ЩэкІуэгъуэм и 26 — Дыгъэгъазэм и 2
АПОСТОЛХЭМ 6—8
124-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«ЗэхуэсыщІэр гъэунэхуапІэхэм пэщІохуэ» (дакъ. 10)
Апост 6:1. АлыджыбзэкІэ псалъэ фызабэхэм зэхуэсым лей къащытехьэу щытауэ къыщІэкІынущ (bt-U 41, абз. 17)
Апост 6:2—7. А гугъуехьым зэрыпэлъэщын Іэмал апостолхэм къагъуэтащ (bt-U 41, абз. 18)
Апост 7:58—8:1. ЗэхуэсыщІэр Іейуэ гугъу ирагъэхьу щІадзащ
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Апост 6:15. Стефан «и нэкІур мелыІыч нэкІум хуэдэт» жиІэм къикІыр сыт? (bt-U 45, абз. 2)
Апост 8:26—30. Ди зэманым хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумрэ Филипп хъыбарыфІыр зэригъэІуамрэ сыткІэ зэщхь? (bt-U 58, абз. 16).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Апост 6:1—15
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Ещанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит зы щапхъэ къэгъэсэбэп.
ЕплІанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): уэ езым едзыгъуэрэ Библием зэредгъаджэ япэ тхылъым щыщ пычыгъуэрэ къыхэх.
Библием егъэджэн (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): lvs н. 38, абз. 16, 17.
ДИ ГЪАЩІЭР
«Акилэрэ Прискиллэрэ хьэлэлу икІи псэемыблэжу зэрыщытын хуейм теухуауэ щапхъэфІ къытхуагъэнащ» (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. 1996 гъэм, дыгъэгъазэм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и н. 23, абз. 1 — н. 24, абз. 3 ит материалыр зэпкърых. Зэхуэсыр зыхуэныкъуэм теухуауэ мы материалыр упщІэхэмкІэ зэпкърых. И кІэм деж зэІущІэхэр зи унэхэм щезыгъэкІуэкІ ди къуэш, ди шыпхъухэм уи гум къыбгъэдэкІыу ящытхъу.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): lvs Приложение 13—15, «Библием ит принципхэр» жыхуиІэ рамкэр
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
67-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ