АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЩІЭДЗАПІЭ 20, 21
Иеговэ сыт щыгъуи и псалъэр егъэзащІэ
Ибрэхьимрэ Сарэрэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэраІам щхьэкІэ Иеговэ абыхэм къуэ яритащ. Зэман дэкІауэ а тІум я фІэщхъуныгъэр гъэунэхуа щыхъуам щыгъуэ ахэр жыІэдаІуэу зэрыщытыр икІи Иеговэ дзыхь зэрыхуащІыр ягъэлъэгъуащ.
ГъэунэхуапІэ сыщихуэм деж къэкІуэну зэманым теухуауэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псалъэхэм дзыхь зэрыхуэсщІыр дауэ къызэрызгъэлъэгъуэфынур? Си фІэщхъуныгъэр дауэ нэхъ быдэ зэрысщІынур?