ДИ ГЪАЩІЭР
Абыхэм я щапхъэм сытым ухуригъэсэфыну?
Зэхуэсым и нэхъыжьу е и дэІэпыкъуэгъуу узэрылажьэрэ куэд щІа хьэмэрэ а лэжьыгъэр щІэбдзагъащІэу ара? Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм ямыІэ ІэщІагъэ е щІэныгъэ гуэр уэ уиІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу щыт пэтми уэ абыхэм куэдым ухурагъэсэфынущ. А къуэшхэм нэмыщІ япэм зэхуэсым и нэхъыжьу е и дэІэпыкъуэгъуу щыта, ауэ узыншагъэ зэрамыІэжым е я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам щхьэкІэ е я унагъуэ Іуэхум къыхэкІкІэ а лэжьыгъэр къэзыгъэна къуэшхэми куэдым ухурагъэсэфынущ.
«ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬЫГЪЭМ ФІЫУЭ ХЭЗЫЩІЫКІХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
1. Ди къуэш Ричардз дауэ къигъэлъэгъуа ди къуэш Белло пщІэ зэрыхуищІыр?
2. Бен сыт къыщыгъупщар икІи сыт абы и щхьэусыгъуэр?
3. Елисей и щапхъэм и фІыгъэкІэ Бен сыт къыгурыІуар?
4. Ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ и лэжьыгъэм фІыуэ хэзыщІыкІхэм пщІэ зэрыхуащІыр дауэ къагъэлъэгъуэфыну икІи абыхэм я деж дауэ зыщагъэсэфыну?