АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОСТОЛХЭМ 6—8
ЗэхуэсыщІэр гъэунэхуапІэхэм пэщІохуэ
Псым зыщІагъэуа нэужь Ерусалим зыщызыІэжьа алыджыбзэкІэ псалъэ фызабэхэр нэфІ-ней зехьэным пэщІэхуащ. А цІыхубзхэр зыпэщІэхуа Іуэхугъуэм игъэлъэпэрэпа хьэмэрэ абыхэм шыІэныгъэ яхэлъу, а Іуэхум Иеговэ къыхэІэбэху пэплъа?
Стефан мывэкІэ яукІа нэужь Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр икъукІэ гугъу ирагъэхьу щІадзащ икІи абы къыхэкІкІэ Ерусалим щыщхэр я къалэм къыдэкІри, Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкІащ. А гугъуехьхэм къыхэкІкІэ абыхэм хъыбарыфІ гъэІуныр нэхъ мащІэ ящІа?
Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ зэхуэсыщІэр а гугъуехьхэм пэлъэщащ икІи абыхэм я бжыгъэр хэхъуащ (Апост 6:7; 8:4).
ЗЭУПЩІЫЖ: «ГъэунэхуапІэхэм дапхуэдэу сэ сызэрыпэлъэщыр?»