ДИ ГЪАЩІЭР
Ди унагъуэм щыщхэм хъыбарыфІымкІэ дазэрыдэгуашэ хъунур
Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр Индрис къыщищІам щыгъуэ, а хъыбарыфІымкІэ и къуэш Симон дэгуэшащ (Ин 1:40—42). Ди унагъуэм щыщ гуэрхэми Симон хуэдэу хъыбарыфІыр яфІэфІу занщІэу къащтэнкІэ хъунущ. Адрейхэм ар занщІэу къамыщтэн е ягу иримыхьыххэнкІэ хъунущ. Абы щхьэкІэ ди гугъэр хэтхыжын икІи абыхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ фІыгъуэр яхуэмыфащэу къэтлъытэн хуей? Хьэуэ, хуейкъым!
«КАК ПРОПОВЕДОВАТЬ РОДСТВЕННИКАМ» (km-U 12/04 8) ЖЫХУИІЭ СТАТЬЯР ЗЭПКЪРЫХ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭР КЪЭБГЪЭСЭБЭПУ:
Ди унагъуэм щыщхэм хъыбарыфІымкІэ дащыдэгуашэм деж набдзэгубдзаплъэу дыщІыщытын хуейр сыт? (1Пт 3:15)
Ди унагъуэм щыщхэм хъыбарыфІыр гъэщІэгъуэн ящытщІын щхьэкІэ абыхэм дазэрегупсысыр дауэ къыддэІэпыкъуну? (1Кр 3:6). Ар къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэ щапхъэу къэхь.
Ди унагъуэм щыщхэм гулъытэ къызэрытхуащІыр къэдгъэсэбэпу хъыбарыфІымкІэ дауэ дадэгуэша хъуну?
Ди унагъуэм щыщхэм хъыбарыфІымкІэ дащыдэгуашэм деж сыт тщІэн хуэмейр? (1Пт 3:1, 2). (Зыгуэрым щапхъэфІ зэригъэлъэгъуам и фІыщІэкІэ и щхьэгъусэм пэжыр къызэрищтам и щапхъэ къэхь.)
ХъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну ди унагъуэм щыщхэр хуэмейуэ щытмэ, сыт дэ тщІэн хуейр? (1Пт 2:12)