэж.
13 «ХъумакІуэ чэщанэ» ягуэш журналым Алыхьым пщІэ хуэзыщІ икІи и Псалъэм зыгуэр хэзыщІыкІ цІыхухэм Библием зыхуригъаджэхэр къагурегъаІуэ. Абыхэм Библием ит щІэныгъэ гуэрхэр яІэми, а тхылъым зыхуригъаджэ пэжхэм фІыуэ хащІыкІкъым (Рим 10:2; 1 Тим. 2:3, 4). «ХъумакІуэ чэщанэ» ягуэш журналыр 2018 гъэм мыпхуэдэ темэхэм топсэлъыхь: «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр ди зэманым хуэкІуэу пІэрэ?», «Сыт хуэдэ гъащІэ къытпэщылъыр?», абы нэмыщІ «Алыхьым фІыуэ дыкъилъагъуу пІэрэ?».
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭНУ ХУЭЗЫГЪЭУШ ІЭМЭПСЫМЭХЭР
14. 1) ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэп видеороликхэр ІэмэпсымэфІ дыдэу сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) Ди видеороликхэм щыщ гуэр зыгуэрым зэревгъэлъэгъуар къыжыфІэж?
14 Видеороликхэр. Хьисэ щыпсэуа зэманым пхъащІэхэм ІэкІэ узэрылажьэ хъун Іэмэпсымэхэрат къагъэсэбэпыр. Ди зэманым къагъэсэбэпхэр и нэхъыбэр токкІэ мэлажьэ, псалъэм папщІэ пхъэххэр, гъуанэ зэращІ, зэрахъуэ, гъущІ Іунэ зэрыхаукІэ Іэмэпсымэхэр, нэгъуэщІхэри щыІэщ. Нобэ дэри тхыгъэ диІэхэм нэмыщІ иджыри къэдгъэсэбэпыну видеороликхэри диІэщ. Абыхэм щыщу щыр хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэп Іэмэпсымэхэм хохьэ: «Библиер щІэджын хуейр сыт?», «Библиер джын. Дауэ ар зэрекІуэкІыр?», «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?». Мы роликхэр дакъикъитІ нэхърэ нэхъыбэ екІуэкІкъыми, япэу цІыхум ущепсалъэм къэбгъэсэбэпыну тыншщ. Видеоролик нэхъ кІыхьхэр цІыхум деж етІуанэу щытебгъэзэжкІэ е зэман нэхъыбэ зиІэм ущепсалъэкІэ къэбгъэсэбэп хъунущ. Видеороликхэр — ІэмэпсымэфІ дыдэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм цІыхур хуагъэушыфынущ Библиер иджыну е зэхуэсым къэкІуэну.
15. ЦІыхухэм ди видеороликхэр я бзэкІэ зэрызэхахым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр кърикІуэфыну? Щапхъэ къэфхь.
15 Ди зы шыпхъур Микроне́зием къикІа зы цІыхубз гуэрым хуэзат. А цІыхубзым и анэдэлъхубзэр япыбзэт. Апхуэдэу зэрыщытыр къыщищІам, «Библиер щІэджын хуейр сыт?» видеороликыр ди шыпхъум абы и бзэкІэ иригъэлъэгъуащ. Видеороликыр щыщІидзам цІыхубзым жиІащ: «Дауэ къыпщыхъурэ, мыр сэ си бзэщ! И псэлъэкІэмкІэ мы роликым къыщыпсалъэр сэ сызыщыщ островым щыщ си гугъэщ. Ар сэ си бзэкІэ мэпсалъэ!» Абы иужькІэ ди сайт jw.org япыбзэкІэ ит псоми еджэну икІи еплъыну цІыхубзым жиІащ. (Евгъапщэ Апостолхэм 2:8, 11.) А видеоролик дыдэм пыщІауэ иджыри зы Іуэхугъуэ къэхъуащ. Америкэм щыпсэу ди шыпхъум и дэлъхум и къуэр ди организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр щызыхуащІа къэралым щопсэу. Ди шыпхъум абы и бзэкІэ видеороликым и ссылкэр хуригъэхьат. Еплъа иужькІэ абы ди шыпхъум къыхуитхыжащ: «Сэ, псом хуэмыдэу, сфІэгъэщІэгъуэн хъуащ нобэрей гугъуехьхэр къызыбгъэдэкІыр лъэкІыныгъэшхуэ зиІэу мы дунейм и тепщэ бзаджэрауэ зэрыжиІэр. Сэ Библием срагъэджэну селъэІуащ».
ПЭЖЫМ ХУЕДГЪЭДЖЭНУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУ ІЭМЭПСЫМЭХЭР
16. КъыдгурывгъаІуэ мы Іэмэпсымэхэр къыщІыдагъэкІар: 1) «Алыхьым жиІэм едаІуи игъащІэкІэ псэу» жыхуиІэ брошюрэр, 2) «Добрая весть от Бога» жыхуиІэ брошюрэр, 3) «Кто сегодня исполняет волю Иеговы?» жыхуиІэ брошюрэр.
16 Брошюрэхэр. Едгъаджэ цІыхум и бзэкІэ ди тхыгъэхэр щымыІэмэ е ар фІыуэ емыджэфмэ, дауэ абы пэжыр къызэредгъэщІэнур? Апхуэдэу щытмэ, ІэмэпсымэфІ дыдэ диІэщ — «Алыхьым жиІэм едаІуи игъащІэкІэ псэу» жыхуиІэ брошюрэр къэбгъэсэбэп хъунущc. Абы нэмыщІ «Добрая весть от Бога» жыхуиІэ брошюри диІэщ. Ар къыддоІэпыкъу цІыхур Библием едгъаджэу щІэддзэну. Брошюрэм и щІыбагъымкІэ темэу 14 итщ, ар цІыхум егъэлъагъуи сыт хуэдэ темэм и жэуапыр къищІэну хуейми еупщІ. Къыхиха темэр къэбгъэсэбэпу цІыхур Библием ебгъаджэу щІэбдзэ хъунущ. ЕтІуанэу щытебгъэзэжхэм деж апхуэдэу пщІэ хъунущ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэп Іэмэпсымэ ещанэр «Кто сегодня исполняет волю Иеговы?» брошюрэращ. Ар къыщІыдагъэкІар Библием едгъаджэхэм Алыхьым и организацэр едгъэцІыхун щхьэкІэщ. 2017 гъэм, гъатхэпэ мазэм къыдэкІа «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» дызэрылажьэ тхылъым а брошюрэр еджэгъуэ къэс къызэрыбгъэсэбэп хъуну чэнджэщхэр итащ.
17. 1) ЦІыхухэр зэредгъаджэ тхылъитІыр сыт къыщІыдагъэкІар? 2) ЦІыхум псым зыщІигъэуами, сыт ищІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
17 Тхылъхэр. БрошюрэмкІэ цІыхур евгъаджэу щІэвдзамэ, «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъымкІэ фыщыхуейм деж пыфщэ хъунущ. Библием зыхуригъаджэр нэхъ куууэ къищІэну а тхылъыр цІыхум сэбэп хуэхъунущ. А тхылъыр вджын фыухауэ, цІыхум ехъулІэныгъэхэр иІэу флъагъумэ, «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ» жыхуиІэ тхылъымкІэ пыфщэ. Абы и фІыгъэкІэ цІыхум Библием ит принципхэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпу есэнущ. Зыщывмыгъэгъупщэ, цІыхум псым зыщІигъэуами, тхылъитІри фыухыхукІэ ар егъэджэн хуейщ. Апхуэдэу фщІэмэ, цІыхум фІэщхъуныгъэ быдэ зригъэгъуэтынущ икІи Иеговэ пэжу къыхуэнэну ар къыдэІэпыкъунущ. (Къеджэ Колоссэ 2:6, 7.)
ЦІыхухэм хъыбарыфІыр щажетІэкІэ ди организацэм къыдигъэкІ Іэмэпсымэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ
18. 1) 1 Тимофей 4:16 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ? 2) ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ диІэ Іэмэпсымэхэр къыщыдгъэсэбэпым деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
18 Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм, цІыхухэр «хъыбарыфІым и псалъэ пэжхэм» хуедгъэджэну ди къалэнщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я фІыгъэкІэ цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуну гугъэ яІэ хъунущ (Кол. 1:5; къеджэ 1 Тимофей 4:16). АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэп Іэмэпсымэхэр. (Абы нэмыщІ феплъ «ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэп Іэмэпсымэхэр» жыхуиІэ рамкэм.) Ахэр зэрыхъукІэ нэхъыфІу къызэрыдгъэсэбэпыным дыхущІэвгъэкъу. Дэтхэнэ зыми езым къыхэтх хъунущ сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэм дрилэжьэнуми икІи ахэр дапщэщ къэдгъэсэбэпынуми. Ауэ дэ дыхуейкъым ди тхыгъэхэр ауэ сытми дгуэшу дыдэтыну икІи хъыбарыфІыр зыфІэмыгъэщІэгъуэным къыхуэдгъэнэну. Дэ ди мурадыр «пэжыр къэзыщІэну хуей», Іэдэбагъ зыхэлъ, цІыху пэжхэр Хьисэ и лъэужь иувэну дадэІэпыкъунуращ (Апост. 13:48, ДЩІ; Мт. 28:19, 20).
a Апостолхэм 13:48, ДЩІ: «Хамэ лъэпкъым щыщхэм ар щызэхахым, гуфІэри, Иеговэ и псалъэр ягъэлъапІэу щІадзащ, икІи пэжыр къэзыщІэну хуей цІыху псоми фІэщхъуныгъэ яІэ хъуащ».
b 2010 гъэм, шыщхьэІум и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Плотницкое ремесло» статьямрэ «Набор инструментов плотника» рамкэмрэ феплъ.
c ЦІыхур емыджэфмэ, «Алыхьым едаІуэ» жыхуиІэ брошюрэмкІэ ебгъаджэ хъунущ. Абы сурэт куэд итщ, ауэ псалъэхэр мащІэщ.