ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb19 Февраль н. 8
  • Теубыдагъэ уиІэу пэплъэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Теубыдагъэ уиІэу пэплъэ
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
  • Мыбы ещхь материал
  • Фи тыгъэр зыми зыІэщІевмыгъэх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • ГъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну Иеговэ къыддоІэпыкъу
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Гугъуехь дыщиІэм деж гуфІэгъуэ дауэ зэрызыфІэдмыгъэкІуэдынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
mwb19 Февраль н. 8

ДИ ГЪАЩІЭР

Теубыдагъэ уиІэу пэплъэ

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къэсыным куэд щІауэ уежьэрэ? Уэ уи гъащІэм гугъуехь куэд ущрихьэлІэу къыщІэкІынущ икІи абы къыхэкІкІэ теубыдагъэ пхэлъын хуейщ (Рм 8:25, ДЩІ). Языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр щалъагъу мыхъуи, лей къыщытрагъэхьи, тутнакъхэм щырадзи икІи я гъащІэр яфІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІи къохъу. Абы нэмыщІ куэдым уз гъэтІылъа зэраІэм е я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІыу гугъуехь яшэч.

Ди гугъуехьхэм емылъытауэ гуфІэгъуэ диІэу дунеищІэм дыпэплъэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур? Дэ махуэ къэс Библием деджэн икІи дызэджам куууэ дегупсысын хуейщ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ. Ди гугъапІэр сыт щыгъуи ди гум идгъэлъын хуейщ (2Кр 4:16—18; Евр 12:2). Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэным икІи и къару лъапІэр къыдитыну делъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Лк 11:10, 13; Евр 5:7). Ди Адэ лъапІэ Иеговэ къару къыдитынущ гуфІэгъуэ диІэу, шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэну икІи и кІэм нэс хуэпэжу дыкъэнэну (Кл 1:11; Екъуб 1:2, 3).

«ДЭ „ТЕУБЫДАГЪЭ ДИІЭУ“ ДЫЖЭН ХУЕЙЩ. ФИ ТЫГЪЭР КЪЫЗЭРЫФЛЪЫСЫНЫМ ШЭЧ КЪЫТЕВМЫХЬЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Дэ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэр къэхъуу, абы ди гъащІэр дауэ ихъуэжыфыну? (Эк 9:11)

  • Гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж тхьэлъэІур дауэ къыддэІэпыкъурэ?

  • Япэм тхуэщІэу щытам хуэдиз Иеговэ хуэдмыщІэжыфу щытмэ, ди гумрэ ди акъылымрэ иджыпсту тхузэфІэкІым тедухуэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

  • Къытпэщылъ фІыгъуэхэр уи гум игъэлъ

    Уи тыгъэр къызэрыплъысыным шэч къытомыхьэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

Гугъуехь пэщІэхуэхэмрэ абыхэм я унагъуэм щыщхэмрэ дауэ уадэІэпыкъуфыну?

  • Псалъэ гуапэхэр яжеІэ икІи нэгъуэщІхэм йомыгъапщэ

  • ЩыпсалъэкІэ жаІэм фІыуэ едаІуэ

  • Абыхэм щхьэкІэ Иеговэ елъэІу икІи абыхэм я гъусэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ

  • Зыгуэр яхуэпщэфІ е зы Іуэху гуэркІэ ядэІэпыкъу

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын