АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОКАЛИПСИС 7—9
«Пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІейм» Иеговэ и нэфІ ящохуэ
7:9, 14—17
«Пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІейм» Иеговэ и нэфІ щІащыхуэр сыт?
Ахэр «Тхьэм и тахътэм и пащхьэм итщ», нэгъуэщІу жыпІэмэ Иеговэ и тепщэныгъэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи даІыгъщ.
Абыхэм «джанэ кІыхь хужьхэр ящыгъщ», нэгъуэщІу жыпІэмэ абыхэм Хьисэ и къурмэныпхъэр я фІэщ зэрыхъум къыхэкІкІэ ахэр къабзэу икІи цІыху пэжу Иеговэ къелъытэ.
Абыхэм «жэщи махуи... Тхьэр ягъэлъапІэ», нэгъуэщІу жыпІэмэ пэжагъ ягъэлъагъуэу икІи псэемыблэжу Иеговэ хуолажьэ.
«Пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІейм» ящыщ зы сыхъун щхьэкІэ сыт сэ сщІэн хуейр?