ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ дэ дызыхуэныкъуэр сытми ещІэ
ЗэхэщІыкІ зиІэ узыщыгугъ хъун унэІутым «шхын и чэзум» къызэрыдитым къегъэлъагъуэ ар зи лъабжьэ щІэт Иеговэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэр сытми фІыуэ зэрищІэр (Мт 24:45). Абы щыхьэт тохъуэ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ зэІущІэмрэ ди региональнэ конгрессхэмрэ.
«ОТЧЕТ УЧЕБНОГО КОМИТЕТА (2017 ГОД)» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди конгрессхэр игъуэу зэрекІуэкІым щхьэкІэ псом япэ хэт фІыщІэ зыхуэтщІын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
Конгрессыр ягъэхьэзырын щыщІадзэр дапщэщ?
Конгрессым зи гугъу ящІыну темэхэр дауэ къызэрыхахыр?
Конгресс гъэхьэзырыным сыт хыхьэр?
Библие джыным теухуауэ Галаадым къыщагъэсэбэп бгъэдыхьэкІэр дызэрылажьэ тхылъым и программэр щагъэхьэзырым деж дауэ къызэрагъэсэбэпыр?
Дызэрылажьэ тхылъыр щагъэхьэзырым деж комитетхэмрэ отделхэмрэ дапхуэдэу зэрызэдэлажьэр?
Иеговэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ къыдитхэм уэ дауэ узэрыхущытыр?