ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ къигъэщІа псэущхьэхэм лІыгъэм дауэ дыхурагъасэрэ?
Иеговэ хуейщ езым и хьэл-щэнхэм хуэдэ дэри дгъэлъэгъуэну. Абы Библием зи гугъу ищІ цІыхухъу, цІыхубзхэм я щапхъэхэр къигъэсэбэпурэ и хьэл-щэнхэр дгъэлъагъуэу дегъасэ. Ауэ Иеговэ дызэригъасэ зы Іэмал иджыри щыІэщ — ар абы и ІэдакъэщІэкІхэращ (Иов 12:7, 8). Дапхуэдэу аслъэнхэм, шыхэм, мангустхэм, колибрихэм икІи пылхэм лІыгъэм дызэрыхурагъасэр?
«ИЕГОВЭ КЪИГЪЭЩІА ПСЭУЩХЬЭХЭМ ДЕЖ ЛІЫГЪЭМ ЗЫЩЕВГЪАСЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Аслъэныбзхэм я шырхэр дауэ зэрахъумэр?
Шыхэр зауэм дауэ зэрыхуагъэхьэзырыр?
Мангустыр блэуэ щыІэм я нэхъ шынагъуэ дыдэм щІыщымышынэр сыт?
Колибри цІыкІухэм дауэ лІыгъэ зэрагъэлъагъуэр?
Пылхэм я хъушэм щыщ нэгъуэщІ пылхэр дауэ зэрахъумэр?
Мы псэущхьэхэм я щапхъэм уэ дауэ лІыгъэм узэрыхурагъасэр?