ІутІыж махуэшхуэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм и нэщэнэу щымытми, а махуэшхуэхэр зыгуэркІэ зэщхьщ. Псалъэм папщІэ, апостол Паул Хьисэ щхьэкІэ жиІащ: «Ар ІутІыж махуэшхуэм Тхьэм къурмэныпхъэ хуащІ щынэм хуэдэщ» (1Кр 5:7). Бжэблыпкъхэм щахуэ, ІутІыж махуэшхуэм яшхыу щыта щынэм и лъым хуэдэу Хьисэ и лъым цІыхухэм я гъащІэр кърегъэл (Исх 12:12, 13). Иджыри ІутІыж махуэшхуэм яшхыу щыта щынэм и къупщхьэхэр пкъутэ хъунутэкъым. Хьисэ и къупщхьэхэри якъутакъым, япэ лІэщІыгъуэм пкъом ираІулІа цІыхухэм я лъэдийхэр зэпауду хабзэ щыІами (Исх 12:46; Ин 19:31—33, 36).