ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэхэм я деж сытым зыщебгъэсэфыну уэ?
Дуней псом щыІэ зэхуэсхэм Иеговэ куэд щІауэ пэжу хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэр хэтщ икІи дэ абыхэм куэдым дыхурагъэсэфынущ. Иеговэ уигу псомкІэ дзыхь хуэпщІыным къикІыр сытми абыхэм фІыуэ ящІэ. Иеговэ и организацэр къызэрекІуэкІам, ахэр зыпэщІэхуа гугъуехьхэм икІи а гугъуехьхэм пэлъэщыну Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам теухуауэ дэ абыхэм деупщІ хъунущ. Унагъуэм зэгъусэу Библиер щыдджым деж дэ ахэр къедгъэблагъэу я гъащІэм теухуауэ жедгъэІэж хъунущ.
Уэ езыр Алыхьым куэд щІауэ ухуэлажьэу щытмэ, уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІыну Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъуам теухуауэ къуэш, шыпхъу нэхъ щІалэхэм яжеІэж. Екъубрэ Исуфрэ Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуу щытам теухуауэ я быным жраІэт (ЩІэдз 48:21, 22; 50:24, 25). Зэман дэкІри Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьхэм къалэн ящищІащ и Іуэху телъыджэхэм теухуауэ я бынхэм жраІэжын хуейуэ (Вт 4:9, 10; Пс 78:4—7). Ноби адэ-анэхэмрэ зэхуэсым щыщхэмрэ я нэкІэ ялъэгъуа Иеговэ и организацэм иІэ ехъулІэныгъэхэм теухуауэ щІэблэ къыдэкІуэтейм жраІэж хъунущ.
«ДИ ЛЭЖЬЫГЪЭР ЩЫЗЭХУАЩІА ЗЭМАНЫМ ДИ ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭР ДОХЪУМЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм Австрием щыІэ филиалыр дауэ зэрадэІэпыкъуу щытар?
А къэралхэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ сыт ящІэу щытар?
Румынием щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэу 5 000-м нэблагъэр Иеговэ и организацэм къыщІыгуэкІар сыт икІи иужькІэ ахэр дауэ организацэм зэрыгухьэжар?
Мы видеороликым уи фІэщхъуныгъэр дауэ нэхъ быдэ зэрищІар?
Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэм уэ куэдым ухурагъэсэфынущ!