АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЩІЭДЗАПІЭ 48—50
Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм жаІэжхэм куэдым дыхурагъэсэфынущ
Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъу куэдым мы иужьрей махуэхэм Иеговэ игъэзащІэ Іуэху телъыджэ куэд ялъэгъуащ. Абыхэм жаІэжхэм Алыхьымрэ абы дыкъызэригъэгугъэмрэ теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ (Пс 71:17, 18). Уэ уи зэхуэсым зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр хэту щытмэ, мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм теухуауэ еупщІ:
ХъыбарыфІ гъэІуным пыщІа гугъуехьхэм ахэр пэлъэщыну Иеговэ дауэ къадэІэпыкъуа?
Ахэр Иеговэ зэрыхуэлажьэ лъандэрэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуам сыт хуэдэ гурыщІэхэр къаритрэ?
Библием ит пэжыр къызэрыдгурыІуэм теухуауэ зызыхъуэжахэм щыщу сыт хуэдэм ахэр нэхъыбэу игъэгуфІа?
Иеговэ и организацэм къыхыхьа сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ялъэгъуа?