ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и лъэпкъыр къехъумэ
ІутІыж махуэшхуэр япэ дыдэу зэрагъэлъэпІам мыхьэнэшхуэ иІэт. А жэщым фирхьэуным и къуэ щыпэлъхур зэрылІар къыщищІам щыгъуэ Мусэрэ Хьэрунрэ яжриІащ: «ФахэкІ си лъэпкъым, фэ тІури Израил цІыхухэри фыкІуи, зэрыжыфІам хуэдэу Иеговэ фыхуэлажьэ» (Исх 12:31). Апхуэдэу Иеговэ къигъэлъэгъуащ и лъэпкъым сыт щыгъуи зэрыдэІэпыкъур.
Ди зэманым псэу Иеговэ и Щыхьэтхэм я тхыдэм ІупщІу къегъэлъагъуэ Иеговэ и лъэпкъыр къызэрихъумэр икІи зытетын хуей гъуэгум тетыну зэрыдэІэпыкъур. Дунейпсо Іуэху зехьэпІэм щыІэ «Иеговэ и цІэр зезыхьэ лъэпкъ» жыхуиІэ выставкэр зытеухуар а темэращ.
«УОРВИК ДЭТ МУЗЕЙМ ЩРАГЪЭКІУЭКІ ЭКСКУРСИЕ. „ИЕГОВЭ И ЦІЭР ЗЕЗЫХЬЭ ЛЪЭПКЪ“ ЖЫХУИІЭ ВЫСТАВКЭР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
ЦІыхухэм Библием дзыхь нэхъ хуащІу хъун щхьэкІэ 1914-нэ гъэм Библием и КъэхутакІуэхэм сыт хуэдэ техническэ ІэмэпсымэщІэ къагъэсэбэпу щІадза икІи сыт хуэдэ ехъулІэныгъэ абыхэм яІар?
1916-нэ, 1918-нэ гъэхэм Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуа икІи Иеговэ и организацэм и нэІэр зэрытригъэтыр абыхэм дауэ къазэрыгурыІуар?
Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт къадэІэпыкъуар гъэунэхуапІэхэм емылъытауэ Алыхьым хуэпэжу къэнэну?
1935-нэ гъэм Иеговэ и лэжьакІуэхэм Библием ит сыт хуэдэ пэжыр нэхъ куууэ къагурыІуа икІи ар абыхэм дауэ къадэІэпыкъуа?
Иеговэ и лъэпкъыр къызэрихъумэр икІи зытетын хуей гъуэгум тетыну зэрыдэІэпыкъур выставкэм щыплъэгъуахэм щыщу сыт уэ уи фІэщ зыщІар? (Уорвик дэт музейм щыІахэм хуэгъэза упщІэ.)