Бадзэуэгъуэм и 16—22
ЛУКА 10, 11
100 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Самарие хэкум щыщ гущІэгъу зыхэлъа лІым теухуа ущие хъыбарыр» (дакъ. 10)
Лк 10:29—32. ХъунщІакІуэхэм яубэрэжьа цІыхухъум дин пашэри левитри дэІэпыкъуакъым, ар я лъэпкъэгъуу щыта пэтми (w02-U 1/9 16, абз. 14, 15). [Видеороликыр гъэлъагъуэ (nwtsty-U медиаматериал к Луки 10:30).]
Лк 10:33—35. Самарие хэкум щыщ лІыр хъунщІакІуэхэм яІэщІэхуа цІыхухъум лъагъуныгъэ хэлъу дэІэпыкъуащ (nwtsty-U комментарии к Лк 10:33, 34)
Лк 10:36, 37. Дэ цІыху псоми лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытын хуейщ, ахэр къызыхэкІа лъэпкъым, я теплъэм икІи яІыгъ увыпІэм емылъытауэ (w98-U 1/7 31, абз. 2)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Лк 10:18. «ШейтІаныр уафэхъуэпскІым хуэдэу уафэм къехуэхыу слъэгъуащ» жиІэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыху блыщІым щажриІам сыт абы къригъэкІар? (nwtsty-U комментарий; w08-U 15/3 32, абз. 1)
Лк 11:5—9. Ди тхьэлъэІухэм теухуауэ сытым дыхуигъасэрэ ерыщу и гъунэгъум елъэІуа цІыхухъум теухуа ущие хъыбарым? (nwtsty-U комментарии)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Лк 10:1—16
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит зы щапхъэ къэгъэсэбэп. Ущызэпаудым деж адэкІэ уи псалъэм зэрыпыпщэ хъуныр гъэлъагъуэ.
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит зы щапхъэ къэгъэсэбэп. ЦІыхум пщыхьэщхьэшхэ зэрищІыр къыбжеІэ.
Ещанэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 5): видеороликыр гъэлъагъуи зэпкърых.
ДИ ГЪАЩІЭР
«Нейтралитетыр пхъумэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?» (дакъ. 15). «Почему так важно сохранять нейтралитет?» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуи зэпкърых.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): ypq пс. 3
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
146-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ