АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 1 ТИМОФЕЙ 1—3
ІуэхуфІым хущІэкъу
Къуэшхэр пщІэшхуэ зыпылъ къалэнхэм хущІэкъуну я щІалэгъуэр псом нэхърэ нэхъ зэманыфІщ. А зэманым абыхэм ІэмалыфІ яІэщ нэхъыжь хъухукІэ куэдым зыхурагъэсэну икІи я гъащІэмкІэ къагъэлъэгъуэну зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу лэжьэну зэрахуэфащэр (1Тм 3:10). Зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэм къуэшыр дауэ зэрыхущІэкъуфынур? Абы мыпхуэдэ хьэл-щэнхэр зыхилъхьэн икІи игъэлъэгъуэн хуейщ:
псэемыблэжу щытын хуейщ (km-U 7/13 2, абз. 2)
Иеговэ и Іуэху еплъыкІэр зэрызригъэгъуэтар наІуэу щытын хуейщ (km-U 7/13 3, абз. 3)
дзыхь зыхуэпщІ хъун икІи пэжагъ зыхэлъ цІыхуу щытын хуейщ (km-U 7/13 3, абз. 4)