ДИ ГЪАЩІЭР
ЦІыху псоми хъыбарыфІымкІэ дадогуашэ
Израил лъэпкъыр зэгъэпэщауэ зэрыщытам хуэдэу ноби Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэгъэпэщауэ щытщ абы и мурадыр ягъэзэщІэн щхьэкІэ. ФилиалкІэ, районкІэ, зэхуэскІэ, абы нэмыщІ гуп-гупурэ дыщІэгуэшар Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІун щхьэкІэщ. Дэ а хъыбарыфІыр псоми ялъэдгъэІэсыну дыхэтщ, нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэхэри абыхэм яхэту (Апок 14:6, 7).
Уэ зэгуэр уегупсысауэ пІэрэ цІыху нэхъыбэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэн щхьэкІэ нэгъуэщІыбзэ зэбгъэщІэну? НэгъуэщІыбзэ зэбгъэщІэну зэман уимыІэми, JW Language жыхуиІэ приложениер къэбгъэсэбэпу уэ псалъэуха зыбжанэ зэбгъэщІэфынущ. А псалъэухахэр хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ къэбгъэсэбэпыну ухущІэкъумэ, уэ гуфІэгъуэ зыхэпщІэнущ. Апхуэдэ гуфІэгъуэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зыхащІащ нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм я бзэхэмкІэ «Тхьэм илэжьа Іуэхушхуэхэм я хъыбарыр» щыхуаІуэтам щыгъуэ (Апост 2:7—11).
«ПРОПОВЕДУЙ ИНОСТРАНЦАМ» ЖЫХУИІЭ МУЛЬТФИЛЬМЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
JW Language жыхуиІэ приложениер сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж уэ къыбдэІэпыкъуфыну?
А приложениер къызэрыбгъэсэбэп хъуну щІыкІэр жыІэ.
Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыху псоми зэхахын хуейщ
Фи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр сыт хуэдэ бзэхэмкІэ зэрыпсалъэр?
Сыт пщІэ хъунур Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ цІыхум и фІэгъэщІэгъуэн хъуамэ? (od-U 100—101, абз. 39—41).