ДИ ГЪАЩІЭР
ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр дауэ къызэрыдгъэсэбэпынур?
2018-нэ гъэм, щІышылэм щыщІэдзауэ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым и япэ напэкІуэцІым цІыхухэм дызэрепсалъэ хъун планхэр къыщыхьащ. Дауэ ар къызэрыдгъэсэбэп хъуныр?
Зэрызыдгъасэ заданиер щыдгъэзащІэкІэ. ЦІыхухэм дызэрепсалъэ планхэм ит къызэрыщІэбдзэ хъун упщІэр, Библием щыщ едзыгъуэр, къытебгъэзэжын щхьэкІэ пты хъуну упщІэр уи заданием лъабжьэ хуэхъун хуейщ. Ауэ а планым тегъэщІа видеороликым къыщыхьа псалъэхэр зэрит дыдэм хуэдэу жыпІэн хуейкъым. Уэ езым къызэрыщІэбдзэнри зэрыпыпщэнри къэбгупсыс хъунущ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ публикацие гуэр узэпсалъэ цІыхум къыхуэбгъанэ хъунущ, ар пщІэн хуейуэ заданием имытми.
ХъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ. ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм псалъэмакъыр зэрыщІэддзэн щапхъэхэр итщ. ЦІыхум нэхъыбэ къищІэну хуейуэ щытмэ, «ЕтІуанэу епсэлъэн» жыхуиІэм къыщыхьа упщІэмрэ едзыгъуэмрэ ухутепсэлъыхь хъунущ. ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм ит упщІэхэмрэ едзыгъуэхэмрэ пхъуэж е нэгъуэщІ темэ гуэр къэбгъэсэбэп хъунущ. Псалъэм папщІэ, блэкІа мазэхэм къыдэкІа дызэрылажьэ тхылъым цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэн хъуа упщІэ гуэр итынкІэ хъунущ. Е Библием щыщ едзыгъуэ гуэр абыхэм я гум нэсащ. Е фи щІыпІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм е хъыбарыщІэхэм ахэр тепсэлъыхьыну яфІэфІщ. ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр дэ дапхуэдэу къэдмыгъэсэбэпами, псом нэхърэ нэхъапэр хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэн щхьэкІэ ди къарум къихьыр тщІэныращ (1Кр 9:22, 23).