АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛУКА 10, 11
Самарие хэкум щыщ гущІэгъу зыхэлъа лІым теухуа ущие хъыбарыр
Торэт егъэджакІуэ пашэ гуэр «Хэт сэ си гъунэгъур?» жиІэу Хьисэ щеупщІам, абы мы ущие хъыбарыр жриІэжащ (Лк 10:25—29). Хьисэ ищІэт и лъэужь ирикІуэну цІыхухэр, самарие хэкум щыщхэри абыхэм яхэту, лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІауэ зэрыщытынур (Ин 12:32). Мы ущие хъыбарым къызэригъэлъагъуэмкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм псом хуэмыдэу къаруушхуэ ирахьэлІэн хуейщ, езыхэм емыщхь цІыхухэр фІыуэ ялъагъун щхьэкІэ.
ЗЭУПЩІЫЖ:
«НэгъуэщІ лъэпкъхэм къыхэкІа ди къуэш, ди шыпхъухэм сэ дауэ сахущыт?»
«Сэ нэхъыбэу псэлъэгъу сщІыр зыгуэркІэ сэщхьхэра?»
«НэгъуэщІ лъэпкъхэм къыхэкІа ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу зэзгъэцІыхун щхьэкІэ си гур яхузэІусхыфыну пІэрэ?» (2Кр 6:13)
Сэ къезгъэблэгъэну сыхуейщ
зэгъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуну
си унэм шэджагъуашхэ щытщІыну
си унагъуэм Библиер щыдджкІэ ди гъусэну