ДИ ГЪАЩІЭР
Илъэс къэс екІуэкІ ди конгрессхэм Іэмал къыдат лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэну
Илъэс къэс екІуэкІ ди региональнэ конгрессхэр сыт апхуэдизу фІыуэ щІэтлъагъур? Пасэрей зэманым израилым илъэс къэс ягъэлъапІэу щыта махуэшхуэхэм хуэдэу нобэ ди конгрессхэм Іэмал къыдат щэ бжыгъэкІэ, уеблэмэ мин бжыгъэкІи, дызэхуэсу ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ дгъэлъэпІэну. Дэ Иеговэ берычэту Іэнэ тхуеухуэ. Абы нэмыщІ дэ хуабжьу ди фІэфІщ апхуэдэ конгрессхэм ди ныбжьэгъухэр, ди благъэхэр щытлъэгъуну. Абы къыхэкІкІэ апхуэдэ конгрессхэм и зы махуи блэдгъэкІыну дыхуейкъым.
Дэ дыщызэхуэскІэ ди щхьэ закъуэ демыгупсысу нэгъуэщІхэми лъагъуныгъэ хэлъу дазэрыхущытынум дегупсысын хуейщ (Гл 6:10; Евр 10:24, 25). Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм бжэ къахуІутхмэ икІи дызыхуей тІысыпІэхэм нэхърэ нэхъыбэ къэдмыубыдмэ, дэ къэдгъэлъэгъуэнущ нэгъуэщІхэм дызэрегупсысыр (Фп 2:3, 4). Ди конгрессхэм ныбжьэгъу къыщыдгъуэтыфынущ. Абы къыхэкІкІэ дэ дыхущІэкъу хъунущ ди къуэш е ди шыпхъу гуэр зэдгъэцІыхуну. Псалъэм папщІэ, ахэр зэдгъэцІыху хъунущ программэр щІимыдзэ щІыкІэ, иуха иужь е шэджагъуашхэм деж (2Кр 6:13). Апхуэдэу уэ игъащІэ псокІэ уиІэну ныбжьэгъу къэбгъуэтыфынущ. Ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм Иеговэ хуэмылажьэхэр хуигъэушынкІэ хъунущ абы и лъэпкъым щыщ хъуну (Ин 13:35).
«МЕЖДУНАРОДНЫЕ КОНГРЕССЫ „ЛЮБОВЬ НИКОГДА НЕ ПРОХОДИТ“» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
2019 гъэм екІуэкІа международнэ конгрессхэм екІуэлІахэм ди къуэш, ди шыпхъухэм я лъагъуныгъэр дапхуэдэу хуагъэлъэгъуа?
Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ телъыджэу жыпІэ щІэхъунур сыт?
УнафэщІ гупым хэт къуэшхэм лъагъуныгъэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэхэм гу лъата?
Ди конгрессхэм лъагъуныгъэ уэ дауэ зэрыщыбгъэлъэгъуэфынур?
Германиемрэ Ипщэ Кореемрэ щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм я зэкъуэтыныгъэр дауэ нэхъ быдэ ищІа?
Сыт хуэдэ мурад быдэ диІэн хуей?