ДИ ГЪАЩІЭР
Ди гугъуехьхэм Іэмал имыІэу кІэ яІэнущ
ГъэунэхуапІэм ди лъэр щІихыфынущ, псом хуэмыдэу ар куэд щІауэ диІэмэ. Даут ищІэт Щаул игъащІэкІэ гугъу зэрыримыгъэхьынур икІи Иеговэ къызэригъэгугъам хуэдэу ар пащтыхь зэрыхъунур (1См 16:13). Даут и фІэщхъуныгъэр къыдэІэпыкъуащ шыІэныгъэ зыхигъэлъыну икІи Иеговэ ежьэну.
ГъэунэхуапІэ дыщихуэм деж дэ ди Іуэхур нэхъ тынш тхуэщІынущ, Іуэхум еплъыкІэ тэмэм худиІэмэ икІи зэхэщІыкІ, Іущагъ дгъэлъагъуэмэ (1См 21:12—14; Пр 1:4, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ иныкъуэм деж Библием ит принципхэр къэдгъэсэбэпу тхузэфІэкІыу хъуар тщІэми, ди гугъуехьу хъуар тхуІухынукъым. Апхуэдэм деж шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын икІи Иеговэ дежьэн хуейщ. Абы дэ дыкъегъэгугъэ куэд мыщІэу ди гугъуехьу хъуам кІэ иритыну икІи ди «нэхэм нэпс псори ящІилъэщІыкІыжыну» (Апок 21:4). Иеговэ къыхэІэбэу ди гугъуехьхэм кІэ къахуэкІуэнуми е нэгъуэщІ щІыкІэкІэ ахэр зэхэкІынуми, дэ шэч къытетхьэкъым абыхэм Іэмал имыІэу кІэ къазэрыхуэкІуэнум. Абы дэ егъэлеяуэ дегъэгуфІэ.
«МЫ ДУНЕЙ ЗЭХЭЗЭРЫХЬАМ ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭ ЩЫЗЫХЪУМЭ ЛЪЭПКЪЫР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ипщэ Америкэм щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?
Абыхэм шыІэныгъэрэ лъагъуныгъэрэ дапхуэдэу зэрагъэлъэгъуар?
«Псом нэхърэ нэхъапэм» я акъылыр траухуэну сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? (Фп 1:10).