АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 12
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дежкІэ ІутІыж махуэшхуэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэр?
ЕпщІанэ хьэкумым къыпэкІуэ Іейм зыщахъумэн щхьэкІэ, израил цІыхухэр Иеговэ и унафэм тетын хуейт (Исх 12:28). 14-нэ нисаным, дыгъэр къухьа нэужь, израил унагъуэхэр щхьэж я унэхэм щызэхуэсын хуейт. Абыхэм илъэс хъуа дагъуэ зимыІэ щынэ е чыцІ яукІыу, а псэущхьэм и лъыр бжащхьэмрэ бжэблыпкъымрэ щахуэн хуейт. Абы иужь псэущхьэр зэпкърамыхыу ягъажьэу, псынщІэу яшхын хуейт (Исх 12:9—11). Унэм щІэсхэм щыщу зыри нэху щыху унэм щІэкІ хъунутэкъым (Исх 12:22).
Иеговэ дызэрыхуэжыІэдаІуэм дыкъызэрихъумэм и щапхъэхэр къэхь.