Иеговэ кърищІылІа зэгурыІуэныгъэм Даут йогупсыс
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Иеговэ Даут зэгурыІуэныгъэ ирещІылІэ
Иеговэ Даут къигъэгугъащ и щІэблэм пащтыхьхэр къыхэкІыну (2См 7:11, 12; w10-U 1/4 20, абз. 3; обложкэм тет сурэтым еплъ).
Иеговэ Даут ирищІылІа зэгурыІуэныгъэм и языныкъуэ Іыхьэхэр Мэссихь деж къыщыхъуащ (2См 7:13, 14; Евр 1:5; w10-U 1/4 20, абз. 4).
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну фІыгъуэхэр зэи кІуэдыжынукъым (2См 7:15, 16; Евр 1:8; w14-U 15/10 10, абз. 14).
Дыгъэмрэ мазэмрэ фІы дыдэу къагъэлъагъуэ Мэссихь и тепщэныгъэр игъащІэкІэ зэрыщыІэнур (Пс 89:35—37). Уафэгум ит а нэхугъэхэм фыщеплъкІэ фигу къэвгъэкІыж Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу уэрэ уи унагъуэмрэ къыфхуищІэну фІыгъуэхэр.