ДИ ГЪАЩІЭР
Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Иеговэ хуэпэжу щыт
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Куэд мыщІэу Іуэхугъуэ телъыджэхэр къэхъунущ. А зэманым дэ псом хуэмыдэу Иеговэ дзыхь хуэтщІын икІи лІыгъэ дгъэлъэгъуэн хуей хъунущ. Дин нэпцІыр зэрагъэкІуэдынумкІэ гузэвэгъуэшхуэр щІидзэнущ (Мт 24:21; Апок 17:16, 17). А зэман гугъум дэ Иеговэ и хьэкумым теухуа хъыбар шынагъуэр дгъэІуну къыщІэкІынущ (Апок 16:21). Дэ Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыттеуэнущ (Иез 38:10—12, 14—16). Ауэ Иеговэ и лъэпкъыр къихъумэнущ икІи Армагеддон зауэмкІэ ахэр къригъэлынущ (Апок 16:14, 16). А Іуэхугъуэхэр къыщыхъукІэ лІыгъэ тхэлъын щхьэкІэ, дэ иджыпсту щыщІэдзауэ диІэ гугъуехьхэм емылъытауэ Иеговэ хуэпэжу дыщытын хуейщ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Иеговэ и хабзэхэм быдэу тет (Иса 5:20).
Къуэш, шыпхъухэм я гъусэу адэкІи Иеговэ хуэлажьэ (Евр 10:24, 25).
Иеговэ и организацэм ищІ унафэхэр занщІэу гъэзащІэ (Евр 13:17).
Япэм щыгъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэрыригъэлу щытам егупсыс (2Пт 2:9).
Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи абы дзыхь хуэщІ (Пс 112:7, 8).
«КЪЭКІУЭНУ ЗЭМАНЫМ ЛІЫГЪЭ ДЫЩЫХУЭНЫКЪУЭНУ ІУЭХУГЪУЭХЭР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ И ЗЫ ІЫХЬЭ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
НэгъуэщІ зэхуэсым кІуэну къуэш, шыпхъухэм щыжраІам абыхэм жыІэдаІуэныгъэ ягъэлъэгъуэну щІафІэмытыншар сыт?
ЛІыгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ зэрызэпхар?
Армагеддон зауэм деж дэ лІыгъэ щІэдгъэлъэгъуэн хуейр сыт?
ЛІыгъэ щыбгъэлъэгъуэн хуей хъуну Іуэхугъуэхэм иджыпсту щыщІэдзауэ зыхуэгъэхьэзыр
Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэрыригъэлыфынум Библием щыщ сыт хуэдэ пычыгъуэ щыхьэт техъуэр? (2Лт 20:1—24).