АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИУАН 5, 6
Хьисэ и лъэужь урикІуэну ухуэзыгъэушыр сыт?
Хьисэ и гъэсэнхэм къагурымыІуа щапхъэ къащыхуихьам щыгъуэ абыхэм ящыщ куэдыр къэгубжьащ. Абы ипэ махуэм Хьисэ ахэр телъыджэ щІыкІэкІэ игъашхэу, Алыхьым кърита къарур яригъэлъэгъуа пэтми, абыхэм Хьисэ и лъэужь итын щагъэтащ. А Іуэхум ахэр щІигъэлъэпэрэпар сыту пІэрэ? Ахэр Хьисэ щІедэІуам и щхьэусыгъуэр я фейдэ къалъыхъуэу, щхьэхуещагъэм къыхэкІыу щытауэ къыщІэкІынут.
Дэтхэнэ зыри дызэупщІыж хъунущ: «Сыт сэ Хьисэ и ужь сыщІитыр? Абы иджыпсту си гъащІэр нэхъыфІ зэрищІымрэ къэкІуэну зэманым къыпэкІуэну фІыгъуэмрэ щхьэкІэ? Хьэмэрэ сэ Иеговэ хузиІэ лъагъуныгъэм къыхэкІыу ар згъэгуфІэну сызэрыхуейр ара?»
Псом нэхъапэ мы къыкІэлъыкІуэ щхьэусыгъуэхэм къыхэкІкІэ Иеговэ дыхуэлажьэу щытмэ, сыт ди фІэщхъуныгъэр щІытфІэкІуэдынкІэ хъунур?
Иеговэ и лъэпкъым дыхэтыну ди фІэфІщ
Жэнэтым дыщыпсэуну дыхуейщ