АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛУКА 19, 20
МинэкІэ зэджэ ахъшэхэм теухуа ущие хъыбарым хэт дерсхэр
Мы ущие хъыбарым сыт къикІыр?
Пщыр — ар Хьисэщ
УнэІутхэр — ар уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэращ
Пщым и унэІутхэм дзыхь яхуищІа ахъшэхэм къагъэлъагъуэр абыхэм гъэсэнхэр ягъэхьэзырыну пщІэшхуэ зыпылъ къалэн я пщэм зэрыдилъхьаращ
Хьисэ мы ущие хъыбарыр щІыжиІар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр а унэІут бзаджэм ещхь хъууэ щытмэ, къащыщІынур ящІэн щхьэкІэщ. Хьисэ и лъэужь итхэм ящогугъ абыхэм гъэсэнхэр ягъэхьэзырын щхьэкІэ, я къарури я мылъкури Іэмал зэриІэкІэ нэхъыфІу къагъэсэбэпыну.
Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм Хьисэ и гъэсэнхэр псэемыблэжу ягъэхьэзыр. Дауэ сэ абыхэм щапхъэ зэрытесхыфынур?