АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 1 ПЕТР 3—5
«ЩыІэ псоми я кІэухыр къэблэгъащ»
Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуну зэманыр къэсыпащ. Иджыпстуи къэкІуэну зэманми Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
Сыт щыгъуи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ. Алыхьыр зэрыбгъэлъапІэ, фІыщІэ зэрыхуэпщІ икІи лъэІу гуащІэкІэ зыщыхуэбгъазэ тхьэлъэІухэр зэрыщыІэр зыщомыгъэгъупщэ.
Ди къуэш, ди шыпхъухэм нэхъ гъунэгъуж узэрыхуэхъуным и ужь ит.
Гуапагъэрэ хьэщІагъэрэ зыхэгъэлъ.
ЗЭУПЩІЫЖ: «Ди къуэш, ди шыпхъу ди щІыпІэм щыпсэухэми хамэ къэрал къикІахэми сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж сэ лъагъуныгъэ щезгъэлъэгъуфынур икІи хьэщІагъэ щесхыфынур?»