ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb19 Ноябрь н. 5
  • «Фэ влэжь Іуэхухэр сощІэ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Фэ влэжь Іуэхухэр сощІэ»
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
  • Мыбы ещхь материал
  • Зэхуэсыр зэрызэгъэпэща щІыкІэр
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
    Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
mwb19 Ноябрь н. 5

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОКАЛИПСИС 1—3

«Фэ влэжь Іуэхухэр сощІэ»

1:20; 2:1, 2

  • «Вагъуиблыр» – уафэм кІуэну гугъэ зиІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэращ, нэхъ убгъуауэ жыпІэмэ, вагъуиблым зэхуэсым и нэхъыжь псори хеубыдэ.

  • «[Хьисэ] и Іэ ижьымкІэ». «Вагъуэхэр» Хьисэ и лъабжьэм щІэтщ икІи абы ахэр еунэтІ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм щыщ къуэш гуэр чэнджэщ хуэныкъуэмэ, Хьисэ абы гу лъитэнущ икІи а къуэшым чэнджэщ иритынущ, абы ар игъуэу къыщилъытэ зэманым икІи тэмэму къызэрилъытэ щІыкІэкІэ.

  • «Дыщэм къыхэщІыкІа уэздыгъэ тегъэувапІиблыр» — зэхуэсхэращ. Алыхьым и шэтырым щІэт уэздыгъэм абы и кІуэцІыр зэригъэнэхуу щытам хуэдэу, зэхуэсхэми Алыхьым къыбгъэдэкІ пэжым и нэхур цІыхухэм ирагъэлъагъу (Мт 5:14). Хьисэ «дыщэм къыхэщІыкІа уэздыгъэ тегъэувапІиблым яхэту къекІухь» жиІэм къикІыр ар зэхуэсхэм ирахьэкІ лэжьыгъэм зэрыкІэлъыплъыращ.

Иуан илъэгъуар уэ дауэ къызэрыбдэІэпыкъуфынур къыкІэлъыкІуэ Іуэхугъуэхэм деж?

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ къыщыуатым деж.

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІа унафэм захуагъэ хэмылъу къыпщыхъумэ е абы къыщекІуэкІ Іуэхугъуэхэр къемызэгъыу плъытэмэ.

  • Библием ит пэжымкІэ нэгъуэщІхэм уадэгуэшэну Іэмал уиІэ щыхъум деж.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын