АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАТТЭ 18, 19
Зыми уигъэлъэпэрэпэну хуит умыщІ, уэри зыри умыгъэлъэпэрапэ
Хьисэ щапхъэхэр къигъэсэбэпурэ къыдгуригъэІуащ дэ дылъэпэрэпэным икІи адрейхэр дгъэлъэпэрэпэным шынагъуэ зэрыхэлъыр.
Маттэ 18:7 ит «цІыхухэм гуэныхь ящІэну дезыгъэхьэх Іуэху» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм къокІ цІыхур гъуэгу пэжым къытекІыну, лъэпэрэпэну, гуэныхь ищІэну хуэзыгъэуш Іуэхугъуэ гуэр.
Зыгуэрым гуэныхь ищІэну дезыгъэхьэх цІыхум и пщэм щхьэл мывэ кІэращІэу, хым и кууупІэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкІэ нэхъыфІт.
Щхьэл мывэ
Хьисэ жиІащ лъапІэу уиІэ гуэр зыфІэбгъэкІуэдым зэрынэхъыфІыр, псалъэм папщІэ уи Іэр е уи нэр, абы уигъэлъэпэрапэ нэхърэ.
ЛъапІэ гуэр зыфІэбгъэкІуэду Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм укІуэм нэхъыфІщ, ар пхъумэу мыункІыфІыжын мафІэм ухадзэу, уи гъащІэр пфІэкІуэд нэхърэ.
Сыт сэ сызыгъэлъэпэрэпэфынур? Сыт сэ сщІэ хъуныр зыми симыгъэлъэпэрэпэн икІи сэри зыри сымыгъэлъэпэрэпэн щхьэкІэ?